ПсэкIэ щыегъэджакIуэкIэ

ЩыIэщ ди гъащIэ псом и кIыхьагъкIэ ди гум илъ, тщымыгъупщэ цIыху нэхухэр. Апхуэдэхэм ящыщ хъу хабзэщ ди япэ егъэджакIуэр — щIэныгъэм, уеблэмэ дунеищIэм сабийр хэзышэ цIыху къызэрымыкIуэр. ДжэгукIэхэмрэ щIыкIеинымрэ здэтепща пIалъэр щиухкIэ, дэтхэнэ сабийри еджэныр, щIэныгъэр здэнэхъыщхьэ гъащIэ IыхьэщIэм къыщыхутэн къыхудохуэ.

Апщыгъуэм япэрей егъэджакIуэм и гулъытэм, и гу щабагъэм, и губзыгъагъым куэд дыдэ елъытащ: сабийр щIэх лъэхъэнэщIэм зэрыхэзэгъэнур, еджэным лъагъуныгъэ хуищIыныр е хуимыщIыныр, цIыху балигъым и хьэл-щэныр зэрыщытыпхъэр щапхъэ хуэхъунури аращ. Япэрей егъэджакIуэм пыщIа гукъэкIыжхэр цIыхум и гъащIэ псом щыгъупщэкъым, икIи а гукъэкIыжхэр дахэу, IэфIу щытыныр зимыуасэ щыIэкъым. АтIэ, психологие и лъэныкъуэкIэ уеплъмэ, япэрей илъэсхэм сабийм и гум иреубыдэ «сэ схузэфIокI» е «сэ ар схузэфIэкIкъым» фIэщхъуныгъэхэр. НыбжьыщIэ цIыкIум сыт и щхьэм ириубыдэнуми зэлъытар егъэджакIуэм и къыхущытыкIэращ.

ЕгъэджакIуэ нэсым лъокI сабийр щыуагъэм щымышынэу игъэпсыныр, зыгуэр япэу пщIауэ къомыхъулIэным емыкIу зэрыхэмылъыр гуригъэIуэныр. Аращ япэ егъэджакIуэм дэтхэнэ цIыхуми и гум е дыркъуэ къыщIытринэр, е игъафIэ гукъэкIыж IэфIхэр щIихъумэр… ЕгъэджакIуэм и Дунейпсо Махуэр ягъэлъапIэ хабзэщ илъэс къэс жэпуэгъуэм и 5-м. ИкIи а махуэщI дахэм ипкъ иту, ди щIэджыкIакIуэхэр нэIуасэ хуэтщIыну дыхуейщ Черкесск къалэм дэт, зи № 13 гимназием гукIи-псэкIи сабийхэм етауэ, илъэс 30-м щIигъуауэ щезыгъаджэ ЩЭРМЭТ Оксанэ Алий и пхъум.

Мы бзылъхугъэ гуапэм и лэжьыгъэ пIалъэм къриубыдэу пэщIэдзэ классхэр къэзыуха сабий бжыгъэ къыщIигъэкIагъэххэщ. Ауэ итIани, абы и лэжьыгъэр иужэгъуакъым, фIэмыгъэщIэгъуэн хъуакъым, атIэ егъэджэныгъэм нэхъри и псэр хэпщIауэ, нэгъуэщI лэжьыгъи IэнатIи зэрихьэу и нэгу къыщIигъыхьэну хуеиххэкъым… 1977 гъэм шыщхьэIум и 3-м Унэрокъуэхэ я унагъуэм къихъухьа Оксанэ зэрысабий лъандэрэ егъэджакIуэ хъуным щIэхъуэпст. И гуащэхэр къригъэтIысэкIти, алыфбейр яригъащIэт, бжэкIэм хуигъасэт. ИкIи и хъуэпсапIэр зригъэхъулIэн папщIэ, курыт еджапIэр къызэриухыу, Черкесск дэт педучилищэм щIыхьащ. Абдеж пщащэм пэщIэдзэ классхэр егъэджэнымкIэ къудамэр къыхихауэ щытащ. Ар епхауэ къыщIэкIынщ Оксанэ сабийхэр хуабжьу фIыуэ зэрилъагъум. Апхуэдэу, фIыуэ еджэ Оксанэ езыр здыщеджа е 13-нэ курыт еджапIэм практикэ кIуауэ щытащ, икIи училищэм и е 4-нэ курсым щеджэм, сабийхэм яхэзагъэ, щIэныгъэ ябгъэдэзылъхьэф Оксанэ еджапIэм егъэджакIуэу къагъэнэжащ. ИужькIэ и щIэныгъэм, зэхэщIыкIым хигъэхъуэн мурадыр иIэу, абы Карачаевск дэт пединститутри къиухыжащ.

— Пэжщ, япэрей илъэсхэм гугъу сыщехьаи къэхъуащ. Сыту жыпIэмэ, егъэджакIуэм и къалэнхэр сабийхэр егъэджэным къыщынэкъым, атIэ дэфтэр бжыгъэми дыпыщIащ. Ауэ, иджы зыгъэпсэхугъуэ пIалъэми, псом хуэмыдэу гъэмахуэм, лэжьыгъэри, сабийхэри сигу къокI. СфIэфIщ цIыкIухэм щIэныгъэкIэ садэгуэшэну, ахэр щIэныгъэм и дунейм хэсшэну, абыхэм я ехъулIэныгъэхэр слъагъуну. Адэ-анэхэм къытхуашэ сабий цIыкIухэр — ди къэралым и къэкIуэнур зыухуэнухэращ. Ахэр цIыхуфI, цIыху Iей, пэжым и телъхьэ е гунэф хъунуми, дэ — егъэджакIуэхэм куэдкIэ къыдэлъытащ. Ди къалэнхэм къанэмыщIауэ, жэуаплыгъэшхуи тхьыуэ къызолъытэ, — жеIэ Оксанэ.

Мы егъэджакIуэ къызэрымыкIуэм сабийхэм лъагъуныгъэ дахэ зэрахуиIэр дэркIэ шэчыншэщ. АтIэ, ар и лэжьыгъэм щытепсэлъыхькIэ, псэкIэ дэтхэнэ и еджакIуэ цIыкIуми зэрыпыщIар зыхыбощIэ. Псалъэм къыдэкIуэу, Щэрмэт Оксанэ ящыщкъым сабийм къемыхъулIам нэхъыбэ гулъытэ хуэзыщI егъэджакIуэхэм. ЕгъэджакIуэр пылъщ сабийм къехъулIам, ар зэрылъэщ лъэныкъуэхэм езы ныбжьыщIэми, адэанэми гу лъаригъэтэну.

— Ар нэхъыфIу къысщохъу езы сабиймкIэ. ЩыIэщ сабийр, псом хуэмыдэу езанэ классым кIуа цIыкIухэм ящыщу, щыкъуейщIей, дерсым тыншу щыщымысыф. Апхуэдэм деж бэшэчагъ зыхэгъэлъыпхъэщ. КъыбгурыIуэн хуейщ сабий къэс зэрызэмыщхьыр: хэти зы тхьэмахуэм и кIуэцIкIэ еджапIэм къигъэув жыпхъэхэм йозагъэ, хэти мазэ фIехь а Iуэхугъуэм, нэгъуэщIхэри илъэсым икIэм ехъулIэу щесэ щыIэщ. Аращи, адэ-анэр сабийм нобэ ищIахэм щыщIэупщIэкIэ, сыт щыгъуи зэранами жызоIэ, ауэ занщIу гу лъызогъатэ: «Зэранащ, ауэ мыпхуэдэ хьэрфыр щитхым, ар дахэ дыдэу къехъулIащ». Апхуэдэ бгъэдыхьэкIэм езы сабийри еджэным, дерсхэм егугъуным хуеунэтI, адэ-анэхэри сабийм лейуэ хуэмыгубжьыным трешэ. Псори дахэкIэ, гуапэу зэхэбгъэкIмэ, нэхъыфIщ, — къыддогуашэ и лэжьыгъэ IэмалхэмкIэ егъэджакIуэр.

Оксанэ къигъэсэбэп нэгъуэщI психологическэ Iэмалми дыщигъэгъуэзащ. Апхуэдэу, егъэджакIуэм сабийхэр «пропись»-хэм хуригъэджэн щыщIидзэкIэ, япэ щIыкIэ, пIалъэ гуэркIэ ахэр къэрэндащкIэ ярегъэтх.

— АтIэ, къэрэндащыр, щыуэхэмэ, трагъэкIыж зэрыхъур ящIэ. Аращи, ахэр щыуэнкIэ шынэкъым. КъалэмкIэ щыбгъатхэкIэ, зыгуэр къаймыхъулIамэ, гужьей щыIэщ, гущIыхьэ зыхуэхъуи къахокI, зыри къемыхъулIэу зэуэ къэзылъыти яхэтщ. Аращи, щыуагъэр бгъэтэрэзыж хъуну сабийм щицIыхукIэ, психологие и лъэныкъуэкIэ къалэн хуэбгъэувым нэхъ тегушхуэу пэрохьэ. Апхуэдэ бгъэдыхьэкIэм нэхъ щIэх сабийхэр лъагъуэ захуэм трешэ. ИужькIэ, къайхъулIэ щыхъукIэ, къалэмыр я зэфIэкIхэм и нагъыщэу яIэщIызолъхьэ, сакъыщотхъу, — жеIэ Оксанэ.

Къыхэдгъэщыну дыхуейщ, Щэрмэт Оксанэ сабийхэм и унагъуэм щыщхэм хуэдэу зэрахущытыр. Абы къыхегъэщ дэтхэнэри зэрызэмыщхьыр. Хэти IэплIэ, псалъэ гуапэ нэхъ хуэныкъуэщ, хэти гукъыдэж имыIэу еджапIэм къекIуэлIащ. А псоми Оксанэ гу лъетэ икIи лъэкI къигъанэкъым сабийм и гукъыдэжыр къиIэтын, и гур гуфIэу дерсхэм щIэсын папщIэ. КъинэмыщIауэ, егъэджакIуэм къыхегъэщ еджапIэ щIыхьэгъуэм ипэ къихуэу, сабийхэм языныкъуэхэм нэIуасэ захуэпщIмэ зэрынэхъыфIри. АтIэ, апхуэдэм деж сабийм егъэджакIуэр ецIыхуххэри, фокIадэ мазэр къэсу езанэ классым щыщIыхьэкIэ шынэ, гусыс сабийр хэткъым.

— Апхуэдэм деж езы адэ-анэхэращ сабийм сыIущIэным, сепсэлъэным къыщIэлъэIур. АтIэ, щхьэж езым и сабийм и хьэл-щэныр нэхъ ецIыхуж. ИкIи, апхуэдэхэм зэи хьэуэ яжесIэкъым, сабийм и гур зэрыхъукIэ согъэфI, еджапIэм къакIуэмэ, гъэщIэгъуэн куэд къызэрищIэнум, нэжэгужэу дызэрызэхэтынум хузогъэхьэзыр, — жеIэ Оксанэ. М

ы егъэджакIуэ къызэрымыкIуэр зэрылажьэ илъэс бжыгъэхэм къриубыдэу куэдым къацIыхури, абы и классым хэхуэну щIэхъуэпсыр, хуэпабгъэр мащIэкъым. Езы Оксанэщи, зеумысыж, илъэсиплIым къриубыдэу дэтхэнэ сабийри и гум зэрыхэпщIэр. ИкIи еплIанэ классыр къаухыу и еджакIуэ цIыкIухэр щыщIигъэкIкIэ, и гум, и псэм ар къызэрытехьэлъэр. Езы сабийхэращи, ахэр къыпхуэгъэпцIэну?! Абыхэм Оксанэ фIыщэу къалъагъу икIи класс нэхъыжьхэм кIуами, еджапIэр къаухами къызэралъагъуу къыбгъэдолъадэ, IэплIэ кърашэкI, махуэщIхэр дамыгъэхуу йохъуэхъу. Уеблэмэ Оксанэ иригъэджахэм ящыщ куэдым я бын цIыкIухэр иджы я япэ егъэджакIуэм къыхуашэ. Аракъэ егъэджакIуэм и зэфIэкIым, и цIыхугъэм, и гу къабзэм и щыхьэт хъужыр? Щэрмэт Оксанэ хуэдэ егъэджакIуэ нэсхэм, псэ къабзэхэм, цIыху нэхухэм хэти и гъащIэм щыпэщIэхуэну Тхьэм жиIэ! Езы Оксани егъэджакIуэ псоми я махуэщIымкIэ дохъуэхъу икIи абыхэм ягуэщI лэжьыгъэ абрагъуэр зэхэзыщIыкI еджакIуэ, адэ-анэ сыт щыгъуи къапэщIэхуэну дыщогугъу!

ГЪУКIЭКЪУЛ Иринэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *