ЛIы хуэфащэ гъуэгуанэ къэзыкIуа бзылъхугъэ

ЛIыщIыгъуэ плIанэм нэблагъэкIэ узэIэбэкIыжмэ (2001 гъэм накъыгъэм и 17-м), мы тхыгъэм и щхьэщIэдзапIэр и фIэщыгъэцIэу «Черкес хэку» газетым тетащ си IэдакъэщIэкI хъыбар цIыкIу. Иджыри зэ къытызогъэзэжри, а тхыгъэм и сатырхэм сроплъэж. Ар теухуат апщыгъуэм зи ныбжьыр илъэс 85-рэ хъу алибэрдыкъуэдэс АБЫТIЭ Софят.


Абы и щIалэгъуэ-дахэгъуэр техуащ зауэм ипэ, зауэ лъэхъэнэм. И щIалэгъуэми емылъытауэ, апщыгъуэм а бзылъхугъэм къыкъуэкIащ лIы хуэфэщэн таучэлрэ IуэхущIафэрэ. Уеблэмэ, и къуажэгъухэр абы я фIэщ дыдэу къызэреджэу щытар АбытIэ СулътIанщ. Езы бзылъхугъэм 2001 гъэм игу къызэригъэкIыжу щытамкIэ, ар яхэтащ фIанэр зрагъэтIылъэкIыу губгъуэм къикIа, мэкъумэш техникэм тетIысхьа адыгэ цIыхубзхэм. Ар зэрытаучэлышхуэм къыщымынэу, икIи жэуаплыгъэрэ къалэнышхуэхэмрэ зыпыщIа Iуэхут. Губгъуэм уиту хьэсэхэр фIанэ-кIэ упщIэмрэ техникэр бгъэлажьэмрэ зэбгъапщэмэ, шумрэ лъэсымрэ яхуэдэщ. Езы Софят и гъусэу, IэщIагъэ къызэрымыкIуэр къэгъэIэрыхуэным иужь апщыгъуэм ихьат Жантемыр КIуцэ, Ажий Хьэбидэт, Анзор Царицэ, КIэщт Хьэбац сымэ. Ахэр Хьэбэз деж техникэм хуезыгъэджахэм яхэтащ Мысрокъуэ СулътIанрэ Гъуэщокъуэ Мыхъутаррэ.

Нэхъыщхьэр аращи, хъыджэбзхэм къагурыIуат адэкIи мыбзылъхугъэдэкIи ущымыщу уи гъащIэр къэпхь нэхърэ, зы IэщIагъэ гъэнэхуа уиIэу Iуэху белджылы убгъэдэтмэ зэрынэхъыфIыр.
ЕгъэзыгъэкIэ Iуэхум иужь ирагъыхьа хъыджэбзхэр «яхутемыхьэ-къахутемыкIыж» жыхуаIэм хуэдэу техникэр джыным дихьэхыжри, хьэлэмэту къаухащ. АбытIэ Софяти экзаменхэр фIы дыдэу итат. Уеблэмэ «етIуанэ» категорие къызэрыратам арэзы темыхъуэу, тригъазэри япэ нагъыщэр зыIэригъыхьэжат.
Сытми, Жьакуэ къуажэм щыщ Къанлокъуэ Хьэжхъан гъусэ хуащIри, трагъэтIысхьат СТЗ тракторым. Зэдеджахэм бзылъхугъэ тракторист бригадэ яугъуейри, Хьэбэз губгъуэхэм гъерэтыфIэу лэжьэн щрагъэжьащ. СемышкIэ япхът, абы елэжьт, кърахьэлIэжт, мэкъу еуэт. Апхуэдэурэ зауэри къежьащ, нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэри ди щIыналъэм къынэсащ. Бийр ди бжэщхьэIу къемыбакъуэ щIыкIэ, мэкъумэш техникэр абы Iэрамыгъэхьэн щхьэкIэ ягъэпщкIун хуей хъуащ.
Али-Бэрдыкъуэ къуажэм щыщхэу АбытIэ Софят, Щыхьмырзэ Хьэмид, Жьакуэ къыдэкIа Лэтокъуэ Iэмин сымэ я тракторхэр ирахужьэри, Архъыз нэгъунэ яхуащ. Софят къызэриIуэтэжамкIэ, езымрэ Хьэмидрэ я техникэр бгъуэнщIагъ гуэрым щIахуэри, абдежым щызэпкърахащ, къудамэхэмкIи щIауфэжащ. Лэтокъуэм и тракторыр нэхъ инт, «Коммунар» комбайнри пыщIати, ар абы яхущIэмыгъахуэу, мэзым къыханащ. Нэмыцэхэр ди хэкум ирахужа нэужь, бзылъхугъэм и тракторыр зэпкърилъхьэжри, Iэджэрэ ирилэжьэжащ.
Мы тхыгъэр щызгъэхьэзыра зэманым Софят, и ныбжьми емылъытауэ, зэрыгуащIафIэт. Уэрдокъуэхэ япхъу, и нысэ Зулифэ апщыгъуэм зэрыжиIэжамкIэ, абы ищIэтэкъым етIысэх жыхуаIэр, и Iуэху Iыхьэрэ и къалэн белджылырэ унагъуэм щигъэзащIэт. Гуащэм и дежкIэ и нысэм и щытхъумрэ и арэзыныгъэмрэ нэхъыфI щыIэу къыщIэкIынкъыми, ар и насып къихьат. Губгъуэ, хадэ Iуэхухэм зэрыхэтуи, Софят адыгэ Iэнэ къытхуигъэуву ерыскъы дримыгъэдзакъэу и унэм дыкъыщIигъэкIыжатэкъым. Мы бзылъхугъэ гумызагъэм, лъагъугъуафIэм хуэдэхэращ зэман пIалъэхэмрэ цIыху ныбжьхэмрэ зэзыпхыр, анэ-адэхэмрэ бынхэмрэ, зэщхьэгъусэхэр зэгурызыгъаIуэр. Апхуэдэхэращ къуажэр зыгъэкъуажэр, «жылэ лажьэр лажьэ хъукъым» жезыгъэIэр.
АбытIэ Софят и унагъуэм дызэрихьэрэ, мы сатырхэр си къалэмым къызэрыщIэкIрэ илъэс 24-м щIигъу текIыжащ. Зауэм хэмытами, ТекIуэныгъэм хуэлэжьа АбытIэ Софятрэ абы къыдэлэжьахэмрэ я бынхэм, абыхэм я быныжхэм мы тхыгъэр ялъэгъуа нэужь, я анэхэр, я анэшхуэхэр ягу къэкIыжу, къытпэджэжмэ, ди гуапэ хъунт.
ДЭБАГЪУЭ Хьэтызэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *