ЦIыху къэси зы гъащIэ лIэужь къызэрыщIэнэм хуэдэу, лъэпкъхэми тхыдэ къызэранэкIым къыхонэ я лъэужь махуэхэр. Адыгэхэм уатепсэлъыхьми, зэман жыжьэм къыпхыкIа лъэпкъыжьу зэрыщытым и нэщэнэу, здыщыпсэуа, ноби здыщыпсэу и Хэкум тхыдэ нэпкъыжьэхэр къыщигъэнащ. Абыхэм ящыщщ лъэпкъыр нобэ зригушхуэ, зи хъыбаржыыр щIэблэхэм зэIэпах Iэдииху чэщанэр, хэгъуэгум и щIыпIэ зэхуэмыдэхэм къэна нэгъуэщI лъэужьхэр.
ЛIыщIыгъуэ бжыгъэ мымащIэ къэзыгъащIэу, ди зэманым къынэса тхыдэ лIэужьхэр псалъэфтэмэ, дауи, хъыбар гъэщIэгъуэн куэд къытхуаIуэтэжынут. АрщхьэкIэ, ар зэфIэмыкIынщ, зауэ-банэм къыхэмыкIыу, IуэрыIуатэм къинэмыщIу, нэгъуэщI тхыдэ зэхуэхьэсыпIэ зэзыгъэпэщын зыхузэфIэмыкIа лъэпкъым и къекIуэкIыкIар къэпхутэжыныр псынщIэкъым. Аращ адыгэм къикIуа гъуэгуанэм теухуауэ езы лъэпкъым щыхьэтлыкъ мащIэ щIиIэжыр. И нэхъыбэр къыздыщагъуэтыжыр нэгъуэщI лъэпкъхэм, къэралхэм щыщ тхыдэтххэм, щIэныгъэлIхэм, а зэманым Адыгэ Хэкум щыхьэщIахэм я IэдакъэщIэкIхэм дежщ.
Нобэ дытепсэлъыхьмэ тфIэигъуэщ Псыжь псыхъуэм и ипщэ лъэныкъуэмкIэ ижь-ижьыжым къыщегъэжьауэ щызэфIэт Шыуанэ къулъшырыфым (Шоанинский храм). Тхыдэтххэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, Х-нэ лIыщIыгъуэм и япэ Iыхьэм зэфIагъэувауэ, мы къулъшырыфыр чристан тхьэлъэIу екIуэлIапIэщ. Византие ухуэкIэмкIэ зэфIагъэуващ ар, Псыжь епископием и купсэу къекIуэкIащ.

Къулъшырыфым Iутт сату гъуэгуанэшхуитIым: зыр Псыжь бгъурытурэ Тебэрды дэхьэти, Клухор щхьэдэхыпIэмкIэ Согъум екIуалIэт; адрейр Лабэ псыхъуэшхуэм къыщегъэжьауэ, Псыжь лъэныкъуэмкIэ къиунэтIти, МарэкIэ дэхьэти, Гумбаши щхьэдэхыпIэм хуэкIуэт. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, цIыху къызэрыкIуэхэм къыщегъэжьауэ, лъэпкъхэм, къэралхэм я зекIуапIэ гъуэгуанэр къулъшырыфым екIуалIэт.
Абы къыщымынэу, сатуущIэ закъуэтэкъым мы гъуэгур къэзыгъэсэбэпыр. Зауэ-банэкIэ ежьа дзэ пакIэхэри, хъунщакIуэ гупхэри, нэгъуэщIэхэри мы гъуэгумкIэ кърикIуэт, щхьэдэхыпIэм и лъэныкъуитIымкIи къыхуэкIуэт. Абы папщIэ, къулъшырыфым и Iэхэлъахэр быдапIэу ягъэпсат, я щхьэ зэрахъумэжыным хуэдэу яухуат.
ЗэрыгурыIэугъуэщи, Шыуанэ къулъшырыфыр чыристан тхьэлъэIущIапIэу зэрыщытым къыхэкIкIэ, ислъам диным зиубгъун щыщIидза зэманым тыншыгъуэ ихуакъым. Абы и тхыдэ жыжьэхэр иджыкIэ нэгъэсауэ къэмыхутами, ХVIII лIыщIыгъуэ пщIондэ пасэ тхылъ гъэтIылъыгъэ ин къулъшырыфым щыIауэ къаIуэтэж. Иужьым ар лъэужьыншэу кIуэдащ.
Адыгэхэм сыт хуэдэ зэманми къыпхыраха динхэр ямыгъэкIуэду зыхапщащ. Абы и лъэужь ноби хэплъэгъуэнущ лъэпкъым. Шыуанэ къулъшырыфри зи IэрыкIыр адыгэ чристанхэщ. Абы ехьэлIауэ лъэпкъ зэхуэмыдэхэм къыхэкIа тхыдэтххэр куэду зодауэ, щыхьэтлыкъхэр къахь, къулъшырыфым и цIэр я бзэкIэ зэрадзэкI.
И фIэщыгъэцIэр къызытекIам ухуэкIуэжмэ, япэ щIыкIэ жыIэпхъэщ къулъшырыфым и цIэр зытращIыхьа бгым и цIэм къызэрытекIар. Абы ехьэлIауэ еплъыкIэ зыбжанэ къэпхьыфынущ. Шыуанэбгым (гора Шоана) и цIэр адыгэбзэм къызэрыхэкIар къыбжеIэ езы псалъэм. Апхуэдэ фIэщыгъэцIэм гъэщIэгъуэн гуэри хэлъкъым, жыжьэу укъаплъэу, бгым и теплъэр къызэщIэбубыдэмэ: ар шы уанэ зэтелъым нэгъэсауэ ещхьщ. Абы щыхьэт техъуфынущ хэти, къыбгъэдэт бгыщхьэ нэхъ лъагэхэм укъытеувэу, бгым укъеплъмэ.
Абы къыщымынэу, нэгъуэщI зы еплъыкIи наIуэ пщIыфынущ. Пасэ тхыгъэжьхэм бгым и цIэр къызэрыхэщыжыр «Чана» цIэр зэрихьэущ. Гугъуехь гуэри хэмылъу, ар «кIанэ» псалъэм къызэрытекIар наIуэ пщохъу. Апхуэдэ фIэщыгъэцIэри зэрыпэжынкIэ хъунум и щыхьэтщ бгым, абы и Iэгъуэблагъуэ нэпкъхэм я теплъэр тхыдэтххэми, географ къэплъыхьакIуэхэми дзэ кIанэ къутахуэхэм зэрырагъэщхьыр: «острые, словно зубы дракона», «зубцы скал», «зубчатые вершины» — ахэращ щыжыIар бгым тепсэлъыхь тхыгъэхэм.
Нэхъ гъэщIэгъуэныжыр, зытращIыхьа бгым и цIэкIэ еджэу щIадзэу, ар къызытена Шыуанэ къулъшырыфым нэгъуэщI фIэщыгъэцIи зэрызэрихьэу щытаращ – «Хъумэрэ къулъшырыф». «Словно грозный страж, здесь стояла одинокая Шаонинская скала, на отроге которой высился Хумаринский храм»,- щыжыIащ мы щIыпIэхэм тепсэлъыхьу, лIыщIыгъуэ бжыгъэкIэ узэIэбэкIыжмэ ятха Ищхъэрэ Кавказым и чыристан дин тхыдэм хэзыгъэгъуазэм. (из серии «Материалы по истории Церкви», кн. 1 (Издание об-ва любителей церковной истории, Москва, 1992).)
Къулъшырыфыр адыгэ чыристанхэм зэраIэрыкIыр яцIыху тхыдэтххэм, арами ар жамыIэу, нэгъуэщI лъэпкъ лIэужьхэм хуагъэфащэмэ яфIэкъабылщ. АрщхьэкIэ, псори апхуэдэкъым. Псалъэм папщIэ, осетин тхыдэтх, краевед Баскаев Асланбек «Экспертиза власти» Урысей журналым зэпсэлъэныгъэ дищIам наIуэу щыжиIащ: «Мы къулъшырыфыр адыгэхэм ящIащ чыристан диныр щаIыгъа зэманым». АдэкIи пещэ: «Си лъэпкъэгъу дыдэхэр – осетинхэр куэдрэ къызодауэ, «мыр ди адэжьхэращ- Аланхэращ зыщIар, абы шэч щIыхэплъхьэххэр сыт?» жэуэ. Арами, пэжыр – пэжу щытын хуейщ. Сыт Iейуэ хэлъыр адыгэхэм ягу къагъэкIыжмэ чыристану щыщыта зэманыр?» (тхыгъэр Интернетым щывгъуэтынущ).
Адыгэхэм я тхыдэм ехьэлIа Iыхьэхэр зэхуэтхьэсыжын, дджын папщIэ, мыхьэнэ нэгъэса еттыпхъэщ сыт и лъэныкъуэкIи ехьэлIауэ: хабзэми, динми, нэгъуэщIми – лъэпкъым къудамэ зэхэкIыу иIам. А псор зы пщIыжмэ, апщыгъуэращ абдж сурэт къутахуэм хуэдэу ди тхыдэри щызэхэувэжынур. Абы и щыхьэтщ Шыуанэбгым тет къулъшырыфри. Зэманми, тхыдэми я напэкIуэцIхэр лIыщIыгъуэ бжыгъэу къызэзыгъэдзэкIа къулъшырыфым и лъабжьэр, къекIуэкIыкIар къэзыхутэным, нэгъэсауэ и купщIэр къэзыгъуэтыным иджыри йожьэ.
КIэмрыгу Iэминрэ Бемырзэ Зурабрэ ягъэхьэзыращ.
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.