Хьэбэч Умар и цIэр зезыхьэ Малэ Зеленчук къуажэ курыт еджапIэм и егъэджакIуэ Лъхукъуэщауэ Iэсят хэкупсагъэ лэжьыгъэ зэпымыууэ сабийхэм ядрегъэкIуэкI. СВО-р зэрыщIидзэрэ, абы хуэунэтIауэ къы зэригъэпэщ Iуэхугъуэхэм нэхъыбэжуи зиубгъуащ.
ЕгъэджакIуэр псэемыблэжу пылъщ гуманитар дэIэпыкъуныгъэр зэхуэхьэсыным. Абы и нэIэ щIэт, е 2-нэ классым щеджэ цIыкIухэр, Iуэху щхьэпэхэр псэкIэ зыхащIэ. ЕгъэджакIуэм къызэригъэпэщ хэкупсагъэ Iуэхугъуэхэм холэжьыхь, я адэ-анэхэри, ныбжьэгъу цIыкIухэри къыхашэ. ЕгъэджакIуэр я пашэу ныбжьыщIэхэм иджыри зы IуэхугъуэфI къызэрагъэпэщащ. Хэкум и хъумакIуэм и Махуэм хуэкIуэу, зауэ операцэ хэхам хэт ди зауэлIхэм папщIэ абыхэм тыгъэхэр зэралъхьащ. ЕджакIуэ цIыкIухэм псалъэ гуапэхэр, хъуэхъухэр зэрыт тхыгъэхэр зауэлIхэм хуатхащ, щхьэж IэфIыгъэкIэ абы дыщIигъужащ. Сабийхэм я псэм къыбгъэдэкI псалъэ гуапэхэм, шэч хэмылъу, ди сэлэтхэр игъэгушхуэнущ, къару къахилъхьэнущ. Хьэбэз районым щылажьэ «Родные сердца» волонтер гупым сабийхэм я тыгъэхэр сэлэтхэм янигъэсыжащ.
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.