Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я Унэмрэ «Яндекс» компаниемрэ, Урысейм и ФАДН-р я дэIэпыкъуэгъуу, «Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэмрэ хъыбарегъащIэ технологиехэмрэ» етIуанэ Стратегическэ сессиер ирагъэкIуэкIащ.
Къэрэшей-Черкесым къыбгъэдэкIыу зэIущIэм хэтащ республикэм лъэпкъ IуэхухэмкIэ, цIыхубэ зэпыщIэныгъэхэмрэ печатымрэкIэ и министр Есенеев Мурат. ьФорумым къекIуэлIахэм фIэхъус псалъэкIэ захуигъэзащ ФАДН-м и унафэщI Баринов Игорь. Абы жиIащ цIыхубэ зэпыщIэныгъэхэм деж каналыщIэхэр къызэрыщыунэхум къыхэкIыу, цIыхухэм я зэпсэлъэныгъэхэр нэхъыбэу цифровой утыкум зэрыщекIуэкIыр, абы къыхэкIыуи, бзэхэм я пщэдейрей махуэмрэ абыхэм я зыужьыныгъэмрэ бжыгъэ (цифровой) Iуэхугъуэм быдэу зэрепхар.
ЗэIущIэм хэтахэр тепсэлъыхьащ интернет зэпыщIэныгъэхэм я утыкум лъэпкъыбзэхэм защIэгъэкъуэнымкIэ щыIэ унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм. Есенеев Мурат къытепсэлъыхьащ «Яндекс Переводчик»-м республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэр хэгъэхьэным ехьэлIауэ хэгъуэгум щалэжьа Iуэхугъуэхэм.
Урысейм и ФАДН-м лъэпкъ зэхущытыкIэмкIэ и Управленэм и унафэщI Цыбиков Тимур иригъэкIуэкIа, лэжьакIуэ гупым я зэIущIэри зытеухуауэ щытар аращ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, «Дом народов России» ФГБУ-р 2023 гъэм ирагъэжьащ лъэпкъыбзэхэр «Яндекс Переводчик»-м хагъэхьэн мурадкIэ. Абы телэжьэну лэжьакIуэ гупи къызэрагъэпэщауэ щытащ.
Сессием деж экспертхэмрэ хэгъуэгухэм я лIыкIуэхэмрэ лъэпкъыбзэхэр хъумэным, абыхэм зайгъэужьыным хуэгъэзауэ хъыбарегъащIэ технологиер зэрыхапщэмкIэ я зэфIэкIхэмкIэ зэхъуэжащ.
Зыгъэхьэзырар ДЗЭМЫХЬ Маринэщ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.