ЛIымахухэ я щIалитхур

Хэку зауэшхуэм и гуауэр зылъэмыIэса зы унагъуи искъым ди къэралым. Ар гуауэшхуэщ. Псом хуэмыдэу гуауэ дыдэ къызылъысар зи къуэхэр къэзмыгъэзэжа анэ-адэхэращ. Яхэтщ апхуэдэхэм зи къуэ закъуэр зыфIэкIуэдахэри, щIалитI, щы, плIы къызыхуэмыкIуэжахэри. Ауэ, дауэ анэгум хуэшэчыну къуитхум къыщамыгъэзэжакIэ? Апхуэдэ унагъуэхэр мащIэкъым. Абыхэм ящыщщ Хьэгъундыкъуей къуажэм щыщ ЛIымахухэ Исуфрэ КIуцэрэ.

Лажьэу шхэжу, зэгурыIуэрэ зэдэIуэжу зэдэпсэу зэщхьэгъусэхэм бынибгъу зэдагъуэтащ. Я щIалэ нэхъыжь Iэюб 1897 гъэм къэхъуащ, абы къыкIэлъыкIуащ Екъуб, Исхьэкъ, Исмэхьил, Ехья, Абдулыхь, къахуэхъуащ хъыджэбзищи.

Зи гъащIэ псор мэкъумэшыщIэу къэзыхьа зэщхьэгъусэхэм я бынхэри езыхэм хуэдэу лэжьакIуэшхуэхэу къэтэджащ. Къуажэм дэт еджапIэм еплIанэ-ебланэ классхэр къыщаухри, лэжьыгъэм зэуэ пэрыувахэщ. 1931 гъэм къуажэм колхоз къыщызэрагъэпэщым, мылъкуу ябгъэдэлъар халъхьэри, анэ-адэри абыхэм я бынхэри абы хыхьащ. ЩIалэ нэхъыжьхэм унагъуэ ящIащ.

Ауэ нэхъыщIэ дыдэ Абдулыхь иджыри щIалэ къэмышэт, къуажэм щызэхэт комсомол организацэм и секретару лажьэт. Апхуэдэу, 1940 гъэм и щIышылэ мазэм ар къулыкъум ираджэ.

Ар хэхуащ Польшэм и щIы гъунэм къулыкъу щызыщIэ дзэм. Щежьэм и адэ Исуф мыпхуэдэу жриIат: «Мис, лIы ухъуащ, къулыкъум уашэ, дыкъомыгъэукIытэ, лIыгъэ зыхэгъэлъ, адыгэ напэр тумых».

Адэм и псалъэхэр и тхьэкIумэм икIтэкъым щIалэм, абы и ущием тету ирихьэкIт и къулыкъур. И пщэм сыт хуэдэ Iуэху къыдамылъхьами, жэуаплыгъэ хэлъу бгъэдыхьэт, унафэщIхэм ягу дыхьэу игъэзащIэт.

Абы къыхэкIыу, Абдулыхь дзыхь къыхуащIри, отделенэм и командиру ягъэув.

Анэ-адэм частым и командирым къыбгъэдэкIа фIыщIэ псалъэхэр зэрыт тхы-

лъыр къаIэрохьэ. Я щIалэм ирогушхуэ Исуфи КIуци. Езы Абдулыхьи унагъуэм щIэхщIэхыурэ письмо къахуригъэхьт. Езыр емыджэфми, анэм тепсэпсыхьу ахэр зэрихьэт, и пхъуантэм щызэхуихьэст. Абдулыхь ягу къыщыкIкIэ, письмохэр къащтэурэ, зэIэпахыурэ еджэт.

Псори хъарзынэт, ЛIымахухэ зэгурыIуэу, зэдэIуэжу псэут, зыхэт колхозым трудодень баш нэхъ къалъимыгъэсми, щIалэхэм хьэрэчэт зэхуэмыдэхэр зэрахьэт, я бынхэр ягъэмэжалIэтэкъым. Ахэр къахунэмыгъэсыжу пэплъэт Абдулыхь и къулыкъур иухыу къыщигъэзэжыным, гу щыщахуэжынум. Ауэ апхуэдэ гугъэр къызэпеуд Хэку зауэшхуэм.

Япэ дыдэ абы и удын хьэлъэр къытохуэ щIы гъунэм Iут Абдулыхь. Зэпоу и письмор, анэр гусыс хэхуащ, унэм щIэзэгъэжкъым. Абы и гузэвэгъуэм аргуэру къыхохьэж гузэвэгъуитху. 1941 гъэм Исуфрэ КIуцэрэ я пщIантIэм зым адрейр кIэлъыкIуэу докI иджыри къэс Iэ далъэу къабгъэдэса я щIалитхури — Iэюб, Екъуб, Исхьэкъ, Исмэхьил, Ехья сымэ. Бий хьэщхьэрыIуэм пэщIэувэну, къэралыр яхъумэну зыкъэзыIэта я къуажэгъухэм я гъусэу ахэр зауэм докI.

Iэюб хохуэ Ипщэ-КъухьэпIэ фронтым, лIыгъэ къигъэлъагъуэу мэзауэ 1942 гъэм и август мазэ нэгъунэ. Анэ-адэм къаIэрохьэ письмо, уIэгъэ хьэлъэ хъуауэ сымаджэщым зэрыщIэлъыр иту. Iэюб и лъэ къытрагъэувэж, арщхьэкIэ дохутырхэм къалъытэ адэкIэ зауэм хэбгъэт мыхъужыну икIи зауэм къыхагъэкIыж. Арами, ар Iуэхуншэу щыскъым. Зауэм щыхиха фэбжьышхуэр зэрытелъу цIыхухъуIэ хуэныкъуапэ колхозым хохьэ икIи бригадиру ягъэув. Абы хуэфащэ къару ирехьэлIэ фронтыр ерыскъыхэкIхэмкIэ къызэгъэпэщыным.

Исуфрэ КIуцэрэ Алыхьым фIыщIэшхуэ хуащI я къуэ нэхъыжьыр ныкъуэдыкъуэми псэууэ зауэм къызэрыхэкIыжам папщIэ. Тхьэм йолъэIу адрей я щIалэхэри къахуихъумэну, узыншэу зауэм къыхихыжыну.

Ауэ адэ-анэм я лъэIур ящхьэпакъым — зауэм и удыныр хьэлъэ дыдэу ятехуащ ЛIымахухэ, зэкIэлъыкIуэу я къуитхуми я гуIэ тхылъхэр къызэкIэлъыкIуащ. КъухьэпIэ фронтым щызэуа Екъуб 1942 гъэм и дыгъэгъазэ (декабрь) мазэм яукIащ. КъухьэпIэ, Ищхъэрэ-КъухьэпIэ фронтхэм Iута Исхьэкъи 1942 гъэм Харьков хуит къыщащIыжым екIуэкIа зэхэуэ гуащIэм хэкIуэдащ. Ар яхэтащ 300 фочауэ дивизэм.

ЩыщIалъхьэжащ Харьков областым хыхьэ Хотомля къуажэм. Фин зауэми хэта, нэмыцэдзэми пэщIэува Ехья 1943 гъэм и щхьэр егъэтIылъ. Исмэхьил лIыгъэрэ хахуагъэрэ къигъэлъагъуэу зэуащ. Ар КъухьэпIэ, Япэ Украинэ фронтхэм щызэуащ 327-нэ фочауэ ротэм хэту. 1944 гъэм Польшэм щаукIащ. Варшавэ воеводствэм хыхьэ Хадково къуажэм щыщIалъхьэжащ.

Псом япэ хэкIуэдар я нэхъыщIэ дыдэ Абдулыхьт.

Польшэ щIыгъунэр къызэпызытхъа нэмыцэдзэм япэщIэтащ лIыгъэшхуэ къигъэлъагъуэу. Зырыз-тIурытIурэ и отделенэм хэта зауэлIхэр къаукI, езыми и щхьэр хелъхьэ.

Мис апхуэдэу ЛIымахухэ я щIалитхури хокIуадэ.

Исуфрэ КIуцэрэ ехь гукъеуэшхуэм, анэм жэщи махуи нэпсыр щIегъэкI. Ищтэкъым и псэм гуIэ тхылъхэр, зикI и фIэщ хъукъым и щIалэхэм къамыгъэзэжыну. АрщхьэкIэ анэм и гугъэр гугъэ нэпцIу къыщIокI, къыхуэкIуэжкъым фIыуэ илъагъу, гугъу зыдехьу ипIа и щIалэхэр.

СыткIэ бгъэбэяуфынут и къуитхури зимыIэж анэр?

ЩыIэтэкъым абы и гур щабэ зэрыпщIыфын псалъэрэ ущиерэ. Ауэ езым и фIэщ хъутэкъым и щIалэхэр къыкъуэмыкIыжыну, «ди анэ» жаIэу и пащхьэ къимыувэжыну. Апхуэдэ гугъэр иIэурэ КIуцэ бампIэм ихьыжащ — дунейр къытеункIыфIащ.

Нобэ ЛIымахухэ Исуфрэ КIуцэрэ зытеса, я щIалихыр къыздэхъуа, здэпсэуа уэрамым лIыхъужьхэм я цIэхэр зэрехьэ. Зэкъуэш нэхъыжьхэм къатехъукIа щIэблэм адэшхуэхэм я фэеплъыр яхъумэ. Iэюб и къуэрылъху ЛIымаху Эдуард и унагъуэм хуэсакъыпэу щызэрахьэу къыщыдогъуэт Исхьэкъ, Исмэхьил, Ехья, Абдулыхь, Iэюб сымэ я сурэтхэр. Ди жагъуэ зэрыхъущи, Екъуб и сурэтыр хъума хъуакъым.

Зыгъэхьэзырар ЕЗАУЭ Маринэщ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *