Куэш-Хьэблэ къуажэм дэт, Амирокъуэ И. и цIэр зезыхьэ гимназием хэкупсагъэм, лIыгъэм, гуеягъым и дерс щекIуэкIащ. Ар игъэхьэзыращ, сыт и лъэныкъуэкIи къызэгъэпэщауэ иригъэкIуэкIащ гимназием географиемкIэ и
егъэджакIуэ, е 10-нэ классым и унафэщI Арчэл Анетэ. Ар Хэкум и хъумакIуэм
и Махуэм ипэ къихуэу, Хэкум къулыкъу хуэзыщIэхэм, щыпкъэу бгъэдэтхэм я
щIыхьыр яIэту ирагъэкIуэкIащ.
Дерсым кърагъэблэгъащ къуажэ администрацэм и Iэтащхьэ Къантемыр Алибек, гимназием и унафэщI Сэкий Уэзир, егъэджакIуэхэр, еджакIуэ нэхъыжьхэр. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, Iуэхугъуэр теухуауэ щытащ зи къулыкъум хуэщыпкъэхэм, лIыхъужьхэм, лIыхъужьыгъэмрэ хахуагъэмрэ, хэкупсагъэмрэ Хэку фIылъагъуныгъэмрэ. НыбжьыщIэхэр къытепсэлъыхьащ сыт щыгъуэ зэмани лIыхъужьыгъэкIэ гъэнщIа хьэл-щэн зыхэлъхэр, цIыху хахуэхэр къэралым, абы щыпсэу лъэпкъхэм зэрыдиIэм. Зэман зэмылIэужьыгъуэхэм я щапхъэхэри къагъэлъэгъуащ: — Сыт щыгъуэ пIалъи Урысейм иIащ лIыхъужьхэр, дуней псом цIэрыIуэ щыхъуахэр. Ди сэлэтхэмрэ офицерхэмрэ епцIыжакъым къэралым къахуищIа пщэрылъым, къэрабгъагъэ къагъэлъэгъуакъым…



А псоми къадэкIуэу, лъэпкъхэр сыт щыгъуи зэкъуэтащ, ноби а щапхъэфIым ирокIуэ,— апхуэдэ гупсысэхэмкIэ ирашэжьащ пшыхьыр. «АтIэ, нобэ сыт хуэдэ лIыхъужьхэра дызытепсэлъыхьынур?» — упщIэм и жэуапу жаIащ я хэкупсагъэ дерсыр СВО-м и лIыхъужь хахуэхэм, щхьэмыгъазэу неофашистхэм япэщIэтхэм зэрытраухуар. Абы къыдэкIуэуи, еджакIуэхэр къеджащ хэкупсэ усэхэм, зауэм къыхэмыкIыжахэм, донбасс мафIэсым хэкIуэдахэм, зэныбжьэгъугъэр зыгъэщыпкъахэм, ТекIуэныгъэр къэлъэщыным псэемыблэж хэлъхьэныгъэ хуэзыщIахэм хузэхалъхьа уэрэдхэм … — Урысейм щыпсэу лъэпкъ куэд зэкъуэувауэ пэщIэтщ фашизмэм. КъухьэпIэр хущIокъу ди къэралым и тхыдэр зэрыщымытауэ зэрихъуэкIыну. Хэку зауэшхуэм щыгъуэ хуэдэу, ди тхыдэм къытригъэзэжри, неонацистхэр, КъухьэпIэм зэтрипIыхьахэр, ди къэралым къыпэуващ, ди дуней мамырыр якъутэну, ди цIыхухэр ягъэкIуэдыну.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, 2022 гъэм мазаем и 24-м Урысейм зауэ операцэ хэхар щригъэжьащ Украинэм. А махуэр Урысейми, дуней псоми я тхыдэм хатхащ. Европей къэрал куэд къытпэуващ, Урысейм иригъэкIуэкI зауэ операцэр зэрыщIидзар мытэрэзу къалъы тэу, санкцэ хьэлъэхэр къагъэщIащ. Арами, дуней хъурейм тет нэгъуэщI къэрал нэхъыбэжыр къыткъуэуващ, хабзэ уасэншэхэр яхъумэным я телъхьэ хъуахэщ. Нобэ зи гугъу тщIыр, зи щIыхьыр къыхэдгъэщыр ди лIыхъужь нэхъусахэращ, иужьрей илъэсищ хьэлъэм зауэ операцэ хэхам хахуэу зыкъыщызыгъэлъагъуэхэращ, — къыхагъэщащ къэпсэлъахэм. Зым адрейм къыпидзэжу, ныбжьыщIэхэр къытепсэлъыхьащ ди хэкуэгъу, лъэпкъэгъу, СВО-м лIыхъужьыгъэ къызэрымыкIуэ къызыкъуэкIхэм.
Апщыгъуэми, я сурэтхэр экраным къыщагъэлъагъуэурэ, дэтхэнэми я зауэ гъуэгуанэм ириплъэжащ. КъыщIадзащ гъэлъэгъуэныгъэр Урысей Федерацэм и ЛIыхъужь хъуа Боташев Къэ нэмэт и гъащIэмкIэ, зэрихьа лIыхъужьыгъэмкIэ. — Урысейм и Президент Путин Владимир зэрыжиIэу, ди зауэлIхэм, СВО-м хэтхэм, къэралым и хьэлэмэтхэр зыхъумэхэм яхуэфащэщ щIыхь лъагэ, пщIэ ин, фэеплъ мылIэжыныпсэ. Абыхэм ящыщщ Къэрэшей-Черкесым и къулыкъу щIэхэри: ахэр СВО-р щыщIидза махуэм щегъэжьауэ фронтым хахуэу Iутхэщ, къэралым къахуигъэува къалэнхэр щIыхь хэлъу ягъэзащIэ, лIыхъужьыгъэ зэрахьэ, къэрал нагъыщэхэр къалъэщ. Мы щIалэхэм я сурэт къэс къыкъуэтщ лIыгъэрэ хахуагъэрэ, псэ быдагъэ зыхэлъ тхыдэ уасэншэ,— къыпадзащ адэкIэ. А псалъэхэм къакIэлъыкIуэу, лIыхъужьыгъэ щапхъэ къэзыгъэлъагъуэу СВО-м хэта я къуажэгъу щIалэхэм щхьэихауэ я цIэр къраIуащ. Абыхэм ящыщщ Сэкий Альберт (Суворовым и медалыр къыхуагъэфэщащ), Уэтар Хьэсэн, КIэбышэ МуIэед, Чэнджэщауэ Вячеслав, Аргун Тенджыз, ПIапIшу Марат, ЩакIуэ Беслъэн, ГъукIэ Алий, ПщыхьэщIэ Станислав, ЩакIуэ Руслан, Къардэн Мурат, Куэшбий Мухьэмэд, Кычэ Сулейман, Аргун Азэмэт сымэ. — КъулыкъущIэ ныбжьыщIэхэм я гъащIэр зыщIатыр дэ ди мамыр гъащIэращ, ахэр хокIуадэ лъэпкъхэр фашизмэм щахъумэу, я псэ емыблэжу Хэкум къыщхьэщыжхэу. ХокIуадэхэ, я щхьэр ягъэтIылъ…
А хэщIыныгъэхэр хьэлъэщ дэтхэнэмкIи. Дадощыгъуэ зи гъащIэр зыта сэлэтхэм, дунейм ехыжа къулыкъущIэхэм я унагъуэхэм, Iыхьлыхэм, къыдалъхуахэм. Ди жылагъуэмкIэ Жэмырзэ Аслъэн Умар и къуэр а зауэм зэрыхэкIуэдар хэщIыныгъэ хьэлъэ дыдэщ, ар гуауэ инщ и унагъуэмкIэ, и IыхьлыхэмкIэ, ныбжьэгъухэмкIэ, уеблэмэ районым щыпсэухэмкIэ. А щIалэ хахуэм и фэеплъыр игъащIэкIи къуажэдэсхэм тщыгъупщэнукъым. Ар дэркIэ лIыгъэмрэ гуеигъэмрэ я щапхъэщ, — къыхагъэщащ ныбжьыщIэхэм. Мы махуэм нэхъыбэу тегъэщIапIэ ящIар дунейм ехыжа къулыкъущIэхэм я фэеплъыр тщымыгъупщэнрами, псэухэм я щыIэкIэпсэукIэр, ТекIуэныгъэм хуагъэтIылъ къару мыкIуэщIыр зыщыдгъэгъупщэ зэрымыхъунуми щхьэихауэ къытеувыIащ.
— ФIым я нэхъыфIхэращ а зауэм Iутыр, абыхэм ящыщхэращ хэкIуадэр. Дэтхэнэми и щIыхьыр ужьыхынукъым! Ар хьэкъщ! Ди щIалэ лIыхъужьхэм зэрахьэ хахуагъэр дэркIэ щапхъэу игъащIэкIи щытынущ, — къыщIагъужащ щIалэгъуалэм. Дерсым куэду щыIуащ хэкупсэ уэрэдхэр, усэхэр.
Зыгъэхьэзырар АБИДОКЪУЭ Люсанэщ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.