ЛIыхъужьыгъэм и щапхъэ

Зауэ операцэ хэхам ипкъ иту зэрихьа лIыгъэм, хахуагъэм, щхьэмыгъазэу, псэемыблэжу къалэн къыхуагъэувахэр зэригъэзэщIам папщIэ АБДОКЪУЭ Рустам Едыдж и къуэм УФ-м и Президентым и УнафэкIэ, ЛIыгъэм и орденыр (дунейм ехыжа нэужь) къыхуагъэфэщащ.

Хьэбэз муниципальнэ район администрацэм и Iэтащхьэ Жу Тимуррэ Урысей Федерацэм и Федеральнэ зэIущIэм ФедерацэмкIэ и Советым ди республикэм къыбгъэдэкIыу хэт сенатор Къэзэнокъуэ Кърымрэ СВО-м лIыгъэ щызэрихьэу хэкIуэда Абдокъуэ Рустам и къэрал нагъыщэр зауэлIым и Iыхьлыхэм IэщIагъэхьэжащ. Сенаторми, районым и Iэтащхьэми зауэлIым и унагъуэм щыщхэм зэрадэщыгъуэр жаIащ, лIыгъэ зыхэлъ хъулъхугъэ нэс зэрагъэсам папщIэ фIыщIэ хуащIащ. Рустам Хьэбэз районым хыхьэ Бэвыкъуэ къуажэм къыщыхъуащ. Зауэ операцэ хэхар къыщежьа япэ махуэхэм щыщIэдзауэ Украинэ лъэныкъуэмкIэ щыIащ, ар къызэрацIыхуу щытар «Черкес» фIэщыгъэцIэращ. Рустам зауэм къыдыхэта щIалэхэм сыт щыгъуи жаIэт: «ЕбгъэрыкIуэныгъэ дыкIуэнумэ, абы дригъусэущ!» Зауэр здекIуэкI щIыпIэм щыIэ зауэлIхэм апхуэдэу къыпхужаIэныр, куэд и уасэу къыдолъытэ. Абдокъуэхэ я къуэм и ныбжьыр илъэс 39-м ит къудейт. Рустам зы къуэ цIыкIу къыщIэнащ. Ар, шэчыншэу, лIыхъужьыгъэрэ хахуагъэрэ зэрихьэу зи Хэкур зыхъумэжа адэм ирипагэу, и щхьэр лъагэу Iэтауэ къэтэджынущ. СВО-м хэкIуэда ЛIыхъужь псори лъэпкъым зэи щыгъупщэнукъым!

Зыгъэхьэзырар ЧЫРБЫЖ Иринэщ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *