Журналистым и гъуэгу тхыгъэхэр…Iуащхьэмахуэ и щыгур — си хъуэпсапIэт!
«Тхьэм уигъэIуэтэж» жеIэ адыгэм. Ар хуэгъэзащ псэзэпылъхьэпIэ, шынагъуэ, гужьеигъуэ щытыкIэм ихуам, а псори щхьэщыкIыу, тыншу Iуэхугъуэм щытепсэлъыхьыжыфкIэ, и псэр щысабырыжкIэ… Нобэ си гум щыхъэр, псэкIэ зыхэсщIэ щытыкIэр абы изогъэщхь. Iуащхьэмахуэ сызэрыдэкIрэ тхьэмахуитI текIыжащ, спэщIэкIам, слъэгъуам, абы сэбэпу къыхэсхам сытепсэлъыхьыжыну иджы сыхуэхьэзыру солъытэ… ХъуэпсапIэм лъабжьэ хуэхъуар «Псори сабиигъуэм дыкъыщожьэ» – жаIэкъэ… АтIэ, уи сабиигъуэм лъабжьэ пхуэхъуам,…