МафIэс шынагъуэншагъэ

Къэрэшей-Черкес Республикэм къызэрымыкIуэ щытыкIэхэр къэмыгъэхъунымрэ къэхъуагъэххэхэм я зэраныр гъэзэкIуэжынымрэкIэ, мафIэс шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынымкIэ щыIэ Комиссэм 2025 гъэм гъатхэпэм и 6-м иригъэкIуэкIа зэIущIэм къыщахьа унафэр гъэзэщIэным и къэухьхэм иту, Хьэбэз муниципальнэ районым и Iэтащхьэм и къуэдзэ Унэжь Олег зэIущIэ иригъэкIуэкIащ. Ар теухуауэ щытащ МЧС-м и Хьэбэз район къуда мэхэр мафIэс шынагъуэ къыщыхъей гъатхэ-гъэмахуэ пIалъэм мэз, губгъуэ мафIэсхэр гъэункIыфIыжыным зэрыхуэхьэзырым.

Зэпсэлъэныгъэм хэтащ Хьэбэз муниципальнэ район администрацэм граждан зыхъумэжыныгъэмрэ (ГО) къызэрымыкIуэ къэхъугъэхэмрэкIэ (ЧС) щыIэ къудамэм и унафэщI Токъубай Къэхъун Урысей Федерацэм и МЧС-м Хьэбэз, Абазэ районхэм щиIэ Управленэ нэхъыщхьэм и унафэщI, къэралкIуэцI къулыкъум и подполковник Даур Ю. Урысей Федерацэм и МЧС-м Къэрэшей-Черкесым щиIэ къудамэм и унафэщI, къэ ралкIуэцI къулыкъум и лейтенант нэхъыжь Аслъэнхэ А. Урысей Федерацэм и МВД-м и Хьэбэз муниципальнэ от делым и унафэщI, полицэм и лейтенант Къардэн А., Хьэбэз участковэ мэз хъызмэтым и участковэ мэзхъу мэ Акъ А. сымэ.

ЗэIущIэм къыщахьа унафэм ипкъ иту: Къулыкъу псо лэжакIуэ гупым мэкъу мэшхъызмэт предприятэхэм къыщызэригъэпэщынущ икIи щригъэкIуэкIынущ ягъэIэпхъуэ зэIущIэхэр, мэз фондым къекIуалIэ щIы Iыхьэхэр мафIэс шынагъуэншагъэм къигъэув мардэхэм иту къызэрагъэсэбэпыр щIиплъыкIын папщIэ; ГО-мрэ ЧС-мрэкIэ къудамэ хэм Iэмалхэм (интернетым, газетхэм) щрагъэкIуэкIынущ агитацэ-пропагандэ лэжьыгъэ, мафIэс къэмыгъэхъуным хуэунэтIа щытыкIэмрэ мафIэс шынагъуэншагъэ мардэхэмрэ зэрагъэзащIэм теухуауэ; мэкъумэш хъызмэтымрэ дыкъэ зыухъуреихь дунейр хъумэ нымрэкIэ къудамэм щIы гур къэзыгъэсэбэпхэм зэ IущIэхэр ядригъэкIуэкIы нущ удз гъуамрэ гъавэр здыIуахыжа губгъуэ тафэм къина гъавэ кIэрыхубжьэ рыхухэмрэ ягъэс зэрымыхъунум теухуауэ.

2025 гъэм гъатхэпэм и 14-м Къулыкъупсо лэжа кIуэ ягъэIэпхъуэ дауэдап щэ иригъэкIуэкIащ щIыгур къэзыгъэсэбэпхэм мафIэс шынагъуэншагъэм къигъэув къалэнхэр мэз фондым къекIуалIэ щIы Iыхьэхэм зэрыщагъэзащIэр щIэплъыкIыным хуэгъэзауэ. Мы Iуэхухэр зэхашащ мафIэс шынагъуэ щыщыIэ гъатхэ гъэмахуэ пIалъэм зыхуэгъэхьэзырыным, мэз, губгъуэ мафIэсхэр гъэункIыфIыжыным я къэухьхэм иту. Къэрэшей-Черкесым къызэрымыкIуэ щытыкIэхэр къэмыгъэхъунымрэ къэхъуагъэххэхэм я зэраныр гъэкIуэдыжынымрэкIэ, мафIэс шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщынымкIэ щыIэ Комиссэм 2025 гъэм гъатхэпэм и 6-м къихьа унафэр гъэзэщIэным хуэунэтIауэ.


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *