МафIэсгъэункIыфI план

Къэрэшей-Черкесым и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид къищтащ 2025 гъэм хэгъуэгум и щIыналъэм мэз мафIэсхэр зэрыщагъэункIыфIыну гъэпсыкIэхэм  я своднэ план.

Планыр зэхалъхьащ республикэм и мэз хъызмэтитхум я планхэр зэрахьэлIэжри, икIи абы щагъэгъуэзащ Ипщэ, Ищхъэрэ-Кавказ Федеральнэ хэгъуэгухэм (ЮФО-м, СКФО-м)  я мэз хъызмэт Департаментыр, Авиалесохранэр, мэз хъызмэтым и Федеральнэ агентствэр.

МафIэс шынагъуэ щыщыIэ пIалъэм зыхуэгъэхьэзырыныр яублащ гъатхэр къихьэным зэман куэд иIэу. КIэлъыплъыныгъэ мониторингыр щрагъэкIуэкI дэтхэнэ муниципальнэ къэхъугъэми. Дэфтэрым (планым) къыщыгъэлъэгъуащ мэз мафIэс дзэ пакIэхэр зэрызэхэгъэувамрэ абыхэм яхэт цIыху бжыгъэмрэ, зыхуэныкъуэ мафIэсгъэункIыфI техникэмрэ оборудованэмрэ, мафIэсгъэункIыфI фащэмрэ Iэмэпсымэхэмрэ, апхуэдабзэу, мэз мафIэсхэр ягъэункIыфIын папщIэ къагъэсэбэп подразделенэхэм, аварийно-къегъэлакIуэ гупхэм я къарухэмрэ къагъэсэбэп Iэмалхэмрэ, резерв къызэгъэпэщыным хуэунэтIа гъэпсыкIэхэр.

2025 гъэм мафIэсгъэункIыфI къарухэмрэ Iэмалхэмрэ къызэщIаубыдэ цIыху 2016-рэ (2024 гъэм нэхърэ 867-кIэ нэхъыбэщ), техникэ лIэужьыгъуэу 153-рэ (нэгъабэ нэхърэ 67-кIэ нэхъыбэщ).

Планым хохьэ мафIэсгъэункIыфI Iэмалхэм я комплекс: нэгъабэрей удзыр, къудамэ гъурхэр, жыг паупщIахэм къакIэрыхуахэмрэ нэгъуэщI пхъэнкIиймрэ мэзхэм къыщIагъэкъэбзыкI, мафIэсыр зымыгъакIуэ минерализованнэ кусэхэр ягъэпс.

Абы дэщIыгъуу мы планым къыщыгъэлъэгъуащ мэзхэм мафIэс шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщынымрэ щIыуэпс мафIэсхэр гъэункIыфIыжынымрэ япкъ иту ведомствэхэр зэрызэдэлажьэ щIыкIэр.

Ари фигу къэдгъэкIыжынщи, мы гъэр къызэрихьэрэ, Къэрэшей-Черкесым и щIыналъэм мэз мафIэс къыщыхъуакъым. МафIэс шынагъуэм и лъэхъэнэр  республикэм щыщIидзащ гъатхэпэм и 1-м (абы теухуа дэфтэр къищтащ республикэм и Правительствэм).

Мэз мафIэсым е мэзхэм я гъунэгъу щIыпIэхэм къыщылыба лыгъэм гу лъыфтамэ, фыпсалъэ мэзхъумэхэм я «зэпыщIэныгъэ псынщIэ» телефон пщIэншэмкIэ: 8-800-100-94-00.

ЗЕКIУЭЛI Хьэмыщэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *