Украин неонацистхэм зэрахьа хьэкIэкхъуэкIагъэхэмкIэ Лъэпкъыбэ жылагъуэ трибунал 2022 гъэм гъатхэпэм (мартым) и 1-м къызэрагъэпэщащ урысей, хамэкъэрал хабзэхъумэхэм, юристхэм, журналистхэм я жэрдэмкIэ.
Абы хэтщ къэрал 33-м я граждан жылагъуэм и лIыкIуэ- хэр. Лъэпкъыбэ жылагъуэ трибуналым и къалэн нэхъы- щхьэр — киев неонацистхэм ялэжьа щIэпхъаджагъэхэр зэхуэхьэсауэ, ахэр хабзэхъумэ къулыкъухэм яIэрыгъэхьэ- нымрэ урысей, лъэпкъыбэ утыкухэм щыгъэIунымрэщ.

Украин неонацистхэм яубыда Суджэ къалэмрэ Курск областым хыхьэ жылагъуэхэмрэ ди сэлэтхэм хуит къа- щIыжа нэужь, ВСУ-м мы щIыналъэм щрагъэхъыхьа хьэ- кIэкхъуэкIагъэхэм щыхьэт техъуэ цIыхухэм зэпсэлъэ- ныгъэ драгъэкIуэкIащ. Абыхэм къаIуэтэжащ лажьэ зи- мыIэ цIыху къызэрыкIуэхэр зэрызэтраукIар. Женевскэ зэгурыIуэныгъэхэм ебакъуэкIэрэ, украин зауэлIхэм жы- лагъуэ инфраструктурэр, сымаджэщхэр, члисэхэр зэтра- къутащ, унэхэр яхъунщIащ. ЦIыхухэр щыхьэт техъуащ украин сэлэтхэм ящIыгъуу, Сумской областым щыпсэу- хэми я нэм къыфIэнэр унэхэм зэрыщIахам. Апхуэдэу, абыхэм ядыгъуащ ахъшэ, дыщэхэкIхэр, электроникэр, бытовой техникэр, унэлъащIэ хьэпшыпхэр, щыгъынхэр, мэкъумэшхъызмэт техникэр, машинэхэр, ерыскъыхэр, сабий хьэпшыпхэр, нэгъуэщIхэри. ЦIыхухэм украин неона- цистхэр ирагъэщхь Хэку зауэшхуэр щекIуэкIа илъэсхэм нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм зэрахьа залымыгъэхэм.
Докладым къыщыгъэлъэгъуахэр щыхьэт тохъуэ киев режимым мурад ящIу, лажьэ зимыIэ Курск областым щыпсэухэр зэрызэтраукIам. Абыхэм зэхэдз ящIтэкъым, ягу
темыхуэр яукIт, бзылъхугъэ, сабий, лIыжь-фызыжь зэ- хадзтэкъым. IэщэкIэ, «камикадзе» дронхэмкIэ, нэгъуэщI- хэмкIэ яхэуэт. Мамыр цIыхухэм я унэхэр, члисэхэр, еджа- пIэхэр, сымаджэщхэр, нэгъуэщI инфраструктурэхэр къа- гъауэт.
Украин неонацистхэм зэрахьа зауэ щIэпхъаджагъэ- хэм щыхьэт техъуэ Курск областым щыпсэу цIыхухэм я гукъэкIыжхэм щыщ: Ильинэ Светланэ Михайловнэ, Черкасскэ жылагъуэ: «Си анэр яукIауэ япэу къэзыгъуэтар Штаненко Александр Николаевичщ. Ар зыщIэлъ пэшым си дэлъхум и полицэ фащэр, къыздалъхуам и щIалэм ВДВ-м и фащэр ящыгъыу я сурэт блыным фIэлът. Си дэлъхур полицэм хэтт, къыздалъхуам и щIалэм ВДВ-м хэту къулыкъу ищIат. А сурэтхэрауэ къысщохъу си анэр зытраукIар. Ар украин неонацистхэр август мазэм Черкасскэ Поречнэ къуажэм къыщыдыхьам яукIащ. Си анэм и ныбжьыр илъэс 72-рэ хъут, абыхэмкIэ шынагъуэ къыпыкIтэкъым.
КъызгурыIуэкъым ар щIаукIар».
Фурсовэ Еленэ Васильевнэ, Лебедевкэ жылагъуэ: «Украинцхэм цIыхухэр зэтраукIэт. Си къуэмрэ сэрэ Суджэ къалэм дыщыкIуэжам, мамыр цIыхухэр зэтрау- кIауэ дэнэкIи щылът. Интернатым и бжэIупэм цыджан лъэпкъым щыщу тIу яукIауэ щылът, я теплъэкIэ илъэс 35-рэ хъунут. Вокзалым дежи цIыхуищым я хьэдэ щылът.
Сипхъу нэхъыжьыр здэпсэу Махновкэ лажьэ зимыIэ цIыху
куэд щызэтраукIащ. Орехов Кольки украин сэлэтхэм яIэ- щIэкIуэдащ. Абы и къуэшым ар я хадэкIэм щыщIилъхьэ- жащ. Тучантес Лени, еджапIэм и унафэщIри, Заруднэ Мишки яукIащ. Дэ тцIыхуу нэрыбгэ 20-м я гъащIэр къызэпаудащ.
Казачкэ къуажэми куэд щызэтраукIащ, цIыху 25-м нэс. Ар дэ дызыщыгъуазэращ. ВСУшникхэм я командованэм унафэ къахуищIат урысхэр зэтраукIэну. Абыхэм зэхэдз яIэтэ- къым — сабии, лIыжь-фызыжьи, бзылъхугъи, зыхуейр яукIт.
КъинэмыщIауэ, унэхэр яхъунщIэт. Унагъуэхэм зыри къыщIанакъым, псори щIахащ. Ди къуажэр зэхуэщIауэ псэут. Уеблэмэ, блыным кIэрылъа блынгъэхуабэхэри къыкIэрахащ. Ахэр си нэкIэ слъэгъуащ. Зы унэм куэдрэ щIыхьэурэ, щIэлъыр къыщIагъэкъэбзыкIащ. Прицепхэр, машинэхэр, щыгъынхэр, унагъуэлъащIэ хьэпшыпхэр — псори зэщIакъуащ, цIыхум зыри къыхуагъэнакъым. Абы- хэм нэбгъузкIэ еплъыр яукIт, фашистхэм хуэдэт. Дэ дызэрыурысым папщIэ гужьгъэжь къытхуаIэт».
Гриненко Николай Николаевич, Куриловкэ къуажэ: «Августым Суджэ къалэм украин танкхэр къыдыхьащ.
ИужькIэ диверсантхэм жылагъуэр щIащыкIащ. ХьэкIэ- кхъуэкIагъэ куэд ялэжьащ. Псы къизыгъахъуэу щыт бзылъхугъэр, лажьэ имыIэу, яукIащ. Ар си гъунэгъу Любэт, пенсионеркэт. Псыхьэ къэкIуауэ, украин сэлэтыр IэщэкIэ еуэри иукIащ. Бзылъхугъэм и хьэдэр къыда- тыжыну сайлъэIуа щхьэкIэ, «хьэуэ» жари къысхуада- къым. Сызыбгъэдыхьа ВСУшникым и нэхэм абджым хуэдэу укIуэцIрыплът, нэ бзаджэкIэ къызэплъащ. Махуэ гуэрым адрей си гъунэгъур, фэтэрым си щхьэкIэ къыте- сыр, яукIауэ удзым хэлъу слъэгъуащ.
Кузнецов Коля 23-нэ, 25-нэ унитIым я зэпылъыпIэм деж щаукIауэ щылът. Гъуэгум узэпрыкIмэ, абдежми зы щIалэщIэм и хьэдэм дыIуплъащ. Ар абдеж щыт хадэм щыщIэтлъхьэжащ. АдэкIэ — Коля и анэр. Абыи и щхьэм шэ къызэрытехуар плъагъут. Ари абдеж щыщIэтлъхьэ- жащ. ВСУшникхэр къуажэм къыщыдыхьам ахэр япэ яукIагъэнщ. Куриловкэ гъуэгур украин хьэкIэкхъуэкIэ- хэм зэхуамыщIыху, машинэ сиIэти, си къуэшыр си гъусэу, къытхуэза цIыхухэр жылэм дэтшащ. ИужькIэ гъуэгур зэхуащIащ. Куэд темыкIыу, машинэр сIахыну къэкIуахэщ.
ЯцIыхут 21-нэ унэм сызэрыщыпсэур. Къызэрызгуры- IуамкIэ, зыгуэрэм бзэгу ихьащ. Машинэр згъэпщкIуати, украин сэлэтищым щIыгум гъущIкIэ сыхаукIыхьу щы- хуежьэм, IункIыбзэр ястащ, армырамэ, саIэщIэкIуэдэнут.
Аргуэру лъакъуэкIэ къызэуэу щIадзащ «москалхэр дэнэ?» жари. ЗыкъыщысщIэжам, си напэр лъы защIэт. Унэм хьэп- шыпу щIэлъар машинэм ираугъуаери, Iуашащ. ВСУ-хэм къытхуагъэуват сыхьэтыр 16:00 нэужьым уэрамым ды- къыдэмыкIыну, дызэраукIынури жаIащ. ЩIыунэ сиIэти, абы сисащ. Хуабжьу шынагъуэт».
Украин неонацистхэм Курск областым щызэрахьа хьэкIэкхъуэкIагъэмрэ укIыгъэмрэ щыхьэт техъуэ мы- пхуэдэ цIыхухэр мащIэкъым. Дэтхэнэми я нэкIэ ялъэгъуащ къаIуэтэжар.
Зыгъэхьэзырар ДЗЭМЫХЬ Маринэщ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.