НэхъыфIыр къыхах

2025 гъэм «Лучший учитель родного языка и родной литературы» Урысейпсо запеуэм и хэгъуэгу Iыхьэр ирагъэжьащ.
Мы зэпеуэр хуэунэтIащ анэдэлъхубзэмрэ (лъэпкъыбзэхэмрэ) литературэмрэкIэ ди егъэджакIуэ нэхъыфIхэм я IэщIагъэ IэкIуэлъакIуагъыр наIуэ къэщIыным, абыхэм дэIэпыкъуэгъу яхуэхъуным, я лэжьыгъэм мыхьэнэ зэриIэр зыхегъэщIэным, гъэгушхуэным.
Хэгъуэгу Iыхьэм и япэ махуэм «Урок», «Методическая мастерская» гъэунэхуныгъэхэмкIэ егъэджакIуэхэр зэпеуащ. Абыхэм наIуэ къащIащ я IэщIагъэмкIэ ябгъэдэлъ зэфIэкIыр. Анэдэлъхубзэмрэ литературэмрэ сабийхэм ягъэджынымкIэ къагъэсэбэп IэмалыщIэхэмкIэ, лэжьыгъэ бгъэдыхьэкIэщIэхэмкIэ адрейхэм ядэгуэшащ.

Апхуэдэу, зэпеуэм хэтащ егъэджакIуэхэу: Хьэбэз районым щыщ ЛIымаху Заретэ, Нэгъуей районым къыбгъэдэкIа Бабаджанян Зуридэ, Карачаевск къалэм къикIа егъэджакIуэ Алиевэ Ларисэ, Къэрэшей районым къикIа Джуккаевэ Тамарэ сымэ.
Зэпеуэ гъэунэхуныгъэ хэр Черкесск къалэм дэт е 9-нэ гимназием щекIуэкIащ.
КЪЭРАБЭ М.


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *