ГуащIэрылажьэхэр ягъэлъэпIащ
Накъыгъэм и 1-р — гуащIэрылажьэхэм я Махуэр, ди хэгъуэгум щагъэлъэпIащ. МахуэщIым ипкъ иту Черкесск къалэм гуфIэгъуэ пэкIу щекIуэкIащ. Абы кърихьэлIащ цIыху мини 3-м щIигъу. ДэнэкIи щызэхэпхынут мамырыгъэм, гуащIэдэкIым, ТекIуэныгъэшхуэм ятеухуа уэрэдхэр. Республикэм и унафэщIхэм къабгъэдэкIыу, къызэхуэсахэм хъуэхъу псалъэкIэ захуигъэзащ КъЧР-м и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) аграрнэ политикэмкIэ, дунейм и хъугъуэфIыгъуэхэр хъумэнымрэ къэгъэсэбэпынымрэкIэ и комитетым и пашэ…