Къэрэшей-Черкес Республикэм къыщыхагъэщащ СВО-м хэт зауэлIхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ дэIэпыкъуэгъу яхуэхъунымкIэ хэгъуэгум щыпсэухэм я хэлъхьэныгъэр. СВО-м хэтхэмрэ абыхэм я бынунагъуэхэмрэ защIэгъэкъуэнымкIэ КъулыкъукIуэцI комиссэм и зэIущIэ екIуэкIащ. Республикэм и вице-премьер Суюнов Джанибек иригъэкIуэкIа зэIущIэм и лъабжьэ хъуащ Хэкум и хъумакIуэм и Махуэр, бзылъхугъэхэм я Лъэпкъыбэ Махуэр — гъатхэпэм и 8-р.
ЗэIущIэр къызэIуихкIэрэ, Суюнов Джанибек къызэрыхигъэщащи, Къэрэшей-Черкесым деж, зэры-Урысейуэ хуэдэу, лIыгъэ, зэдэIэпыкъуныгъэ, зэкъуэшыныгъэ хабзэфIхэр мыкIуэщIу сыт щыгъуи къонэ. Нобэ хэгъуэгум щыпсэу цIыхубэ мин бжыгъэр зэуапIэхэм Iутхэм, абыхэм я бынунагъуэхэм дэIэпыкъуэгъурэ щIэгъэкъуэнрэ яхуохъу. Апхуэдэ щытыкIэр и щхьэусыгъуэу, зэIущIэм щагъэлъэпIащ граждан зэхэщIыкI лъагэ къызыкъуэкIхэр, щIэблэм щапхъэгъэлъагъуэ хуэхъухэр, текIуэныгъэм хэлъхьэныгъэ хуэзыщIхэр.
ГуфIэгъуэ дауэдапщэм хэту апхуэдэхэм хуагъэфэщащ «Зыуэ щыт Урысей» партым и хэгъуэгу къудамэм, Афганистаным, нэгъуэщI щIыпIэхэм щекIуэкIа зауэхэм я ветеранхэм я Союзым, ОНФ-м и хэгъуэгу Исполкомым, КъЧР-м гуащIэдэкIымрэ социальнэ зыужьыныгъэмрэкIэ и Министерствэм къабгъэдэкIа нагъыщэхэр, ЩIыхь тхылъхэр.
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.