ЛъэпкъылIым и щIэиныр

АДЫГЭ ЛЪЭПКЪЫМ къыхэкIа цIыхушхуэм – КЪАНДУР Мухьэдин Иззэт и къуэм и щэнхабзэ щIэин лъапIэр хъумэным ехьэлIа къэралыбэ проект щэджащэу щытащ щэкIуэгъуэм (ноябрым) и 13-15 махуэхэм Сочи къалэм къыщапщытэжа, «Открытая книга» узэщIыныгъэ-творческэ зэпеуэр. Ар зэхашащ ГрантхэмкIэ Президент Фондым и дэIэпыкъуныгъэ хэлъу. Ипэ дищынщ, жытIэнщи, творческэ зэпеуэр щекIуэкIа мазитIым къриубыдэу къызэгъэпэщакIуэхэм къаIэрыхьащ тхыгъэ 70-м зэрынэхьэс, Урысейм и къуапэ зэхуэмыдэхэм, адыгэ лъэпкъыр куэду зыщыпсэу къэралхэм — Тыркум, Иорданием, Израилым, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм къикIыу. Абы ипкъ итуи, творческэ зэпеуэм къэралыбэ мардэ игъуэтащ…

Литературэ зэхыхьэм и купщIэм БЭЛАГЪЫ-КЪАНДУР Любэ: «ЩэкIуэгъуэм и 27-м илъэситI ирикъунущ адыгэ дунейм зи щIыхьыр щыин тхакIуэшхуэ, лъэпкъ щэнхабзэм, гъуазджэм я Iуэхузехьэ щэджащэ, си щхьэгъусэ лъапIэ Къандур Мухьэдин и гъащIэр ахърэткIэ зэрихъуэжрэ. Мы махуэр дыщыгумэщIын пIалъэ хьэлъэу щытми, абы зыхудегъэгъазэ Къандурым лъэпкъым къыхуигъэна щIэиным гупсэхуу дыхэплъэжыну, ар тхъумэным куууэ дегупсысыну. ДяпэкIэ къэкIуэну илъэсхэр лэжьыгъэ купщIафIэкIэ гъэнщIауэ зэрыщытынур си фIэщ мэхъу, адыгэ лъэпкъым и къуэ щыпкъэм и псэкупсэ, щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр Хэкум къихьэжыныр ди къалэн нэхъыщхьэу щыту.

ИкIи, «Открытая книга» проектыр — а лэжьыгъэшхуэм и зы IыхьэфIщ; адыгэ щэнхабзэр, псалъэр, фэеплъыр зи гурыщIэхэмкIэ — жэрдэм къызэрымыкIуэщ. Хамэ щIыналъэм щызэхуэхьэса адыгэ гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ здыщыпсэун, и макъыр здыщыIун хуейр Мухьэдин фIыщэу илъагъуу псэуа и адэжь Хэкуращ. Къэралыбэ мэсхьэб зиIэ мы щэнхабзэ проектымкIэ, узэщIыныгъэ литературэ зэпеуэмкIэ къызэщIыдоубыдэ тхэным зезыпщыт автор ныбжьыщIэхэр, усакIуэхэр, тхакIуэхэр. Гу зылъытапхъэщи, зэпеуэм къыхыхьэфынущ лъэпкъ зэхуэмыдэхэм къахэкIахэр, къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм щыпсэухэр, щэнхабзэ зэмыщхь зезыхьэхэр — адыгэ лъэпкъым, Урысейм пщIэ къыхуэзыщIхэр, зи тхыгъэкIэ, зи псалъэкIэ абыхэм я уардагъыр къыхэзыгъэщыну гухэлъ зиIэхэр.

Сыхуейщ Мухьэдин и щIыхьым, абы Хэкум хуиIа фIылъагъуныгъэм творческэ цIыхуу хъуам я гъуэгур къигъэнэхуну, абы ипкъ итуи «лъабжьэ» псалъэм и купщIафIагъыр зыхащIэну. Проектым мыхьэнэшхуэ иIэщ Уры сейм щыпсэу адыгэхэмкIэ, абы егъэзащIэ зэкъуэзыгъэувэ щэнхабзэ-тхыдэ къалэн, къэралыбэ щэнхабзэ зэпыщIэныгъэхэр гъэбыдэным хуэгъэзауэ.

Дэтхэнэ цIыху зэчиифIэми и макъыр ирехъу тхылъым и Iыхьэ икIи щреIу дуней хъурейм! Срогушхуэ мы проектым дэIэпыкъуэгъу лъэрыхь зэриIэмкIэ. Ар — Урысейм и Президентым и грантхэмкIэ Фондращ. ФIыщIэ ин сощI къытхуащIа дзыхьым, мы проектыр дгъэзэщIэнымкIэ къытхузэрагъэпэща лъэкIыныгъэхэм папщIэ! Апхуэдэуи, къыткъуэува, къызэгъэпэщыныгъэ IуэхумкIэ щIэгъэкъуэн къытхуэхъуауэ хъуам къабгъэдэкIа гуапагъэм, гулъытэм, псэ къабзагъэм папщIэ – ену фIыщIэ!» — «Тхылъ зэIуха» Къэралыбэ щэнхабзэ — узэщIыныгъэ творческэ проектыр щрагъажьэм жиIащ абы и унафэщI, Къандур Мухьэдин и щхьэгъусэ, филологие щIэныгъэхэм я доктор Бэлагъы Любэ.

Фыщыдогъэгъуазэ: «Тхылъ зэIуха» проектыр – лъэпкъ литературэ-тедзапIэ фестивалым и япэ Iуэху зэхэщIыкI лэжьыгъэщ. ЗдыщрагъэкIуэкIар хыфIыцIэ Iуфэ щыпсэу шапсыгъхэм я дежщ. Проектым зэкъуегъэувэ адыгэбзэмрэ урысыбзэмрэ, къегъэщI щытыкIэхэр лъэпкъ щэнхабзэр хъумэнымкIэ, зыужьыныгъэ егъэгъуэтынымкIэ, тхэным зезыпщыт адыгэ тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ лъэкIыныгъэ къызэрымыкIуэхэр къахукъуегъэкI я тхыгъэхэр тхылъхэм ихуэну, дунейпсо литературэ утыкум ихьэну. Проектым нэхъыщхьэу къызэщIиубыдащ лъэныкъуэгъазитI. Япэр – гъуазджэмкIэ Iуэхузехьэ щэджащэ Къандур Мухьэдин и литературэ щIэин лъапIэм тхыдэ щIыналъэм къегъэгъэзэжыныр. ЦIэрыIуагъ къэзылъэща, мызэ-мытIэу хамэ къэралхэм къыщыдэкIа и роман телъыджэхэр («Кавказ», «Последняя охота», «Кабардин», «Колибри»), нобэр къыздэсым Краснодар крайм и тхылъхъумапIэхэм щIэлъкъым.

Абыхэми къыщымынэу, щэнхабзэ щIэиныр Хэкум къэгъэIэпхъуэжыным. Къапщтэмэ, мы проектым ипкъ иту, урысыбзэкIэ зэрадзэкIащ авторым и «Династия» романыр. ИкIи, Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм щэкIуэгъуэ мазэм къыщыдэкIащ Къандурхэ Мухьэдинрэ Любэрэ я Iэдакъэ къыщIэкIа «Династия» тхылъымрэ «Открытая книга» литературэ зэпеуэм текIуэныгъэр къыщызыхьа, и дипломант хъуахэм ящыщхэм я творческэ лэжьыгъэхэр зэрыхуа «Свет искренности и доброты» тхылъымрэ. ЕтIуанэ лъэныкъуэгъазэр зыхуэгъэзар адыгэбзэкIэ тхэным дихьэх, урысыбзэкIэ гугъуехь хэмылъу, хуиту тхыгъэхэр зэзыдзэкIхэращ, творческэ сэнаущ зыбгъэдэлъхэр къыхэгъэщынращ, апхуэдэуи, дэIэпыкъуэгъу хъунымкIэ абыхэм я тхыгъэхэр къыдэгъэкIынымкIэ, муниципальнэ тхылъхъумапIэхэм я литературэ фондым хэгъэхъуэнымкIэ.

Проектым къызэригъэувам тету, литературэм грант дэIэпыкъуныгъэ егъэгъуэтыным ипкъ иту, тхылъхэр Сочи къалэм и купсэ тхылъхъумапIэ фондхэм, адыгэ лъэпкъыр зэгъэуIуауэ зыщыпсэу Лазаревскэ районым лъагъэIэсащ.

Творческэ зэпеуэр ирагъэжьащ — шыщхьэIум (августым) и 1-м. Абы щыщIэдзауэ жэпуэгъуэм (октябрым) и 1-м нэгъунэ проектым и жюри-щIэплъыкIакIуэхэм тхыгъэ 70-м зэрынэхьэс къаIэрыхьащ. Ахэр зэщхьэщыхуауэ «прозэ», «усыгъэ», «зэдзэкIыныгъэ», «драматургие», «публицистикэ» хуэдэхэмкIэ къапщытащ. Къапщтэмэ, мы творческэ зэпеуэм къыхыхьэну лъэкIыныгъэ яIащ зи ныбжьыр илъэс 18 — 35-м ит ныбжьыщIэхэми, тхэн езыгъажьэ къудейхэми (я ныбжь емылъытауэ). КъэпщытакIуэхэм я къалэнхэм Жюри-щIэплъыкIакIуэ гупым хыхьащ тхакIуэ, журналист, публицист, жылагъуэ Iуэхузехьэ цIэрыIуэ, литературэдж, УФ-м и тхакIуэхэми и журналистхэми я Союзхэм хэт, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м, АР-м, КъЧР-м щIыхь зиIэ я журналист, илъэс 24-м зэрынэхьэскIэ «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд; АР-м щIыхь зиIэ журналист, усакIуэ, прозаик, литераторхэм и Урысей Союзым и Адыгэ Республикэ къудамэм и тхьэмадэ, «Центр нартоведения, фольклористики и художественной культуры» IуэхущIапIэм и унафэщI, щIэныгъэлI, жылагъуэ Iуэхузехьэ КЪУЕЙКЪУЭ Асфар; УФ-м и тхакIуэхэм, и журналистхэм, и кинематографистхэм я Союзхэм хэт, тхакIуэ, сценарист, урысей тхакIуэхэм я Союзым и Правленэм и япэ секретарь, «Паровозъ» альманахым и редактор нэхъыщхьэ ВАСИЛЕНКО Светланэ; литературэдж, тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, РАЕН-м, ПАНИ-м я академик, «Литературные знакомства» журналым и редактор нэхъыщхьэ ЗВОНАРЁВЭ Лолэ; УФ-м и тхакIуэхэми и журналистхэми я Союзхэм хэт, тхакIуэхэм я Къэрэшей-Черкес Союзым и адыгэ къудамэм и унафэщI, КъЧР-м щIыхь зиIэ и журналист, «Черкес хэку» газетым и редактор нэхъыщхьэ Абидокъуэ Люсанэ; УФ-м и тхакIуэхэм я Союзым хэт, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, зэдзэкIакIуэ, КъБР-м и СП-м и тхьэмадэм и къуэдзэ Мэремкъул Ларисэ; усакIуэ, тхакIуэ, зэдзэкIакIуэ, Урыс Пен-купсэм хэт, УФ-м и тхакIуэхэми и журналистхэми я Союзхэм хэт БРЕГМАН Марие сымэ. Жыджэрагъ хэлъу проектым и лэжьыгъэр ягъэкIуэтащ АР-м и тележурналист цIэрыIуэ ТIэшу Светланэ, проектым и координатор Бэлагъы Роберт сыми.

ЩIэплъыкIакIуэм и псалъэ «Жюри-щIэплъыкIакIуэхэм къыхэтлъытащ творческэ лэжьыгъэхэм я щхьэхуэныгъэхэр, гъэпсыкIэ гъэщIэгъуэну зэрыухуахэр, тхыгъэхэм ящIэлъ гупсысэр хуиту, куууэ къызэрыхэщыр, авторхэм я еплъыкIэ гъэщIэгъуэнхэр къызэрагъэлъэгъуар, тхыгъэм игъэзащIэ къалэн нэхъыщхьэр, теплъэгъуэхэр зэрызэкIэлъыхьар. ИкIи, япэ щIыкIэ эксперт комиссэм дгъэбелджылащ литературэ зэпеуэм кърахьэлIа, абы игъэува къалэнхэм техуэу гъэхьэзыра хъуа тхыгъэхэр, номинацэ зэхуэмыдэхэмкIэ зэхэгъэкIауэ.

КъинэмыщIауэ, щIыхь нагъыщэ щхьэхуэкIэ къыхэтлъытэну хуитыныгъэ диIащ зэпеуахэм къахэща тхакIуэр, «дипломант» нагъыщэм хуэфащэу щытахэр. ИкIи, щIэплъыкIыныгъэхэр зэфIэдгъэкIыу, нэхъыфIым я нэхъыфI тхыгъэхэр дгъэбелджыла, текIуэныгъэр къэзыхьахэр къыхэтха нэужь, зи цIэ къитIуахэм я лэжьыгъэхэр тхылъ щхьэхуэу дунейм къызэрытехьэным хуагъэхьэзыращ. ЖыпIэнурамэ, а лэжьыгъэри фIагъ лъагэ зыхэлъу, «Свет искренности и доброты» фIэщыгъэцIэр зиIэ тхылъ хъарзынэу финал зэхуэсым ехъулIэу къыдагъэкIын яхузэфIэкIащ. Къэпщытэжыныгъэр щекIуэкIа махуэм, къэралыбэ литературэ проектым щытекIуахэм хуагъэфэщащ щIыхь тхылъхэр, Къандурхэ Мухьэдинрэ Любэрэ я Iэдакъэ къыщIэкIа, щIэин лъапIэу лъэпкъым иIэ «Династия» тхылъ къызэрымыкIуэр, езы авторхэм я тхыгъэхэр зэрыхуари щIыгъужу», — къыхигъэщащ Абидокъуэ Люсанэ.

ЩIэплъыкIакIуэ комиссэм и лэжьыгъэр тыншакъым — зэпеуэм кърагъэхьа тхыгъэхэм я нэхъыбэр фIагъ лъагэ зыхэлът. Абы къыхэкIыу, зэдэуэныгъэхэри щыIащ, сыт хуэдэ тхыгъэр щIэнэхъыфIыр ягъэщыпкъэу. Финал Iыхьэм икIар автор 11-м я лэжьыгъэщ. Мазлумян К. и цIэр зезыхьэ, лъэпкъхэм я щэнхабзэхэмкIэ Купсэм ЩэкIуэгъуэм и 14 махуэр гъэнщIауэ щытащ «Открытая книга» узэщIыныгъэ-творческэ зэпеуэм и гъэлъэпIэныгъэ Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэмкIэ. ЗэIущIэхэр здыщекIуэкIар Сочи къалэм хыхьэ Лазаревскэ жылагъуэращ. Проектым хэтахэр здекIуэлIар Мазлумян Крикор и цIэр зезыхьэ, лъэпкъхэм я щэнхабзэхэмкIэ Купсэращ.

Адыгэ лъэпкъ Iуэху дахэм, ар зи щIыхькIэ екIуэкIа лъэпкъылIым, творческэ цIыхушхуэм иIа пщIэ лъагэм и нагъыщэт а Iуэхугъуэхэр Дунейпсо Адыгэ Хасэм и нэIэм щIэту зэрекIуэкIар. АтIэ, къуэш шапсыгъхэри, нэгъуэщI лъэпкъ зэхуэмыдэхэри зэгурыIуэу зыщыпсэу Лазаревскэ жылагъуэм а махуэм къеблэгъат хьэщIэ лъапIэхэр: Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, Европэм Адыгэ Хасэу щыIэм я тхьэмадэ Вэрокъуэ Заати, ДАХ-м и вице-президентхэр: Адыгэ, КъЧР Адыгэ Хасэхэм я тхьэмадэхэу ЛIымыщыкъуэ Рэмэзанрэ Аслъэнхэ Алийрэ, бысым Шапсыгъ Хасэм и унафэщI Чэчыху Мэжид, ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ Гупым хэт МэшхуэфI Нэждэт, КъБР-м и Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм и дэIэпыкъуэгъу Хъыжьырокъуэ Азэмэт, нэгъуэщIхэри. АдыгэбзэмкIэ фIэхъусрэ хъуэхъу псалъэхэмрэкIэ, лъэпкъ мамакъэ зэрыщэщхэмкIэ екIуу къытпежьа бысымхэм хьэщIэхэр драгъэблэгъащ лъэпкъхэм я щэнхабзэхэмкIэ Купсэм.

ХьэщIэхэм къапежьащ сэнаущ къызэрымыкIуэ зыбгъэдэлъ творческэ цIыху, гуп гъэщIэгъуэныщэхэр: зэми узыгъэгуфIэ, зэми нэщхъей узыщI, пасэрей лъэпкъ Iэмэпсымэхэм кърагъэкI урыс макъамэжьхэмкIэ; пасэрей ермэлы дудук Iэмэпсымэм къиIукI, псэр зыгъэлъатэ макъхэмкIэ; алыджхэм я бузуки Iэмэпсымэм и макъамэ жьгърумкIэ; кубан къэзакъхэм я хэкупсэ уэрэдхэмкIэ; украин бандурэм къикI макъамэ телъыджащэмкIэ; белорусхэм я лъэпкъ IэрыщI телъыджэхэм я гъэлъэгъуэныгъэхэмкIэ; зэуэ телъадэу къэфэным псэр хуэзыгъэуш, хыфIыцIэ Iуфэ Iус адыгэхэм – шапсыгъхэм я лъэпкъ макъамэ телъыджащэхэр зыгъэзэщIа, адыгэ къафэмкIэ «Шапсугия» ансамблыр.

Дэтхэнэ купсэми утыку кърихьащ игъэлъагъуэ лъэпкъым къыдекIуэкIа тхыдэ къулейм щыхьэт техъуэ цIыхубэ IэщIагъэхэр, хьэпшыпхэр, пасэрей макъамэ Iэмэпсымэхэр, фащэхэр, жыпIэнурамэ, дэтхэнэми бгъэдэлът зыми емыщхь зыщI теплъэгъуэ къызэрымыкIуэхэр — лъэпкъ къэс ихъумэ и тхыдэ щIэин хъугъуэфIыгъуэхэр. Фыщыдогъэгъуазэ: Илъэс 25-рэ хъуащ Мазлумян Крикор и цIэр зезыхьэ, лъэпкъхэм я щэнхабзэхэмкIэ Лазаревскэ Купсэр къызэрагъэщIрэ. Абы щыщIэдзауэ Купсэм и лэжьыгъэр хуэунэтIащ псэкупсэ зэкъуэтыныгъэхэмрэ лъэпкъ хэм я зэгурыIуэныгъэмрэ, Сочи къалэмрэ Iэхэлъахэмрэ щыпсэу лъэпкъхэм яку дэлъ мамырыгъэр, зэкъуэшыныгъэр гъэбыдэным.

Купсэм къызэригъэпэщ лэжьыгъэр хуэунэтIащ лъэпкъхэм я щэнхабзэ къызэрымыкIуэхэр, хабзэхэр, лъэпкъыбзэхэр хъумэным, я тхыдэхэр джыным, я щыIэкIэ-псэукIэхэр къэгъэлъэгъуэным, IуэрыIуатэр къэгъэщIэрэщIэжыным, апщыгъуэми, ахэр къэзыIэтыжыну лъэпкъ творческэ гупхэр зэхэшэным. Купсэм зэкъуегъэувэ лъэпкъ купсибл: урыс, къэзакъ, адыгэ, ермэлы, алыдж, белорус, украин жэуэ. «Династия» тхылъым и лъэтеувэр Лъэпкъхэм я щэнхабзэхэм зыщызыгъэгъуэза, проектым хэта хьэщIэхэр къыкIэлъыкIуэу ирагъэблэгъащ узэщIыныгъэ купщIэ ин зыхэлъа зэIущIэ – зэпсэлъэныгъэм, Къандурхэ Мухьэдинрэ Любэрэ я Iэдакъэ къыщIэкIа «Династия» тхылъым и лъэтеувэм тращIыхьа зэхуэсым. Ар ирагъэкIуэкIащ Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я «Полиграфсервис и Т» ООО тхылътедзапIэм и редактор нэхъыщхьэ Котляров Викторрэ зи фэеплъыр ягъэлъапIэ Къандур Мухьэдин и щхьэгъусэ Бэлагъы Любэрэ. Котляровыр убгъуауэ къытеувыIащ Къандур Мухьэдин къикIуа, къызэрымыкIуэу зэхэухуэнауэ щыта и гъащIэ гъуэгуанэм, адыгэ тхакIуэ цIэрыIуэм къыщIэна щэнхабзэ щIэин лъапIэм, абы адыгэм и гъащIэм мыхьэнэшхуэ зэрыщиIэм.

Зырызыххэурэ къытеувыIащ Къандурым и Iэдакъэ къыщIэкIа тхылъ къэс. Ахэр езым и тхылътедзапIэм деж дунейм къызэрыщытехьам зэрыригушхуэри къыхигъэщащ. «Иужьрейуэ дунейм къытехьа «Династия: истоки и венец» романым и гугъу пщIымэ, ар зытеухуар лъагъуныгъэщ, къулыкъу Iуэхущ, цIыху гъащIэщ, дунеитIым — Московиемрэ Къэбэрдеймрэ, XVI лIыщIыгъуэм къыщыхъуа Iуэхугъуэ телъыджащэхэращ», — къыхигъэщащ Котляровым. «Хэти хуэмыдэжу, зи фIыщIэр къыхэгъэщыпхъэу солъытэ си ныбжьэгъу лъапIэ Котляров Виктор.

Ар – улъыхъуэмэ умыгъуэтын, IэпщIэлъапщIагъ ин зыбгъэдэлъ IэщIагъэлIщ, щэнхабзэ псэ куу зыкIуэцIылъщ, зи лэжьыгъэм псэемыблэжыныгъэ хэлъу хуэщыпкъэхэм ящыщщ. Абы и гуащIэм, псоми гулъытэ зэрыхуищIым, проектым игъэзащIэ мыхьэнэр къызэрыгурыIуэм я фIыгъэкIэ, ди гуращэр нэрылъагъу тхуэхъуащ! Тхьэм уигъэпсэу, Виктор!» — жиIащ Бэлагъы Любэ, лэжьыгъэшхуэ зэфIэзыха, тхылъ тедзапIэм и унафэщIым зыхуигъазэкIэрэ. А махуэм зы IуэхугъуэфI зэфIэха хъуащ – Къандур Мухьэдин и IэдакъэщIэкIхэр, лъэпкъ щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэ къызэрымыкIуэхэр Сочи къалэм къепха тхылъ хъумапIэ Купсэ къэс хуагъэфэщащ. «Шэч хэмылъу, Къандур Мухьэдин и цIэр зэкъуэзыгъэувэ нагъыщэ яхуэхъуащ тхэныр зи щIасэ, лъэпкъ зэхуэмыдэхэм къахэкIа автор пщIы бжыгъэм. Ахэр игъэгушхуащ я творчествэм зрагъэужьынымкIэ, зы лъэпкъ щэнхабзэ утыкум псори зэрыщызэкъуэтыр зыхащIэнымкIэ. Мухьэдин творческэ Iуэхузехьэ щэджащэу, тхакIуэшхуэу, гупсысэ куу зыбгъэдэлъа цIыхушхуэу, адыгэлI нэсу зэрыщытам мы проектым и мыхьэнэр иIэтащ, уеблэмэ Кавказым къыщымынэу, нэгъуэщI щIыналъэ куэдым дежи.

Псори зэкъуэзыгъэувар зы жэрдэмщ – адыгэ лъэпкъым и лъэпкъ щэнхабзэ щIэин Iыхьэ иныр хъумэныр, къэгъэщIэрэщIэ жынращ», — къыхэщащ Бэлагъы Любэ и къэпсэлъэныгъэм. СЭХЪУРОКЪУЭ Хьэутий: «Тхьэм къыхилъхьауэ лъэныкъуэ куэдымкIэ зэчий зыбгъэдэлъа цIыхушхуэт Къандур Мухьэдин. Адэжь хэкум пэIэщIэу къыщыхъуами, абы хузэфIэкIащ и гъащIэ псом къыдекIуэкIын, ихъумэн адыгэлIым хэлъын хуей хьэлщэн къызэрымыкIуэхэр. ЛъэIэсащ ди Мухьэдин лъэпкъ щэнхабзэм, гъуазджэм я лъагапIэ нэхъ ин дыдэхэм. ИкIи, дэнэ щымылэжьами, хузэфIэкIащ творческэ лъэужь дахэ къигъэнэн, къызыхэкIа адыгэ лъэпкъым и хабзэфIхэм пщIэшхуэ хуищIу игъэлъэпIэн. Адыгэм къытхэкIа режиссёру япэ дыдэу Голливуд щылэжьэну зыхузэфIэкIахэм ящыщщ Къандурыр.

Абы тхылъ том 50-м щIигъу и Iэдакъэ къыщIэкIащ, адыгэм и тхыдэр куууэ зыджа щIэныгъэлIщ, усыгъэу, прозэу къыщIэнар гъунэншэщ. Дэтхэнэми и купщIэ нэхъыщхьэр – лъэпкъыр зэкъуэтынращ, зэпыщIэныгъэхэр мыкIуэдынращ. Иджыри совет зэманым щыгъуэ Къандурым лъэкIащ и адэжь щIыналъэм къихьэжын. Абы и дежкIэ ар насып къызэрымыкIуэт. Гуапэщ апхуэдэ цIыхушхуэм и творческэ щIэиныр быдэу зыхъумэфынум и IэмыщIэм зэрилъыр. Зи гугъу сщIыр Къандурым и щхьэгъусэ, ди шыпхъу лъапIэ Бэлагъы Любэщ. Я бын дахэхэм ящIыгъуу унагъуэм щIэсхэр нобэ хущIокъу Мухьэдин къигъэна щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр Урысейм къишэжыным. ЖысIэнщи, ди къэралым бгъэдэлъ фIыгъуэ къызэрымыкIуэхэм ящыщщ Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я хъугъуэфIыгъуэхэр хамэ щIыналъэхэм кърахыжурэ хуиту ди къэралым къызэрырахьэжыр. АтIэ, абы хуэныкъуапэщ къыткIэлъыкIуэну щIэблэхэр…

ФIыщIэ ин яхузощI мы фэеплъ Iуэху дахэр къызэгъэпэщыным хэлIыфIыхьауэ хъуам. Сыщогугъ хабзэ тхуэхъуу, Къандурым и щIыхьыр зыIэтыну фэеплъ Iуэхугъуэхэр, а цIыхушхуэм зэрыхуэфащэу, гъэ къэс зэхэтшэну». Лауреатхэм я щIыхькIэ – уэрэдымрэ къафэмрэ я пшыхь Проектым и лауреат хъуахэр щагъэлъэпIэну пIалъэр къынэсри, пэшым щIэмыхуэу щIэсу, абыхэм я Iэгуауэ инхэмкIэ яIэту утыкум зырызурэ ирашащ «Открытая книга» зэпеуэм текIуэныгъэр къыщызыхьахэр. Абыхэм хуагъэфэщащ ЩIыхь тхылъхэр, я IэдакъэщIэкIхэр зэрыхуа, а махуэм ипэ къихуэу къыдэкIа тхылъыщIэр. Я цIэ къиIуапхъэщ Василенко Светланэрэ Бэлагъы Любэрэ саугъэт лъапIэхэр зыхуагъэфэща лауреатхэм. Апхуэдэу, зи тхыгъэ художественнэ уасэ ин зрата авторхэм ящыщщ «поэзие» номинацэмкIэ япэ увыпIэр къэзыхьа Гугъуэт Заремэ (КъБР), етIуанэ хъуа Iэлалэ Хьэсэн (Сочи), ещанэ увыпIэр зыхуагъэфэща Юсупов Бислан (ЧР) сымэ. «Прозэ» номинацэмкIэ бжьыпэр зыубыдар Багъ Марьямщ (КБР), етIуанэ хъуащ Щауэ Ибрэхьим (АР), ещанэ увыпIэр Лыхь Тимур  рэ (КъЧР) Сташ Заремэрэ (РА) зэдагуэшащ. «ЗэдзэкIыныгъэ» номинацэмкIэ къыхэжаныкIар НэщIэпыджэ Замирэщ (КъБР). ЕтIуанэ увыпIэр Чырбыж Иринэ (КъЧР), ещанэр Абыдэ Iэсят (КъЧР) къахьащ. «Драматургие» номинацэмкIэ япэ увыпIэкIэ зи цIэ къраIуар Дэрбэ Тимурщ. «Публицистикэ» номинацэмкIэ бжьыпэр зыубыдар Къумахуэ Аслъэнщ (КъБР). ХьэкIуащэ Мадинэ (КъБР) и тхыгъэм Къэралыбэ литературэ зэпеуэм и саугъэт щхьэхуэр хуагъэфэщащ.

КъинэмыщIауэ, зэпеуэм и дипломант хъуащ курыт еджапIэм и еджакIуэхэу Магометов Аслъэнрэ (КъЧР) Пщыкъуэ Дисанэрэ (КъБР), СВО-м и къулыкъущIэ хахуэ Умаров Анзор (КъБР). ЯгъэлъэпIа лауреатхэм я щIыхькIэ зэхаша щэнхабзэ пшыхьым и утыкур яIэтащ лъэпкъхэм я уэрэдхэмрэ къафэхэмрэ. ЛЫХЬ Тимур, ГЪУКIЭКЪУЛ Иринэ, АБЫДЭ Iэсят: «Дызыхэта къэралыбэ проектым ди дежкIэ къызэрымыкIуэу мыхьэнэшхуэ иIэщ. Япэрауэ, фIыщIэ ин худощI абы дыхэтыну дыхуэзыгъэуша, ди лъэпкъ газетым и редактор нэхъыщхьэ Абидокъуэ Люсанэ. ЖыпIэнурамэ, тхэным зезыпщыт авторым дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэху зэхэщIыкIыу щытащ. Ди лэжьыгъэхэр къызэрыхагъэщам, уасэшхуэ къызэрыхуащIам, шэч хэмылъу, дигъэгушхуащ…

Псом хуэмыдэу гушхуэныгъэт лъэпкъ усыгъэм, прозэм зезыт щIалэгъуалэм проектыр дяпэкIэ дамэ зэрыхуэхъунур. АдреймкIэ, мы къэралыбэ творческэ проектым и фIыгъэкIэ лъэпкъыбзэри, литературэри, тхыдэри хъума мэхъу, зыужьыныгъэ ягъуэт. Ар дэркIэ, нобэ а лъэныкъуэхэм хуэлажьэ журналистхэмкIэ, творческэ лэжьакIуэхэмкIэ, уасэншэщ. Шэчыншэу лъэпкъыр псэунущ, и бзэр, и литературэр, и щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ, и тхыдэр ихъумэжмэ. ИкIи фIыщIэ ин яхуэфащэщ литературэ зэпеуэр къехьэжьэныр зипкъ къикIа дэтхэнэми!» Я Iуэху зэхэщIыкIкIэ Проектым хэтахэр: лауреат хъуахэри, щIэплъыкIакIуэхэри, журналистхэри, щIэныгъэрылажьэхэри, литературэ журналхэм я тхьэмадэхэри хэлэжьыхьащ творческэ зэхыхьэ гъэщIэгъуэным ипкъ иту зэхаша зэпсэлъэныгъэ купщIафIэхэм. Апхуэдэт, «Значение перевода национальной литературы и роль русского языка в этом процессе» щхьэщIэдзапIэм щIэта лекцэ гъэщIэгъуэныщэр.

АбыкIэ къэпсэлъащ филологие щIэныгъэхэм я доктор, УФ-м и тхакIуэхэм я Союзым хэт, УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я Iуэхузехьэ, тхакIуэ, усакIуэ, кинорежиссёр икIи сценарист Бэлагъы – Къандур Любэ. «Мастер – класс»-хэр ирагъэкIуэкIащ Василенко Светланэрэ Звонарёвэ Лолэрэ, «Современная Россия и литературный процесс в России», «Оригинальность творческого пути и личности» темэхэмкIэ я Iуэху зэхэщIыкIыр утыку кърахьэкIэрэ. Проектым и Гуащэм и къызэщIэзыкъуэж псалъэ «ЩIэиныр зейр блэкIа зэманракъым. Ар зыIэрыхьэр дяпэкIэ зыхъумэфынуращ! Шэч зыхэмылъыр аращи, Мухьэдин и щэнхабзэ щIэиныр псэунущ! Мы проектыр гъэзэщIа хъуным цIыху куэдым я гуащIэ ин хэлъщ. Дэтхэнэми фIыщIэу яхуэсщIым гъунэ иIэкъым.

Псом хуэмыдэу, Дунейпсо Адыгэ Хасэм, абы и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий я пашэу, лъэпкъ Iуэхум пыщIахэм, лъэпкъ печать, телевиденэ журналист цIэрыIуэхэм, псэ къабзэкIэ къыткъуэува, зыкъытщIэзыгъэкъуа организацэхэм, Министерствэхэм, щэнхабзэмкIэ купсэхэм, ищхьэ, курыт еджапIэхэм. Псом хуэмыдэж фIыщIэр зыбгъэдэлъыр Президент грантхэмкIэ Фондращ. Абы и дэIэпыкъуныгъэ хэмылъу мы Iуэху зэхэщIыхьар – адыгэ лъэпкъым и къуэ щыпкъэ Къандур Мухьэдин и псэкупсэ беягъыр зыхэлъ и творческэ щIэиныр Хэкум къитшэжыныр, абыкIи а цIыху къызэрымыкIуэм и фэеплъыр, и псалъэр тхъумэныр зэи тхузэфIэкIынутэкъым», — къыддэгуэшащ проектым и гуащэ Бэлагъы-Къандур Любэ.

P/S Сочи дыкъикIыжу лэжьапIэм дыкъыщекIуэлIа махуэм «Открытая книга» Къэралыбэ творческэ проектым къыхэжаныкӏа ди лэжьэгъухэу Лыхь Тимуррэ Гъукӏэкъул (Чырбыж) Иринэрэ къадэгуфӏащ, гулъытэ къахуищIащ КъЧР-м лъэпкъ ӏуэхухэмкӏэ, цӏыхубэ коммуникацэхэмрэ печатымрэкӏэ и министр Есенеев Мурат. Зэӏущӏэм хэтащ КъЧР-м и Цӏыхубэ Зэӏущӏэм (Парламентым) и депутат, республикэ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, ДАХ-м и вице-президент Аслъэнхэ Алий. Министрым лауреатхэм закъыхуигъэзащ хъуэхъу гуапэхэмкIэ. ЖиIащ лъэпкъ журналистикэми литературэми абыхэм хуащI хэлъхьэныгъэр зэрыуасэншэр. АдэкIи ефIэкIуэнхэу, заужьыну къахъуэхъуащ, тыгъэ лъапӏэхэри къахуигъэфэщащ.

АБИДОКЪУЭ Люсанэ, Сочи — Черкесск, щэкIуэгъуэ мазэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *