Псэ жыг
Скульптор ГъущIапщэ Арсенрэ архитектор Мату Зауррэ ящIа «Псэ жыгыр» 2004 гъэм ягъэуващ. Ар 1763-1864 гъэхэм екIуэкIа Урыс-Кавказ зауэжьым хэкIуэдахэм я фэеплъщ. Шэрхъ щIыкIэу гъэжа бетоным тещIыхьащ жэзым къыхэщIыкIа, метрибл зи лъагагъ жыгыр. Псэ жыгым къудамибл иIэщ. «Къудамиблым къагъэлъагъуэ лIакъуибл: адыгэхэм благъагъэр лIакъуиблкIэ къабжыр. Фэеплъыр зауэмрэ щыгъуэмрэкъым зи нэщэнэр, атIэ гъащIэ къегъэлъагъуэ. Псэ жыгым и дамыгъэр…