Къэуэныгъэ къызэрагъэхъунымкIэ, минэ зэрыщIалъхьамкIэ хъыбар нэпцIхэр зыгъэIухэм я мурад нэхъыщхьэр — жылагъуэ зэпIэзэрытыныгъэр зэхэтхъуэныр, цIыхухэр гужьеигъуэ игъэхуэнращ.
Апхуэдэ хъыбар нэпцIхэр зэбгрызыгъэкI гуп щхьэхуэр нобэ куэду къэунэхуащ. А псори зыхуэунэтIар — хэгъуэгу зэхуэмыдэхэм, зэрыкъэралу щыIэ зэпIэзэрытыныгъэр, тыншыгъуэр зэтекъутэнращ, цIыхухэр ягъэщтэнращ, жылагъуэм и шынагъуэншагъэм шэч къытрырагъэхьэнращ, спецкъулыкъухэр лэжьыгъэкIэ щIагъанэу, гъэзэщIэн хуейуэ щыIэ лъэпощхьэпохэм къыпэрышынращ.
Апхуэдэ хъыбар нэпцIхэр нэхъыбэу къыздикIыр хамэ къэралхэращ. Абы къегъэлъагъуэ ди мыныбжьэгъу къэралхэм урысей цIыхухэм я зэпIэзэытыныгъэмрэ Iэдэбыгъэмрэ зэхатхъуэным зэрыхущIэкъур. Зытхамрэ къызыбгъэдэкIамрэ мыбелджылыуэ, абыхэм хъыбар мыпэжхэр пощт ашычхэмкIэ зэбграгъэкI.
Ди жагъуэ зэрыхъущи, Интернетым и къэухьхэм деж я мынэIуасэхэм я Iуэхутхьэбзэхэр хуагъэзащIэу жаIэу, апхуэдэ хабзэншагъэхэр зылэжьхэр ди ныбжьыщIэхэми къахокI. Псалъэм папщIэ, урысей хэгъуэгухэм ящыщ зым илъэс 14 хъу ныбжьыщIитIым мессенджер цIэрыIуэм иIэ «гуп зэхуэщIам» мынэIуасэ гуэрхэм я деж заказ ящIащ езы дыдэхэр здеджэ еджапIэм террор лэжьыгъэ щалэжьыну зэрагъэхьэзырым теухуа хъыбар нэпцIыр яутIыпщыну. Хабзэхъумэхэм зэуэ къыщIагъэщащ а еджакIуэхэр икIи уголовнэ Iуэху къыхуаIэтащ.
Фигу къыдогъэкIыж, терроризм унэтIыныгъэм хуэгъэзауэ хъыбар нэпцIхэр зэбгрызыгъэкIхэм, УФ-м и УК-м и 207-нэ статьям ипкъ иту, уголовнэ жэуаплыгъэ ирагъэхьынущ. Апхуэдэ жэуаплыгъэм ирашэлIэнущ илъэс 14 зи ныбжьхэм къыщыщIэдзауэ. Тралъхьэну тезырыр елъытащ щIэпхъаджащIэм илэжьыну и мурадам, абы жылагъуэм шынагъуэу къыхуихьыну щытамрэ а Iуэхугъуэм кърикIуамрэ ялъытауэ.
Щапхъэ, зэраныгъэкIэ (хулиганство) залымыгъэр илэжьамэ — цIыхухэр хэкIуэдэнкIэ шынагъуэ къызыпыкI къэуэныгъэм е мафIэ щIэдзыныгъэм, жылагъуэм шынагъуэншагъэ къыхуэзыхь нэгъуэщI къэхъукъащIэхэм ятеухуа хъыбарыпцIыр зыгъэIуам тезыру тралъхьэнкIэ хъунущ сом мин 200-м къыщыщIэдзауэ сом мин 500-м нэс, е илъэсищкIэ хьэпсэ ящIынущ, е егъэзыгъэкIэ илъэси 2-3-кIэ ягъэлэжьэнущ.
Апхуэдэ щIэпхъаджагъэр социальнэ инфраструктурэм и къулыкъущIапIэхэм (сымаджэщхэм, еджапIэхэм, сабий IыгъыпIэхэм, сату-зыгъэпсэхупIэ купсэхэм, нэгъуэщIхэм) иращIылIамэ, е сом мелуаным нэхърэ нэхъыбэ хэщIыныгъэ ирагъэгъуэтамэ, а хабзэкъутэныгъэр къэзыгъэхъуам тезыру тралъхьэнущ сом мин 500-м къыщыщIэдзауэ сом мин 700-м нэс, е илъэси 3-5-кIэ ягъэтIысынущ.
Властым и къулыкъухэм я лэжьыгъэр къэгъэтIэсхъэн мурадкIэ а хьэгъэщагъэхэр зылэжьам тезыру тралъхьэнущ сом мин 700-м къыщыщIэдзауэ сом мелуаным нэс, е илъэси 6-8-кIэ хьэпсэ ящIынущ.
Мысакъыныгъэм къыхэкIыу цIыху гъащIэ ихьамэ, е нэгъуэщI Iуэху хьэлъэ къигъэхъуамэ, тезыру тралъхьэнущ сом мелуан 1,5-м къыщыщIэдзауэ сом мелуани 2-м нэс, е илъэси 8-10-кIэ ягъэтIысынущ.
ИщхьэкIэ зи гугъу тщIа щIэпхъаджагъэхэм жылагъуэмрэ къэралымрэ я зэпIэзэрытыныгъэр ягъэлъэныкъуабэ, предприятэхэм, IуэхущIапIэхэм, транспорт коммуникацэхэм я лэжьэкIэ зэтегъэпсыхьар екъутэ, цIыхухэр гужьеигъуэ ирегъахуэ. Нэхъ шынагъуэжыр аращи, цIыхухэм я набдзэгубдзаплъагъэр егъэлъахъшэ.
ЕЗАУЭ Маринэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.