Лыхьхэ я нанэ ГУАЩЭПАГУЭ
Унагъуэм нысащIэ къыщрашэкIэ адыгэхэр ехъуэхъу хабзэщ: «Ущригъэбыдыхь! Лъэпкъым нанэжь ущихъухь!» жэуэ. Апхуэдэ хъуэхъур хьэкъыпIэкIэ зытехуа нанэщ Хъумэрэ къуажэми, Лыхьхэ я лIакъуэми я нэхъыжьыфI хъуа Гуащэпагуэ. Иджыблагъэ абы игъэлъэпIащ и илъэс 90-р. И ныбжьымрэ къытезэрыгуа узыфэхэмрэ зытримыгъакIуэу нанэр ноби акъыл жану, гушыIэр и щIасэу къыщIэхъуа щIэблэм ящхьэщытщ. ГъащIэ гъуэгуанэ кIыхь къызэзынэкIа нэхъыжьыфIым гукъэкIыжу иIэр мащIэкъым. «Си…