ЗауэлI хахуэр мылIэжыныпсэщ
СВО-р щIидзэным щхьэусыгъуэ хуэхъуам куэдрэ щыщIэупщIэ къохъу цIыхухэр. Абы и жэуапыр зэрытлъэкIкIэ, кIэщIу зэпкърытхыу гурыIуэгъуэ тхуэщIмэ, ди гуапэщ. Иджырей политикэ щытыкIэм уеплъмэ, СВО-р ар КъухьэпIэ зэкъуэувар Урысейм и лъэр щIэудыныр, къэралыр «нэхъ даIуэ» Президентым IэщIэлъхьэныр зи лъабжьэ зауэщ. Украинэмрэ Урысеймрэ зэщыхъуэныр дыгъуасэ къежьакъым. АтIэ, илъэс бжыгъэкIэ украинцхэр нацизмэмрэ русофобиемрэ пропагандэ IэмалкIэ зэщIацIэлащ. Абы и гущIыIужым…