Нэпсылъэ нэпкъ

Адыгэ хэкужьым и тхыдэ Iыхьэхэр гъунэншэщ. ГъащIэр гущIэгъуншэщи, зэгуэрым тенджыз ФIыцIэм и гъунэр зыуфэбгъуу щыта лъэпкъышхуэм къыщIэнэжар зы Iэбжьыб къудейщ. Адыгэм и тхыдэри, хъыбарыжьхэри езы лъэпкъым хуэдэу ипхъыхьа хъуащ, иныкъуэхэри зэман уахътыншэм хэшыпсыхьыжащ, адрейхэри хъыбар пытхъахуэурэ къэнэжащ. Ущыхуэзи мэхъу адыгэхэр здэпсэуа щIыпIэм адыгэцIэ зэрамыхьэжу, ауэ лъэпкъым а щIыпIэм триухуа хъыбар теплъэгъуэхэр къэнэжауэ, цIыхухэм яIурылъу. Апхуэдэ зы хъыбаррэ теплъэгъуэрэщ нобэ фызхэдгъэплъэнур.

Тенджыз ФIыцIэм укIуэмэ ухуозэ сурэтыщI Киселев Александр и зы сурэтым щитхыжауэ щыта, «Киселева скала» зыфIащыжауэ къекIуэкI тенджыз Iуфэм щхьэщыхьэ нэпкъым. ЩIакхъуэ зэтеупщIэр зэрызэтелъым хуэдэу, мы нэпкъым и хъыбархэри зыбжанэу зэтелъу къыщIэкIащ. Ди тхыгъэмкIэ ди щIэджыкIакIуэхэр а хъыбархэм нэIуасэ хуэтщIынщ.

ТIуапсэ и ищхъэрэ-къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ километри 4-кIэ упыIукIмэ, Къыдэщ зи фIэщыгъэцIэу тенджызым хыхьэ щIыу Iыхьэмрэ Iэгуей псым и къежьапIэмрэ я зэхуакум деж тенджызым щхьэщохьэ нэпкъ щхьэпэлъагэр. «Киселева скала»- аращ зэреджэр туристхэр зэкIуалIэ зэпыт мы щIыпIэм. Ари гъэщIэгъуэнкъым, сыту жыпIэмэ, нэпкъым и теплъэр дахэщ- мывэ къыр джафэ метрэ 43 зи лъэгагъыр блынышхуэ уардэу тенджызым хэщIыхьам хуэдэщ. И бгъуитIымкIэ уеплъмэ болъагъу нэпкъыр зэрызэхэлъ щIыкIэр, зэрызэтелъ мывэ абрагъуэхэр. АтIэ дэнэ къикIа мы нэпкъым и фIэщыгъэцIэр?

Тхыдэ дэфтэрхэм дыхоплъэжри къыдолъагъу, ХХ лIыщIыгъуэм и пэщIэдзэм мы нэпкъым пэмыжыжьэу «Петербургская академия художеств» жыхуиIэм и профессор, сурэтыщI цIэрыIуэ Киселев Александр и хапIэр зэрыщыIар. Киселевыр къэралым къыщацIыху сурэтыщIт, Репин, Васнецов, Суриков сымэ я цIыхугъэт. Тенджыз Iуфэм щыпсэукIэрэ, абы сурэт куэд триухуэт мы щIыпIэм и дахагъэм. Апхуэдэ зы сурэт къытрищIыкIащ дызытепсэлъыхь нэпкъ телъыджэми. ТIуапсэ щыпсэухэм сурэтыщIым пщIэ хуащIым и нагъыщэу, фIыуэ илъагъу нэпкъым и цIэкIэ еджэу щIадзащ.

Арами, мы щIыпIэм щыпсэу нэхъыжьыIуэхэми, тхыдэм хэзыщIыкIхэми фIыуэ яцIыхуж а нэпкъым и хъыбар пэжыр. Абыхэм къыбжаIэжынущ мы зэманым КъыдэщкIэ зэджэм, пасэрей адыгэхэр АкъуэкIэ зэджэу щыта щIыпIэм я зэхуакум деж тенджызым щхьэщыхьэ нэпкъ щхьэпэлъагэм «Нэпсылъэ нэпкъкIэ» адыгэхэр зэреджэу щытар. Ар хиубыдэт адыгэлI хахуэ АкъуэкIэ зи пашэ лъэпкъ бейм и щIыгухэм. ЛIым и лIыгъэр адыгэ хэкужьым къыщацIыхут, пщIэрэ щIыхьрэ нэхъыжьхэми, нэхъыщIэхэми я деж щиIэт. Ауэ псом нэхърэ АкъуэкIэ нэхъ цIэрыIуэ зыщIар ипхъу закъуэ Гуащэ и дахагърат. И адэм нэхърэ мынэхъ цIэрыIуэмэ, нэхъ мащIэу къацIыхутэкъым Гуащэ. Хэкужьым щыпсэу адыгэхэм къыщымынэу, нэгъуэщI лъэпкъым щыщ лIыхъу куэд къылъыхъут абы. Арами, Гуащэ и гур жыркIэ псыхьам хуэдэт, мылым хуэдэу щIыIэт, езыри хъыджэбз гъэфIат, пагэт.

Пщащэм фIыуэ илъагъут дызытепсэлъыхь нэпкъыр. Гуащэ и ныбжьэгъу хъыджэбзхэм ядэгъусэу куэдрэ тест къырыщхьэм цы иджу, толъкъун джэгурей тхъурымбапщэхэм я къэжыхьым еплъу. Зэзэмызэ и лэжьыгъэр игъэувыIэти, кIэлъыплът тенджызыр тхъу цIынэм хуэдэу хэзыбзэ кхъухь псынщIэхэм.

Ауэрэ зэманыр макIуэ, АкъуэкIэ лIыжьми и гъащIэ Iыхьэр екIури дунейм йохыж. ЩIыгушхуэр лIы унафэншэу къонэ. Гуащэ акъыл зэтегъэпсыхьакIэ а псор зэригъэзахуэми щхьэгъусэншэу, лIы чэнджэщыншэу къохьэлъэкI, зехьэгъуейщ. Арами Гуащэ зэрипэскъым къылъыхъу щIалэ гуейхэр, ахъырзэманхэр. Хуабжьу пагэт икIи инатт пщащэр.

А зэманым пщащэм и хъыбар зэхех тенджыз Iуфэ хэкум и нэхъ лIы гуейхэм я нэхъыфIу къалъытэ адыгэ щIалэ ДыщэкI. Ар щыпсэут иджырей Жьыбгъэ (Джубга) и адрыщIкэ щыса къуажэм. Жыжьэу Iуат щIалэм и хахухагъэм, лIыгъэм и хъыбарыр, адыгэ пщащэ нэс куэди хуэхъуапсэт щIалэ зэтесым, ауэ абыхэм я зыхэзи и щхьэ ирипэстэкъым ДыщэкIым. Мы дунеижьым Тхьэшхуэм къытригъэщIам ящхьэпрыплъти, зыхуэплъэри, зыхуэхъуапсэри зауэ губгъуэм и курыкупсэм джатэкIэ къыщалъэщ пщIэмрэ щIыхьымрэт.

АрщхьэкIэ, дунейм псэ зыIуту тет дэтхэнэри зэгуэрым лъагъуныгъэм хуоуш. ДыщэкIыр хьэгъуэлIыгъуэм хэту Гуащэ дахэм и нитIым щIоплъэри, къэгъазэ имыIэу Тенджыз ФIыцIэм нэхърэ нэхъ фIыцIэж а нитIым щIотIысыкI. Гуащэри къыдехьэх щIалэ зэкIуж хахуэм. ТIуми я гур зы гупсысэм хуеуэу щIедзэ, зы уэрэдым хуэусэу мэхъу.

Гупсысэх хъуащ Гуащэр. ДыщэкIми кIуэцIылъар къыкIуэцIахыу, нэгъуэщIкIэ зэрахъуэкIам хуэдэщ. Апхуэдэурэ кIуэурэ, зы зэман треубыдэри, и ныбжьэгъу щIалэ лъыхъу егъакIуэ Гуащэм и деж,ДыщэкIым къыдэкIуэнумэ еупщIыну. ЗыхуэкIуар япэрей Гуащэрауэ пцIыхужынутэкъым- лъагъуныгъэм къигъэвыжат и гу мылыр. ЗэгурыIуэ дыгъу хабзэжьым тету, пщащэм пIалъэр наIуэ ещI ДыщэкIыр къакIуэу щидыгъуну жэщыр.

— ПIалъэ сщIам техуэу, фIыуэ слъагъу нэпкъым деж кърекIуэ. МафIэ нэху здэщыIэм сэри сыкъыщигъуэтынущ, -жеIэ Гуащэм.

Арами, пагагъэм дыгъэри щыщIихъумэ щыIэщ. НэмыткIуса гу мылхэм я щIыIэр къоуэкIыжри Гуащэм, и инатагъэм гупсысэ мыхъумыщIэ къегъэщI- щIалэм лъагъуныгъэ къыхуиIэмрэ и лIыгъэмрэ иджыри зэ игъэбелджылыну. Пасэрей уэздыгъаблэр зэщIегъанэри тенджыз Iуфэм йох, уэздыгъэр псыхьэлъахуэ къудамэм кIэрещIэри, толъкъунхэм хеутIыпщхьэ.

Насыпым епэгэкIым, бгэкIэ Тхьэхэр кIэлъоджэ жи- зэрымыщIэкIэ жьыбгъэ къыкъуоури, уэздыгъэр тенджызым и курыкупсэм хехьэ. ПIалъэм техуэу нэпкъым къыщхьэщыхьа ДыщэкIым къелъагъу уэздыгъэр, къыгуроIуэ пщащэр и лIыгъэм къещэну зэримурадыр. Елъагъу уэздыгъэр жьыбгъэм жыжьэ зэрыIуихари, ауэ ар адыгэлIт пщащэм я нэхъ инатми къыпикIуэту зы гъащIэ папщIэ къикIуэтмэ?!

И адыгэш емылыджым йолъэдэкъауэри, зэплъэкIи-шэч къэхьи имыIэу, щIалэр нэпкъыжьым къопкIэ. Толъкъун къэкъубеяхэм пцIащхъуэм хуэдэу шымрэ щIалэмрэ холъатэри, зы зэманкIэ мэкIуэд. ИужькIэ къыдросеижри, уэздыгъэмкIэ яунэтI. Толъкъунхэмрэ жьыбгъэмрэ йобгъэрыкIуэ шууейр. Губгъуэ зауэжьу пэщIэтщ тенджызым. АрщхьэкIэ бийм я нэхъ бзаджэм джатэр хуигъабзэми, псыр IэбапIэншэщ. Шыр щыщIэтIысыкIкIи ДыщэкIым и къару зэхуехьэсри адэкIэ йос. Афэ джанэр зыщыгъ, IэщэкIэ узэда щIалэр хьэлъэ хъуащи ирешэх. Уэздыгъэм нос, къещтэ, лъагэу еIэт, зэ къызоплъэкIыжри и лъагъуныгъэмрэ лIыгъэмрэ я щыхьэт нэхур Iэтауэ иIыгъыу, тенджыз къэгубжьам щIотIысыкI. Гуащэр дауэ фIыуэ имылъэгъуами, и гъащIэм нэхърэ нэхъ лъапIэу къилъытэми, и щIыхьымрэ лIыгъэмрэ нэхъ лъапIэу зыри игъэувтэкъым адыгэ щIалэм.

КъыIэщIэщIыхьар къызыгурыIуэжа пщащэр нэпкъым тетурэ нэху къытещащ.Толъкъунхэм хэплъызэт, дзапэ гъыбзэр иуст, и нэпс къудамитIми мывэ джафэр ягъэгъущтэкъым. Апхуэдэурэ махуэ токI, етIуанэр макIуэ, пщащэр нэпкъым къытетIысхьэурэ цы зэрехъэ, гъыбзэ еус и нэпсыр щIегъэкI. Зэгуэрэм цы хъурейр Iэпожри нэпкъым къолъэ. Гуащэ абы йоплъри къыгуроIуэ и насыпыр а цы хъурейм хуэдэу щыхупIэм зэрепкIар. НапIэзыпIэм къыщолъэт, нэпкъым къолъэри и щауэ къуданым и ахърэт лъагъуэр зыхэхьэжа толъкъунхэм пщащэр щIахъумэ.

Зэман текIыжащ абы и ужь. ЩIалэщIитIым я лъагъуныгъэ гъыбзэм Кавказ зауэжьым и гуауэри псыдзэу щхьэщыкIыжащ. Абы псыхьэлъахуэу здихьащ тенджыз Iуфэм Iуса адыгэ къуажэхэри, абыхэм я хъыбархэри. ЛIыщIыгъуэхэм пхырыкIыу къэнар хъыбар жыжьэр цы зэрыхьэу тхыдэм пхырызыша нэпкъращ. Урысхэр абы Киселев и нэпкъкIэ йоджэ, адыгэхэм «Нэпсылъэ нэпкъ» жаIэ.

Бемырзэ Зураб.


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *