МэжджытыщIэм и япэ мывэ

 КъЧР-м и Іэтащхьэ Темрезов Рэшид хэтащ Бердиев хьэжы Исмэхьил и цІэр зэрихьэу, Карачаевск къалэм дащІыхьыну мэжджытым и япэ мывэр гъэтІылъынымкІэ дауэдапщэм. Мы Іуэхугъуэр ирагъэхъулІащ Рэмэдан мазэ лъапІэм, абы лъабжьэ хуэхъуащ хэгъуэгум и Іэтащхьэм и унафэр.

Ухуэныгъэм и пэублэ Іуэхум хэтащ КъЧР-м и муфтий Эркенов хьэжы Мухьэммэд, Пятигорскрэ Черкесскрэ я архиепископ Феофилакт, УФ-м и Президентым деж щыІэ, динырылажьэ организацэхэм зэпыщІэныгъэ ядэІыгъынымкІэ Департаментым и унафэщІым и къуэдзэ Файзуллин Алмаз, Ставрополь крайм и муфтий Рахимов хьэжы Мухьэммэд, Правительствэм хэтхэр, республикэм и ЦІыхубэ ЗэІущІэм и депутатхэр, республикэм и къалэхэмрэ районхэмрэ я Іэтащхьэхэр, Исмэхьил хьэжы и гъунэгъухэмрэ и Іыхьлыхэмрэ.

Іуэхур къызэІуахащ КъурІэным ит сурэм къеджэнымкІэ. Апхуэдэ щІыхьыр хуагъэфэщащ Бердиев хьэжы Исмэхьил и пхъурылъху, хьафиз Кубанов Шэхьэбан. Къызэхуэсахэм захуигъазэкІэрэ, Темрезов Рэшид жиІащ мэжджытым дин, лъэпкъ зэкъуэтыныгъэ я  лъэныкъуэкІэ республикэм и мызакъуэу, зэры-Кавказу, Урысей Федерацэми мыхьэнэ хэха зэриІэр.

«Исмэхьил хьэжы и хэку  цІыкІуми, Урысейми я тхыдэм хэмыгъуэщэжын лъэ­ужь къыхинащ. Ар — Ищхъэрэ Кавказым и Координационнэ купсэм и япэ  тхьэмадэу щытащ икІи а ІэнатІэр илъэс 20-м щІигъукІэ зэрихьащ. Къэрэшей-Черкес Республикэм и муслъымэнхэм я Духовнэ Управленэм и пашэу щыткІэрэ, 1990 гъэхэм Исмэхьил хьэжы хэлъхьэныгъэшхуэ хуищІащ ислъам дин зыужьыныгъэм. Апщыгъуэми ар щыпкъэу и телъхьэу щытащ мамырыгъэр, къэгъэщІыныгъэр, зэкъуэтыныгъэр, зыуэ щытыныр, дин, лъэпкъ зэзэгъыныгъэр ди къэралым щытепщэным.


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *