МУСЛЪЫМЭНХЭМ я Духовнэ Управленэм и илъэс лэжьыгъэр КъЧР-м и муфтий Эркенов хьэжы Мухьэммэд къыщызэщIикъуэж, соборнэ мэжджыт нэхъыщхьэм и хэщIапIэм нэчыхь здыщатх пэш къыщызэIухыным ехьэлIа зэIущIэ дыгъэгъазэм и 20-м КъЧР-м и ДУМ-м щекIуэкIащ. Абы къекIуэлIащ КъЧР-м и Iэтащхьэмрэ и Правительствэмрэ я УнафэщIым и япэ къуэдзэ Хубиев Марат, КъЧР-м лъэпкъ IуэхухэмкIэ, цIыхубэ зэпыщIэныгъэхэмрэ печатымрэкIэ и министр Есенеев Мурат, УФ-м и Президентым къэралкIуэцI политикэмкIэ и Управленэм динырылажьэ организацэхэм ядэлэжьэнымкIэ Департаментым и унафэщIым и къуэдзэ Файзуллин Алмаз, ислъам щэнхабзэм, щIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмрэ защIэгъэкъуэнымкIэ Фондым и унафэщI Грязнов Михаил, республикэм и хабзэкъэгъэщI, зыгъэзащIэ власть къулыкъухэм я лIыкIуэхэр, динырылажьэхэр, жылагъуэ организацэхэм я тхьэмадэхэр.
КъЧР-м и ДУМ-м и тхьэмадэ Эркенов хьэжы Мухьэммэд хъыбар гуапэкIэ иригъэжьащ и къэпсэлъэныгъэр. — Метр зэбгъузэнатIи 100 хъууэ щыта, нобэрей ди зэIущIэр здекIуэкI пэшыр хьэпшып щIэлъыпIэу щытащ. Муслъымэн нэчыхь зытхыну мэжджытым къытхуеблагъэхэр, а хуэIухуэщIэр здызэфIэдгъэкIыну пэш хэха зэрыдимыIэр къыхэтлъытэри, мы щIыпIэм зэгъэзэхуэжыныгъэ лэжьыгъэшхуэ етщIылIэри, иджырей зэманым сыткIи тегъэпсыхьауэ къызэIутхащи, ар дызэрывдэгуэшэн хуей хъыбар гуфIэгъуэу долъытэ.
Апхуэдэ IуэхуфIым и фIыгъэкIэ, иджы мы пэшым зэ къыщIыхьэгъуэу цIыху 60 тынш дыдэу щIэтыфынущ, — къыхигъэщащ КъЧР-м и муфтийм. Илъэсым къриубыдэу ДУМ-м илэжьа, игуэщIа Iуэхухэм муфтийр къытеувыIащ икIи гу лъитащ зы Iэрагъэхьа ехъулIэныгъэхэмрэ жэрдэмхэмрэ, ислъам щэнхабзэм зиужьыным, республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я псэкупсэ лъапIагъэхэр гъэбыдэным халъхьа къарум и гугъу ищIащ. ДяпэкIи зыхуагъэувыжа къалэнхэмрэ пщэрылъхэмрэ ефIэкIуэныгъэ хэлъу зэрагъэзэщIэнур къыхигъэщащ.
Абы къыдэкIуэу, зэIущIэм къыщыпсэлъахэми щхьэихауэ къыхагъэщащ Къэрэшей-Черкес Республикэм щыпсэу лъэпкъхэм яхуэгъэзауэ ДУМ-м илэжь Iуэхухэм къызэрымыкIуэу мыхьэнэшхуэ зэраIэр. «Илъэсым къриубыдэу дэ нэрылъагъу тщыхъуащ ДУМ-м и жэрдэмкIэ фIагъ лъагэ зыхэлъу къызэгъэпэща хъуа, ирагъэкIуэкIа зэIущIэхэр, хэкупсагъэ и лъэныкъуэкIэ гъэпсауэ щыта хэр, псом хуэмыдэу, щIалэгъуалэм псэкупсэ гъэсэныгъэ ябгъэдэлъхьэным, тхыдэ фэеплъхэр хъумэным, щIэпхъаджагъэхэр къэмыгъэхъуным хуэунэтIахэр. КъЧР-и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид и дэIэпыкъуныгъэ ин хэлъу, езы дыдэри жыджэру хэлэжьыхькIэрэ, ди хэгъуэгум щагъэзащIэ фIагъ зыхэлъ къулыкъупсо, зыгъэзащIэ, хабзэкъэгъэщI, СМИ-хэм, дин, лъэпкъ организацэхэм я зэдэлэжьэныгъэхэр. Сыхуейщ си щхьэкIэ дэтхэнэми сывэхъуэхъуну узыншагъэ быдэкIэ, зэIузэпэщыныгъэкIэ, дяпэгъэ – УФ-м и Президент Путин Владимир — Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и Илъэсу игъэувам — купщIэ хэлъу дызэдэлэжьэну!» — зэIущIэм хэтахэм захуигъэзащ Есенеев Мурат.
Мы махуэм нэгъуэщI зы IуэхугъуэфIи зэфIахащ. АтIэ, ДУМ-м и хэщIапIэм зэгурыIуэныгъэ – зэдэлэжьэныгъэм и меморандумым Iэпэ зэдыщIадзащ Абхъаз Республикэм и ДУМ-м, и щхьэкIэ муфтий Дзыбэ хьэжы Тимуррэ, ислъам щэнхабзэм, щIэныгъэмрэ егъэджэныгъэмрэ защIэгъэкъуэнымкIэ Фондым и унафэщI Грязнов Михаилрэ. — Мыпхуэдэ меморандумым Iэпэ зэрыщIадзам сэбэп ин хэлъщ, организацэхэм дяку дэлъ зэпыщIэныгъэр нэхъри зыгъэбыдэщ. КъызэрымыкIуэу си гуапэщ апхуэдэ дэфтэр лъапIэр КъЧР-м и ДУМ-м и хэщIапIэм къызэрыщагъэщIар, — къыхигъэщащ КъЧР-м и муфтийм.
МахуэщI щIыкIэу екIуэ кIа зэIущIэм ипкъ иту щIыхь, фIыщIэ нагъыщэхэр хуагъэфэщащ ДУМ-м и лэжьыгъэр купщIафIэу зыгъэкIуатэхэм. Абыхэм ящыщщ «За заслуги перед Уммой Карачаево-Черкесской Республики» медалыр къызыхуагъэфэща Есенеев Мурат, «За содействие сохранению духовно-нравственных ценностей в КЧР» щхьэщIэдзапIэм щIэт ЩIыхь тхылъкIэ зи цIэр къраIуа, КъЧР-м лъэпкъ IуэхухэмкIэ, цIыхубэ зэпыщIэныгъэхэмрэ печатымрэкIэ Министерствэм жылагъуэ — политическэ щытыкIэхэр щIэплъыкIынымкIэ, къэпщытэнымкIэ къудамэм и унафэщI Карасов Iэсхьэд сымэ, къинэмыщIауэ, районхэм я динырылажьэхэр, жылагъуэ Iуэхузехьэхэр.
АБИДОКЪУЭ Люсанэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.