Лъэпкъхэр — зы унагъуэу

2025 гъэм и кIэухыу, УФ-м и Президент Путин Владимир Къэрал Советым хэтхэм яIущIащ икIи абдеж щигъэнэIуащ 2026 гъэр урысей цIыхубэм и зэкъуэтыныгъэм и Илъэсу зэрыщытынур. Унафэ щхьэхуэу къыдэкIащ ар, Президентым и IэпэкIэ щIэгъэбыдэжауэ. «Апхуэдэ унафэм нэхъри егъэнаIуэ зыуэ дыщытыным, дызэкъуэтыным и мыхьэнэр, ар — къэралым зэпымыууэ и зыужьыныгъэм лъабжьэ уасэншэ зэрыхуэхъур. АтIэ, а лъэныкъуэхэм гулъытэ пажэ егъэгъуэтыныр къэрал политикэм и Iыхьэ нэхъыщхьэщ.

 ЦIыхубэр зыуэ зэкъуэтыным нэхъри мыхьэнэ щагъуэт лъэпкъ куэду зэхэт Къэрэшей-Черкес Республикэм хуэдэ хэгъуэгухэм. Лъэпкъхэр зэгурыIуэныр лъабжьэ быдэ хуохъу зэпIэзэрытыныгъэм, щIэрэщIэныгъэм, щэнхабзэ фIыгъуэхэр хъума хъуным.

ДяпэкIи дэIэпыкъуэгъу дахуэхъунущ зэныбжьэгъугъэмрэ лъэпкъ зэкъуэтыныгъэмрэ щIэзыгъэбыдэну жэрдэмхэм, дзыхьымрэ пщIэ зэхуэщIынымрэ зыпсыхьыну щэнхабзэм зедгъэужьынущ, пхыдгъэкIынущ щIэнгъуазэ, спорт проектхэр. Урысейм и цIыхубэр зэкъуэтыным и Илъэсым нэхъри гулъытэ нэхъыбэ игъуэтынущ лъэпкъыбзэхэр, щэнхабзэхэр хъумэным, щIыпIэ жэрдэмхэмрэ лъэпкъ зэпсэлъэныгъэ-зэпыщIэныгъэхэмрэ загъэужьыным.

А псори зыхуэунэтIауэ щытынур — республикэм щыпсэу дэтхэнэми урысей унагъуэ уардэм и цIыхуу зэрыщытыр нэхъри зыхедгъэщIэн, къыхуэна щIэинымкIэ гушхуэныгъэ зыхилъхьэнращ».


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *