Лъэпкъым и дамыгъэ лъапIэ

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и къыхэлъхьэныгъэкIэ, 2010 гъэм щегъэжьауэ адыгэ ныпым и Махуэр мэлыжьыхьым и 25-м щагъэлъапIэ Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Черкес, Адыгэ республикэхэм, ди лъэпкъэгъухэр щыпсэу къэрал псоми. Мы махуэщIыр лъэпкъымкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэхэм ящыщщ, сыту жыпIэмэ, дуней псом щызэбгрыпхъа адыгэ лъэпкъым зы блэкIа, зы нобэ, зы пщэдей зэриIэм ныпыр и дамыгъэ хъуащ.

Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, адыгэ ныпым и гугъу япэ дыдэ зыщIауэ щытар инджылыз зыплъыхьакIуэ Спенсер Эдмундщ.

Абы и «Черкесие щIыналъэм сызэрыкIуар» тхылъым къыщиIуэта гупсысэхэм иужькIэ тетхыхьауэ щытар адыгэ тхакIуэ Къуиикъуэ Асфарщ.

Спенсер и тхылъыр 1839 гъэм Лондон къыщыдэкIауэ щытащ. Япэ напэкIуэцIым щхъуэкIэплъыкIэу къыщыгъэлъэгъуа адыгэ ныпым теухуауэ Спенсер мыпхуэдэу щетх: «Iэтащхьэр къезыгъэблагъэ фоч уэ макъхэр зэрыувыIэу, зэкIужу хуэпа зауэлI минхэр шууэ къытпежьэри, асыхьэтым черкес щIалэ бжьыфIэ гупым дыкъаухъуреихьащ. Языныкъуэхэр къызэрыкIуэу, мэкъумэшыщIэхэм ещхьу хуэпат, адрейхэм Iэщэ-фащэр къакIэрылыдыкIт. Абдежым Хъерсыс СулътIан зи цIэ тхьэмадэм къыщызэкIуэцIихащ Истамбыл къраха, Тыркум пщIэшхуэ щызиIэ пщы гуащэм хидыкIа нып дахащэр. Апхуэдизу зыщIэхъуэпс лъэпкъ ныпыр къызэралъагъуу, а цIыху къомым я гум из хъуа гуфIэгъуэр нэхъри зэщIиIэтэу джатэ мин уафэм хуэгъэзауэ дыгъэм пэлыдащ».

Адыгэ ныпым тет дамыгъэхэм къарыкIым щIэныгъэлIхэм, къэхутакIуэхэм еплъыкIэ зэхуэмыдэхэр хуаIэщ. Языныкъуэхэм ар адыгэ лъэпкъ пщыкIутIым я зэкъуэтыныгъэм и дамыгъэу къалъытэ. НэгъуэщIхэм ахэр ЩIыми, Уафэми, Псыми щыIэрыхуэ Лъэпщ и шабзэшэхэм я дамыгъэу жаIэ. Хэти вагъуэхэр Черкесие къэралыр зэрыгуэшауэ щыта хэгъуэгухэм я дамыгъэу хуегъэфащэ.

Мы щыIэ еплъыкIэхэм языхэзым, тхыдэм нэхъ жыжьэу дгъэзэжынщи, фыщыдгъэгъуэзэнщ.

Домбеякъ лъэхъэнэм хиубыдэу хьэтхэм къащIэна фэеплъхэм захуэбгъазэмэ, нэрылъагъу мэхъу адыгэ ныпым и зэхэлъыкIэми и купщIэми адыгэ-хьэт дамыгъэхэр я лъабжьэу зэрыщытыр. Гъуаплъэм, домбеякъым, дыщэм къахэщIыкIа хьэт дамыгъэ хъурейхэр ди эрэм ипэкIэ минитI гъэхэм щыIа щэнхабзэм хеубыдэ. А лъэхъэнэр археологхэм Мейкъуапэ щэнхабзэм ирапх. Абырэ Хьэт пащтыхьыгъуэм дыгъэр и лъабжьэу яIа дамыгъэ зэпрыдзымрэ ятещIыхьауэ жыпIэ хъунущ XIX лIыщIыгъуэм «къагъэщIэрэщIэжа» адыгэ ныпыр утыку кърахьауэ.

Дыгъэм и къэухь узыIуплъэм вагъуибгъу тету дамыгъэ хъурей ирокIуэ. Ику ит къэухьым вагъуэ цIыкIуий итщ. Шабзищ зэблэдзам хьэтхэм я дамыгъэ зэбгъузэнатIэр нэхъ зэщIэкъуауэ къегъэлъагъуэ: мамырыгъэм, мэкъумэшым теухуар IуагъэкIуэтри, шабзэшэхэм я теплъэ папцIэхэмкIэ зауэм пыщIа Iыхьэр нэхъ къыхагъэщащ.

УпщIэ къоув: дауэ XIX лIыщIыгъуэм Мейкъуапэ щэнхабзэмрэ анадолэрысхэм я IэдакъэщIэкIхэмрэ зэрызэлъэIэсар? Абы и жэуапыр тхыгъэжьхэм къыбжаIэфынущ. Псалъэм папщIэ, XX лIыщIыгъуэм къагъуэтыжа Кархемих къраха гъущIым тетхам къраджыкIащ «атхэмрэ хьэтхэм-

э Ищхъэрэ Кавказым икIыу Азие ЦIыкIум зэрыIэпхъуар».

КъинэмыщIауэ, Псыкупсэ къыхэлъадэ Хьэтыпс деж къыщагъуэтыжащ кхъуэщынхэм я убыдыпIэм тегъэуа мейкъуапэхьэт дамыгъэхэр.

Лъэпкъ псом къызэдащтауи, лIакъуэ щхьэхуэ-щхьэхуэуи адыгэхэм нып зыбжанэ зэрахьауэ тхыдэм къыхощ. Ауэ псом нэхърэ нэхъ лъапIэ хъуар адыгэхэм 1830 гъэм къаIэта, я Хэкур яхъумэжу зи лъабжьэ щIэува ныпращ. Иужьрей илъэсхэм адыгэ ныпыр Кавказым исхэмкIи хэхэс адыгэхэм я дежкIи лъэпкъ дамыгъэ нэхъыщхьэ хъуащ. Нобэ ар щыдолъагъу автобусхэм, щыгъынхэм, нэгъуэщI куэдми къакIэрыщу. Утыкушхуэхэм ихьэ ди спортсменхэм Iэтауэ, пщIэ хуащIу, къызыхэкIа лъэпкъыр ягъэлъагъуэу, абы иригушхуэу адыгэ ныпыр яIыгъщ. Ныпыр Iэтауэ ямыIыгъыу нобэ зы адыгэ хьэгъуэлIыгъуи екIуэкIкъым.

А псоми къикIыр зыщ – ди лъэпкъым нобэкIэ ар зыхуэдэри зыщыщри зыхещIэ, и блэкIам пщIэ хуещI, пасэ зэманым зригъэгъуэта дахагъэхэр имыутIыпщу адэкIэ кIуэтэну щIохъуэпс.

Ныпыр — лъэпкъым и напэщи, ар къабзэу, сыт щыгъуи дригушхуэу Тхьэм дунейм адыгэ лъэпкъыр дытригъэт!


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *