ЛIыхъужьхэм дрогушхуэ
Зауэ операцэ хэхар щекIуэкI щIыпIэхэм ди хэгъуэгум икIыу кIуа ди щIалэхэм жыIэщIэу, щхьэмыгъазэу, лIыгъэ яхэлъу, къыхуагъэув къалэнхэр псынщIэу, гъэтIысауэ зэфIэзых зауэлIу зыкъыщагъэлъагъуэ. Апхуэдэу зэрыщытым и щыхьэтщ абыхэм къыхуагъэфащэ къэрал нагъыщэхэр.Апхуэдэу зауэ операцэ хэхар щекIуэкI щIыналъэм щызэрихьа лIыхъужьыгъэмкIэ къыхагъэщащ ди хэкуэгъу ДЖЕМАКУЛОВ Ислъам Мурат и къуэр. Хэкур ихъумэкIэрэ, ди къэралым и хьэлэмэт зэрихуэкIэрэ, зэрихьа лIыхъужьыгъэмрэ гуеигъэмрэ…