«Псапэ», «гуэныхь», «хьэлэл», «хьэрэм» псалъэхэр, нэгъуэщIхэр, хабзэ тхуэхъуауэ, диным идопх. Ауэ псапэмрэ гуэныхьымрэ динхэм я закъуэкъым зэхьэлIар, ар нэхъыбэу икIи нэхъыщхьэу епхащ цIыхум и дуней тетыкIэм, ар адрей цIыхухэм зэрапыкъуэкIымрэ зэрахущытымрэ, и псэр имыгъэуфIейуэ гъащIэ гъэунэхуныгъэхэм хишу Тхьэм и пащхьэм ирихьэжын хуейуэ зэрикъалэныр къызэрыгурыIуэм.
Псэр Тхьэм къызэрыдитам хуэдэ къабзэу, гуэныхьхэмкIэ дымыуцIэпIу, и пащхьэм итхьэжынращ гъащIэм и мыхьэнэ нэхъыщхьэр. Псэуныгъэри (узыншагъэр), лэжьапIэри, унагъуэри, зауэри, мамырыгъэри етIуанэ Iуэхущ, ахэр ди псэм дызэрыхуэлажьэ, дызэрыдэлажьэ, ар зэрыдгъэунэху Iэмал къудейщ. Ди гъащIэм, лэжьапIэ IэнатIэм, ди унагъуэм щыдиIэ пщэрылъхэр пылъхьэншэу дгъэзащIэмэ, ар псапэщ. Абы дэри арэзы дищIынущ, ди псэри игъэтыншынущ. КъызэрыкIуэ псалъэхэмкIэ гурыIуэгъуэ тщIымэ, гуэныхьыр – ар нэгъуэщI цIыхухэм я псэри дыдейри гугъумыгъу хэзыгъахуэ мыхъумыщIагъэщ – ар гупсысэу, псалъэу е Iуэху белджылыуэ щырырет.
ЛеймкIэ жаIэкъым «уэ адрейхэр къыппыкъуэкIыну узэрыхуейм хуэдэу уэри адрейхэм япыкъуэкIыж», е «уи гъащIэр зэрыбгъэтыншымкIэ адрейхэми яхуэупсэ», жэуэ. IэщIэкIа гуэныхьым цIыхур псэкIи IэпкълъэпкъкIи иросымэджэж. Псапэмрэ гуэныхьымрэ ятеухуауэ адэкIэ зи гугъу сщIыну гупсысэмрэ образымрэ си тхыгъэ гуэрым хэзгъыхьауэ щытащ. Тхьэ елъэIухэм, нэмэз зыщIхэм жаIэу сызэрыцIыкIу лъандэрэ зэхэсхт мыпхуэдэу: ди дамэхэм мелыIыч зырыз тесщ. Дамэ ижьым тесым етх ди псапэхэр, сэмэгум тесым — ди гуэныхьхэр. ИужькIэ абыхэм къэпщытэжыныгъэ щащIыж Тхьэм и пащхьэм. Зи гуэныхьхэр нэхъыбэр жыхьэнмэ лъэмыжым тохьэ. Зи псапэ нэхъыбэм и гуэныхьхэр ипшыныжын папщIэ нэхъапэу духьэтыр (чистилище), итIанэ – жэнэтыр къыпоплъэ. Ар компьютерхэмрэ смартфонхэмрэ къэзыгъэIэрыхуа нэхъыщIэхэмкIи нэхъ гурыIуэгъуэу щытын щхьэкIэ, иджырей бжыгъэ (цифровой) гъэпсыкIэм изгъэуват. Тхьэм пIалъэкIэ къыдита мылIэжыныпсэр ещхьщ хъыбар куэд зэрахъумэ флешкэм. ГъащIэм къыщыдэхъулIа гуэныхьхэмрэ щытщIа псапэхэмрэ я дэфтэрыр абы итщ. Тхьэм кърита пIалъэр къэзыгъащIэ цIыхур зыгуэркIэ ещхьщ эстафетэ къажэм. Абы ехь зэпыт эстафетэ баш цIыкIур – псэ-флешкэр. Ди гум илъым щыгъуазэ, ди IэмыщIэм илъыр зыцIыху Тхьэм ещтэж гъащIэ-эстафетэм къыпхытха ди псэ-флешкэр, и дунейпсо компьютерым ирелъхьэри, щIеплъыкIыж ди гъащIэр зэретхьэкIар. Абы ипкъ иту унафэ ещI занщIэу жыхьэнмэм дигъэкIуэнуми, пIалъэ гуэр духьэтым щетхьэкIыу, адэкIэ жэнэтыбжэр тхузэIуихынуми. Иджыпсту цIыхухэм я бзэгупэм нэхъыбэу телъ псалъэхэр: “узыншагъэм нэхъапэ зыри щыIэкъым!”, — жыхуиIэхэращ. Абы пыплъхьэн зыри щыIэкъым, «узыншагъэ» псалъэм Iэпкълъэпкъым и узыншагъэм фIэкIа нэгъуэщI къимыкIыу къагурымыIуэмэ. ЦIыхум и Iэпкълъэпкъым и узыншагъэр къызэрыфIэIуэхум емыкIуи, гуэныхьи хэлъкъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, Iэпкълъэпкъри Iэнэмэту Тхьэм къритащ – хуэсакъыну, ихъумэну, зыхуей хуигъэзэну.
И узыншагъэр ихъумэнри псапэщ. Iэпкълъэпкъ пщыкIутIыр зэтемыгъэпсыхьамэ, мыузыншэмэ, цIыхум нэгъэсауэ хуэгъэзэщIэнукъым и гъащIэ къалэныр. ЦIыху узыншэм и Iуэху щIэкIэмрэ сымаджэм и Iуэху щIэкIэмрэ зэхуэдэ зэикI хъунукъым. Ауэ Iэпкълъэпкъым и узыншагъэм нэхърэ нэхъапэу, нэхъыбэри укIэлъыплъын хуейуэ зыгуэр щыIэщ. Ар а Iэпкълъэпкъыр зезыгъэкIуэж, абы унафэ хуэзыщIыж, абы къару къезытыж гуращ. Зи гугъу ищI гур Iэпкълъэпкъым хэт лы Iыхьэракъым, а лы Iыхьэр езы Iэпкълъэпкъым щыщщ, атIэ зи гугъу ищIыр а лы Iыхьэм и кIуэцIкIэ къекIуэкI гупсысэмрэ гъащIэ зэхэщIыкIымрэщ, акъылымрэ хьэлщэнымрэщ. Иджы гуэныхьымрэ псапэмрэ ятеухуауэ. Сыт гуэныхьу къалъытэр?
Гуэныхьхэр куэд мэхъу, ауэ дакъытеувыIэнщ динхэм нэхъыщхьэу къалъытэхэм, псэр кIуэдыпIэ изышэхэм, «смертные грехи» жыхуаIэхэм. Ахэр блы мэхъу. Псэр кIуэдыпIэ изышэ япэ гуэныхьхэм ящыщщ шхэным егъэлеяуэ зыдебгъэхьэхыныр. Шхыныгъуэ IэфIхэр уигу ирихьыныр гуэныхькъым, гуэныхьыр шхэныр гъащIэм и мыхьэнэ нэхъыщхьэу бгъэпсынырщ. Жан Батист Мольер и «Нэпсей» пьесэм и персонаж нэхъыщхьэ Гарпагон хуабжьу игу ирихьат «ДыщIэпсэур дышхэн щхьэкIэкъым, атIэ дыщIэшхэр дыпсэун щхьэкIэщ», жэуэ и унэIут Валер зэрыжиIар, уеблэмэ и пщэфIапIэ щIыхьэпIэм а псалъэхэр дыщэпскIэ кIэритхэн и гугъэт. А гуэныхьым пэщIэувэ, гъаблэгу зыщта IэнэухъуэнщIхэм зазыгъэцIыхуж Iэмалщ, псалъэм и жыIэгъуэкIэ, нэщIыныр, ныбэ зыхуэгъэныкъуэныр.
ЕтIуанэ гуэныхьщ нэчыхь зыдыуимыIэ хамэ бзылъхугъэхэм пыщIэныгъэ яхууиIэныр. Мыбдежым динхэм я бгъэдыхьэкIэхэр зыгуэркIэ зэпэщIоувэ. Псалъэм и жыIэгъуэкIэ, шэрихьэт муслъымэн хабзэхэмкIэ, лIым нэчыхькIэ щхьэгъусиплI иIэ, езым и мылъкукIэ игъэлажьэ унэIут бзылъхугъэми дэпсэу хъунущ. Ибрэхьим и къуэ нэхъыжь, хьэрыпхэр къызытекIыжа Исмэхьил къэзылъхуар и унэIут Хъэджэрт (БиблиемкIэ — Агарь). НэчыхькIэ Ибрэхьим и щхьэгъусэ Сарэ абы и етIуанэ къуэр, журтхэр къызытекIыжа Исхьэкъ къилъхужат. Пановэ Верэрэ абы и къуэ Вахтин Юрийрэ къыдагъэкIауэ щыта «Жизнь пророка Мухаммеда» тхылъым зэритымкIэ, Эфиопием и пащтыхь Негусым Мухьэмэд Бегъымбарым зэшыпхъуитI — Ширенэрэ Мариамрэ – унэIуту тыгъэ къыхуи щIати, зэшыпхъуитIым уадэпсэуныр шэрихьэтым зэримыдэм къыхэкIыу, Ширенэр нэгъуэщI и блыгущIэт гуэрым иритыжри, езым Мариамыр къигъэнат. Уеблэмэ фIыуэ илъагъури, абыи дэпсэуат. И къуэ кIасэ Ибрэхьимыр арат зейр. Чыристан диным гуэныхьу къелъытэ лIыр фыз куэдым ядэпсэуныр. Шэрихьэтми езым гуэныхь ину къелъытэ нэчыхьым и къэухьым имыт нэгъуэщI фызхэм уадэпсэу щыгъэтыжауэ, уахъуэпсэнри, уаплъынри. Абы папщIэ муслъымэн бзылъхугъэхэм я дахагъэр зыхуагъэтIыгъуэр нэчыхь зыдаIэну, зыдаIэ лIыращ. Ещанэ гуэныхьыр – зэтемыплъэжыныгъэщ (ненависть).
МащIэ–куэдми дэтхэнэ цIыхури апхуэдэ зэхущытыкIэм ирехьэлIэ. Зэдгъэпщэн хьисэпкIэ дыбгъэдыхьэнщи, абы поув лъагъуныгъэр, апщыгъуэми ар гурыщIэ къудейкъым, атIэ и акъылкIэ зэригъэзэхуауэ цIыхур зыхуэкIуэ щытыкIэщ икIи ар псоми зэхуэдэу я насып къихькъым. Зэтемыплъэжыныгъэр куэдрэ хуокIуэж зэрыгъэбииныгъэм. Зэтемыплъэжыныгъэмрэ лъагъуныгъэмрэ залэщ яку дэлъыр. Псэр кIуэдыпIэ изышэ еплIанэ гуэныхьыр зыкъыфIэщIыжыныгъэращ (гордыня). Ар гуэныхь нэхъ шынагъуэхэм ящыщщ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ар умыщIэххэурэ, бэджыхъым хуэдэу гум ирещIэ. Узэрыщымыту, адрейхэм нэхърэ унэхъ Iущу, унэхъыфIу зыкъыпфIэщIыжыныр псэр кIуэдыпIэм изышэ щытыкIэщ. Абы поув шыIэныгъэмрэ зэгъыныгъэмрэ (смирение). Нобэ уиIэм зебгъэзэгъыным къикIкъым улIыгъэншэу е укъарууншэу, абы къегъэлъагъуэ Тхьэмрэ цIыхухэмрэ я пащхьэм щыпIыгъ увыпIэм и мыхьэнэр къызэрыбгурыIуэр.
Етхуанэр – нэпсеягъэрщ, ахъшэр егъэлеяуэ фIыуэ лъагъунырщ, уи хэхъуэхэмкIэ нэгъуэщIхэм уадэмыгуашэу беягъэ, мылъку бугъуеинырщ, зэхуэпхьэсынырщ. Ар гуэныхьым пэув псапэщ уи мылъкум утегужьеикIауэ нэхъуеиншэу ущымыту, сэдэкъэ птыныр, мэжалIэр бгъэшхэныр, мылъку зимыIэм удэIэпыкъуныр. Еханэ гуэныхьыр губжьырщ. Губжьыр ди гъащIэм щыкуэдщ, дэ дахуогубжь зыхуэфащэхэми зыхуэмыфащэхэми. ЦIыху губжьам акъылыр щхьэщокI. Пасэрей урым усакIуэ Квинт Гораций Флакк леймкIэ жиIатэкъым «Губжьыр цIыхум акъылыр далэкIэ щыщхьэщыкIщ» («Гнев – кратковременное безумие»), жэуэ. Губжьыр зытезымыгъакIуэ цIыхум шыIэныгъэшхуэ хэлъ закъуэкъым, абы къызэтрегъанэ и псэм щытепщэ мамырыгъэмрэ зэIузэпэщымрэ. ШыIэныгъэр зэчийм хуэдэщ. Ар гъащIэр кIыхь зыщI псэ лъапIагъэщ.
Ебланэ гуэныхьыр – цIыхур гужьеинырщ, абы и гур игъэкIуэдынырщ – щытыкIэ нэхъ шэчыгъуейхэм, нэхъ гугъухэм ящыщщ. ЦIыхур мэгужьей, абы гуэныхь псори игъэунэхуу, гъащIэм и мыхьэнэр щыфIэкIуэдым деж. Апхуэдэм деж абы фIэгъэщIэгъуэныжкъым нэхъапэм фIыуэ илъагъуу щытари, кIыфI зэфэзэщу къыщохъу ипэкIэ къыпэплъэри. Гужьеиным къыкIэлъокIуэ узри, лажьэри, псэм хьэзаб къытезылъхьэ нэгъуэщI лъэпощхьэпохэри. Ар яхуэмышэчыжу нэхъ гуэныхь шынагъуэжыр зыщIэхэр – зызыукIыжхэр щыIэщ. Абы утепсэлъыхьын къудейри къызэрымыкIуэу гугъущ. Гуэныхьыншэ щыIэкъым, щымыуари лIари зэхуэдэщ.
ЦIыхур щыпсэукIэ, дунейм щытеткIэ, цIыхухэм щахэткIэ, Iуэху щадищIэкIэ, щыгъуащи, щыуагъэ гуэрхэр щыIэщIэкIи къохъу. Тхьэм цIыхур къигъэщIри, хуитыныгъи къритащ фIымрэ Iеймрэ яхэдэну. Хуитщ псапэ илэжьынуми, гуэныхь ищIэнуми, ауэ къытехуэ жэуаплыгъэр къызэринэкIыфынукъым. ФIымрэ Iеймрэ яхэдэну хуитыныгъэ зимыIэ мелыIычхэр гуэныхьыншэщ. Аращи, гуэныхьыр шынагъуэщ. Нэхъ шынагъуэжщ гуэныхьыр гуэныхь къыпщымыхъужу упсэуныр, уи гур абы теухуауэ быдэ, пхъашэ хъууэ, зыри уимылажьэ уи гугъэжу зыбгъэунэхъужыныр. «Мащэм зэ ихуар набгъэщи, тIэу ихуар нэфщ», жаIэ. Гуэныхьыр упшыныжу, ар уи гум, уи псэм ибгъэкъэбзыкIыжкIэ, Iуэхур зэфIэкIкъым. Гуэныхьым псэм щищIа абгъуэр нэщIу къэбгъанэ хъунукъым.
Чыристанхэм жаIэ: «Свято место пусто не бывает», еджагъэшхуэхэм — «Природа не терпит пустоты». Гуэныхьыр зэрыса абгъуэм игъэзэгъэн хуейщ псапэ Iуэхухэр. Армырамэ ар нэщIу куэдрэ щытынукъым. Библием зэритхымкIэ, гуэныхьзехьэ шейтIаныр цIыхум и псэм кърагъэкъэбзыкIыжа нэужь, абы къум щIыпIэхэм къыщекIухь, тыншыпIэ лъыхъуэу. ЩимыгъуэткIэ, жеIэ: «СыкъызыщIэкIа унэм сыкIуэжынщ». Къегъэзэжри елъагъу и абгъуэр нэщIу, къабзэу зэлъыIухауэ зэрыщытыр. Езым нэхърэ нэхъ бзаджэжу шейтIанибл зыщIегъури, къызрахуа абгъуэм йотIысхьэж. ЦIыхум и Iуэхур япэм зэрыщытам нэхърэ нэхъыкIэ мэхъу. Iэдэмрэ Хьэуэрэ Жэнэт жыг хадэм щисам гуэныхь ятелъакъым: псэущхьэ и псэ хахтэкъым, лы яшхтэкъым, жыг хадэм кърах пхъэщхьэмыщхьэхэмрэ хадэцIыкIухэкIхэмрэ къайлыжу яхурикъут. Апхуэдэурэ екIуэкIащ гуэныхь къахьыху. Дин нэхъыщхьэхэр зэакъылэгъу зэрызэхуэхъумкIэ, япэрей цIыхухэр зэIэб мыхъуну Тхьэм къаригъэлъэгъуа жыгым къыпачри мыIэрысэ яшхащ.
ХьэкъыпIэкIэ ар мыIэрысэкъым, ар образ къудейщ. Апщыгъуэм псэуа цIыхухэм къазэрыгурыIуэнум хуэдэу къэгъэлъэгъуауэ аращ. МыIэрысэр – ар Iэдэмрэ Хьэуэрэ зыщыгъуазэ мыхъун щIэныгъэт. Ауэ абы и гугъу мыбдежым тщIынукъым – абы тхыгъэ щхьэхуэ тедухуэну хуэфащэщ.
ДЭБАГЪУЭ Хьэтызэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.