УнэтIакIуэщ, гъуэгугъэлъагъуэщ
Хьэбэз районым хыхьэ Зеикъуэ къуажэм дэт курыт еджапIэр егъэджакIуэ лъэрыхьхэмкIэ ехъулIауэ жыпIэ хъунущ: сабий куэдым экзаменхэр ехъулIэныгъэ лъагэ яIэу зэратым къинэмыщIауэ, ахэр жыджэру хэт зэпытщ Урысейпсо утыкум щызэхашэ зэхьэзэхуэ зэмылIэужьыгъуэхэми. Тхьэм къахилъхьауэ сабийхэм ябгъэдэлъ зэфIэкIхэр къызыкъуахыным еш имыIэу телажьэ егъэджакIуэхэм ящыщщ еджапIэм и унафэщIым гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и чэнджэщэгъу, биологиемрэ химиемрэкIэ я егъэджакIуэ КЪУМЫКЪУ Маридэ Iэуес…