Жьакуэ къуажэм и нэхъыжь КЪАРДЭН Хъусен Ахьмэд и къуэм илъэс 95-рэ зэрырикъуар иджыблагъэ игъэлъэпIащ. Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир къыбгъэдэкIыу юбилярым и деж хъуэхъуакIуэ щыIащ къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ Хьэщкъуей Русланрэ абы и къуэдзэ Адэмокъуэ Динэрэ.
Ди нэхъыжьыфIым хуащIа гулъытэр — ар Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм ТекIуэныгъэр къэгъэгъунэгъуным зи псэрэ зи гуащIэрэ хэзылъхьахэм пщIэ зэрахуэтщIыр къызэрыдгъэлъагъуэщ. Къардэн Хъусен Жьакуэ къуажэм къыщыхъуащ 1930 гъэм дыгъэгъазэм (декабрым) и 14-м. Классибл къуажэ еджапIэр къиуха нэужь, ар щIэтIысхьащ Черкесск дэт область еджапIэм, иужьым ищхьэ щIэныгъэ щызригъэгъуэтащ Къэрэшей-Черкес къэрал университетым филологиемкIэ и институтым. Абы и гуащIэдэкI дэфтэрым тхыгъитI къудейщ итыр: япэрауэ, ар еджапIэм и бжакIуэу щылэжьащ, итIанэ «Пхъэунэ-еджэщыр» и нэIэ щIэтащ, иужь дыдэу щэнхабзэмкIэ Унэм и унафэщIащ.
Мыбдежым абы илъэс 40 гуащIэу щигъэтIылъащ, пенсэм тIысыжыхун. Хъусенщ нобэ Жьакуэ къуажэм нэхъыжь дыдэу дэсыр. Ар пщIэшхуэ зыхуащI, бынитху къэзыIэта адыгэлIщ, къуэрылъху-пхъурылъхухэр, абыхэм къатехъукIыжахэр зи гъэфIэнщ. Илъэс бгъущIрэ тхур — ар Iущыгъэрэ нэхугъэрэкIэ гъэнщIа лъэхъэнэщ. Ди нэхъыжьым дохъуэхъу псэуныгъэ быдэрэ дэрэжэгъуэ мыкIуэщIрэ иIэу, и унагъуэм щыщхэм и гур ягъэхуабэу, махуэ къэс гуфIэрэ тхъэжу псэуну!
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.