НатIэм итхамэ…

ЦIыхуу хъуам мы дунейм къытранэ я щIалэгъуэм пхаутыкIа щIэныгъэ гъуэгум, гъащIэм гъуэмылэу къыздрахьэкIам и лъэужьхэр. Ауэ IэщIагъэ нэс зэгъэгъуэтыным дапхуэдизу ущIэмыхъуэпсми, псори узэрыхуейуэ зэфIэкIкъым, къыщыхъу щыIэщ гъащIэм унафэ ткIийхэр къыщыпхуищI, уи мурадхэр пхуихъуэжу, пхузэхитхъуэу.

Черкесск къалэм дэт, зи № 11 «Егъэджэныгъэ купсэ»-м технологиемкIэ щезыгъаджэ САГЪЭ Хьэсэн Исуф и къуэр и блэкӏам щыхуеплъэкӏыжкIэ Iэджэрэ йогупсыс ди къэралым демократие зэхъуэкӏыныгъэхэр къыщымыхъуамэ, и къэкӏуэнур зэрыхъуну щытам.

Ар 1950 гъэм мэлыжьыхьым и 16-м ар къихъухьащ Хьэбэз районым хыхьэ ПсэукIэ-Дахэ къуажэм дэс адыгэ унагъуэм. 1969 гъэм курыт еджапIэр къызэриухыу, советыдзэм къулыкъу щищIэну дашащ Украинэ ССР-м и Николаевскэ областым и Первомайск къалэм. Дзэм къыщикIыжа 1971 гъэм ар лэжьапIэ Iуохьэ и къуажэм дэт «Черкесскэ» совхозым. Абдеж илъэсиплIкIэ гугъу зыщрегъэхьри, Къэрэшей-Черкес къэрал университетым и художественнографическэ факультетым щIотIысхьэ, трудымкIэ, черченэмрэ сурэт щӏынымрэкIэ ищхьэ щIэныгъэ зрегъэгъуэт. Ар иужькIэ илъэс 11-кIэ щылэжьащ республикэ къалащхьэм дэт, зи № 3 IэщIагъэ-техническэ училищэм. 1991 гъэм и шыщхьэӏум къыщыщӏэдзауэ нобэр къыздэсым «Егъэджэныгъэ купсэ»-м Iутщ.

Япэ илъэсхэм еджакIуэхэр хуигъасэт ди хэгъуэгум и мэзхэм къыщIаша пхъэм узэрелэжьын хуейм. Нобэ зэрыригъаджэ программэм зихъуэжащ, нэхъыбэу тегъэщӏапӏэ ищӏыр теорие дерсхэращ. Апхуэдэу щыт пэтми, Сагъэм иригъаджэхэм кружок къахузэригъэпэщауэ, кхъухь дахащэхэр ярегъэщI, абы и щӏалэхэм жыджэру    зыкъыщагъэлъагъуэ авиамоделизмэм, автотехникэм епхауэ къалэм щрагъэкIуэкI зэпеуэхэм икIи, педагогым къызэрыхигъэщымкIэ, и гъэсэнхэм увыпIэ лъагэхэр къамыхьауэ къыщагъэзэжа иджыри къэхъуакъым. Уеблэмэ еджапIэм щIэс нэрыбгихырягъэгуфIащ Черкесск къалэм и мэрым къыбгъэдэкIа сом мин 20 зырызкIэ.

«Егъэджакӏуэфӏу ущытын папщӏэ, щӏэныгъэ уиӏэным имызакъуэу, хьэл-щэн пыухыкӏахэри пхэлъыпхъэщ, сабийхэри фӏы дыдэу плъагъупхъэщ. Ар икIи Тхьэм къыпхилъхьа губзыгъагъэми, шыIэныгъэми, щIэныгъэщIэхэм хуэкIуэн хьэлми хуэпхь хъуну къыщIэкIынщ. Егъэджакӏуэм и ткӏиягъыр щыIэн хуейуэ еджакӏуэхэм къалъытэ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абыхэм къагуроIуэ щIэныгъэ къабгъэдэзылъхьэм лэжьыгъэшхуэ зэригуэщIыр, и ӏуэхум зэрыхуэпэжыр», — жеIэ Хьэсэн.

Зи цIэр дахэкIэ зыгъэIуа егъэджакIуэм дежкӏэ щIэблэм епсэлъэныр — хьэуа къабзэ ӏубыгъуэщ, а хьэуар еджапӏэ пэшым ену щытепщэныр насыпышхуэщ. Хьэсэн елъагъу иджырей ныбжьыщIэхэр, дауи, гъэщIэгъуэнрэ жану зэрыгупсысэр, гъащIэм нэгъуэщIынэкIэ зэрыхэплъэр, ахэр ящхькъым езым къыдеджа, и хьэблэм дэса сабийхэм. Егъэджакӏуэхэм куэдкӏэ ялъытащ абыхэм я пӏэ иувэнур хэтми. Абы къыхэкӏкӏи Сагъэм мыхьэнэшхуэ иӏэу къелъытэ педагог хъуным хущӏэкъухэм защӏэгъэкъуэным, псом хуэмыдэу, партэм дэс цIыкIухэм. АтIэ, цIыхум и псэм и дунейр щIалэху зэтоувэ икIи, ар нэхъ куу, нэхъ щIэщыгъуэ мэхъу узыхуеджа IэщIагъэм ухуэпэжу укъыщекIуэкIкIэ. Апщыгъуэм деж, уи щхьэ ухуэткӏиижщи, ӏэдэбыфIэу, жумарту, гумащӏэу уахущытщ ебгъаджэхэми, Iуэху зыдэпщIэхэми.

ЖаIэ дэтхэнэ зыми и гъащӏэ губгъуэр хисэжу, а губгъуэм хиса гупсысэхэм ӏуэхущӏафэ дахэхэр къахэ кӏыу. Сагъэ Хьэсэн и гъащIэр узыфIэмыкIыжыну купщIафIэу къехъулIащ. Нобэ ар хуэфащэ дыдэщ цӏыхубэ егъэджакӏуэу, пщIэшхуэ зыхуащI адыгэлIу къызэралъытэм. «Егъэджэныгъэ купсэм» нобэкIэ щолажьэ лъэпкъ зэхуэмыдэхэм къахэкIа егъэджакIуэ 69-рэ, щоджэ адыги, абази, урыси, къэрэшеи, нэгъуеи, узбеки, ермэлыи, нэгъуэщIхэри. IуэхущIапIэм и унафэщIщ Ляшовэ Еленэ, КъЧР-м и Жылагъуэ пала тэм и пашэр, абы егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и къуэдзэщ Муратыкъуэ Софье. ТехнологиемкIэ Хьэсэн ирегъаджэ етхуанэ-ебгъуанэ классым къриубыдэхэр.

Етхуанэ, еханэ, ебланэ классхэм дерсхэр тхьэмахуэм сыхьэтитIкIэ ярегъэIэ; еянэ, ебгъуанэ классхэм — сыхьэт зырыз. Тхьэмахуэм сыхьэт 31-рэ ятрегуашэ псори зэхэту иригъаджэ класс 19-м. Сагъэ Хьэсэн тIэунейрэ къыхуагъэфэщащ КъЧР-м и Цӏыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и Президиумым и Щӏыхь тхылъыр, Черкесск къалэм и мэрымрэ егъэджэныгъэм и лэжьакӏуэхэм я Профсоюзым и республикэ зэгухьэныгъэми унафэщӏымрэ я Фӏыщӏэ тхылъхэр. Хьэсэн бынищ иIэщ. Игорь, нэхъыжьыр, Ямалым и ищхъэрэ щытыкӏэ гугъухэм иту щӏыдагъэ къыздыщIащ щIыпIэм щолажьэ. Абы къыкIэлъыкIуэ Мурат Краснодар къалэм ухуакӏуэу дэсщ, ипхъу Маринэ — юристщ, и адэм къыкIэрысщ. Хьэсэн и щхьэгъусэ Наталье илъэситху хъуауэ яIэжкъым (Тхьэм здэкIуам щигъэтынш). Гушхуэ зыкIуэцIылъ, нэрыгъ зыщIыф цIыху закъуэхэращ жыжьэрыплъэу икIи мыхьыр зыхьыфу псэур. Хьэсэнщи, аддэ щIалэ дыдэу къыхиха лъагъуэращ, егъэджэныгъэращ, шэчыншэу, адыгэлIу къэзыгъэтэджар. Ар бгырыс нэс ирокъу. Илъэс 76-рэ зэрыхъуауи, зы махуи хуэщхьэхкъым икIи и щIэщыгъуэ хуикIкъым фIыуэ илъагъу еджакIуэхэр гъэсэным. ДыщызэбгъэдэкIыжым Хьэсэн къызжиIащ: «Си пщэдей махуэр зэрыхъунур си нэгу къыщыщIэзгъэхьэм деж, согупсысэ: псори зэрыщыту къренэж, технологиемкIэ си дерсхэр здезгъэкIуэкI пэшым щIремыкI гу хуабагъыу щIэтыр, ар, зэрыгурыIуэгъуэщи, илъэс пщIы бжыгъэкIэ узэIэбэкIыжмэ къызэщIэзгъэста мафIэм и къару нэхущ».

НАРТОКЪУЭ СулътIан


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *