ЛIыхъужьым и фэеплъу

УРЫСЕЙМ и ЛIыхъужь Къардэн Уэхьид и цIэр зезыхьэ ПсэукIэ-Дахэ къуажэ курыт еджапIэм Украинэм щекIуэкI зауэ операцэ хэхам лIыхъужьыгъэ щызэрихьэу хэкIуэда, Суворовым и медалымрэ «Мужество» орденымрэ къызыхуагъэфэща АБРЭДЖЫКЪУЭ Тимур Уэхьид и къуэм и цIэкIэ «Парта Героя» къызэIуахащ.

ЛIыхъужьым и цIэкIэ партэр къызэIухын щIыхьыр хуагъэфэщащ и анэ Заремэ, къыдалъхуам и бын Абрэджыкъуэ Амир, е 11-нэ классым хэс Унэрокъуэ Миланэ сымэ. Абы япэ дыдэ дагъэтIысхьащ е 3-нэ «Б» классым хэс Абрэджыкъуэ Амиррэ еджапIэм фIы дыдэу щеджэ Кэп Миланэрэ.

Абыхэм тхьэлъанэ ятащ Хэкум и лIыхъужьхэм я фэеплъыр зэрахъумэнымкIэ, пэжым и телъхьэу, щIэныгъэрэ Iэдэбрэ яхэлъу къызэрытэджынымкIэ, гъащIэ узыншэ зэрырахьэкIынымкIэ, «Парта Героя»-м гушхуэу зэрыдэсынымкIэ!

Фэеплъ дауэдапщэм и кIэм, Тимур и анэ Заремэ къызэхуэсахэм, еджапIэм щылажьэхэмрэ еджакIуэ цIыкIухэмрэ фIыщIэ яхуищIащ и къуэм апхуэдэ щIыхьыр къызэрыхуагъэфэщам, и фэеплъыр зэрахъумэм папщIэ икIи жиIащ апхуэдэ лIыхъужьхэр щIэблэм яцIыхуу къэгъэтэджын зэрыхуейр. Ахэр псори лIыхъужьщ. Апхуэдэ щIалэ лIыхъужьхэр диIэу Урысейр хагъэщIэфынукъым. Дэ ди къалэныр — хэкIуэдахэмрэ нобэ ди мамыр гъащIэр, Хэкур зыхъумэ ди сэлэтхэмрэ я унагъуэхэм гулъытэрэ хуабагъэрэ ядгъэгъуэтынращ. Мыбдеж къыщыпсэлъахэми нэхъыщхьэу аращ къыхагъэщар.

Зыгъэхьэзырар ЕЗАУЭ Маринэщ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *