Лъэпкъхэр зэкъуэзыгъэувэ

Къэрэшей-Черкесым и МВД-м экстремизмэм пэщIэтынымкIэ и Купсэмрэ еджапIэхэм я унафэщIхэм гъэсэныгъэ лэжьыгъэмкIэ я чэнджэщэгъухэмрэ «Щэнхабзэхэм я зэпсэлъэныгъэ: Благъагъэ — КъэрэшейЧеркесым щыпсэу лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэ хабзэ» проект гъуэзэджэр къызэрагъэпэщащ. Ар теухуащ лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэр гъэбыдэным, щэнхабзэ лъапIэныгъэхэмрэ хабзэхэмрэ хъумэным, абыхэм щIэблэр щIэпIыкIыным.

ГУАПЭ ЗЭРЫХЪУЩИ, мы Iуэху дахэр Хьэбэз районым хыхьэ Зеикъуэ курыт еджапIэм щрагъэжьащ. А махуэм еджапIэм хьэщIэ къазэрыхуэкIуэнум зыхуагъэхьэзырат.

ПщIантIэр гъэщIэрэщIат, цIыкIуи ини гуфIэгъуэр я нэгум кърихрэ нэжэгужэу зэхэтт, пхъэцIычымрэ бэрэбанымрэ зыщIэт адыгэ пшыналъэ дахэм и макъамэм уи лъэр щIигъэкIт. Адыгэхэм хьэщIэм джэгу хуащIу зэрыщытар мыбдеж щынэрылъагъут. ДэнэкIи щыплъагъур дахагъэщ, гуфIэгъуэщ, уи гур зэщIэзыIэтэщ.

Абы хэтуи, мы теплъэгъуэм сигу къегъэкIыж адыгэ хабзэкIэ зэджэр ди адэжьхэм зэрызэхагъэкIам теухуа хъыбарыр: «Зэгуэрым адыгэхэр зэдауэт, хабзэм къикIымрэ абы и мыхьэнэмрэкIэ зэгурымыIуэу. Зэхуэсышхуэ ящIри, а Iуэхум тепсэлъыхьащ икIи зэгурыIуащ цIыху плIыщI къыхахыу, лъэпкъыр арэзы зыщIын хабзэ быдэ къагупсысыну. Ахэр мэзым и кум хагъэтIысхьащ, гупсысэнуи зэман иратащ. Махуэ плIыщI дэкIри, мэзым лIыкIуэхэр ягъэкIуащ Iуэхур зытетыр къащIэну. А зэманым ирихьэлIэу мыдрейхэри зэчэнджэщащ, зэдэуащ икIи зэгурыIуащ. ЛIыкIуэхэр къащеупщIым, жэуап ятыжащ: «Дахэр хабзэщ!» Ар псоми ягу ирихьащ, яфIэтэрэз хъуащ икIи нобэр къыздэсым а псалъэ дахэхэр хабзэу къытхуэнащ».

Мис, адыгэм ди хабзэм и дахагъэр кIэлъызэрахьэу, ди хэгъуэгум щыпсэу лъэпкъхэм — урысхэм, абазэхэм, къэрэшейхэм, нэгъуейхэм къабгъэдэкIахэмрэ нэгъуэщI хьэщIэ лъапIэхэмрэ адыгэ фащэхэр екIуу зыщыгъ щауэхэмрэ пщащэхэмрэ гуапэу кърагъэблэгъащ.

Пшыхьым хэтащ «Адыгэ Хасэ-Черкесский Парламент» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и вице-президент, КъЧР-м и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и депутат Аслъэнхэ Алий, Зеикъуэ къуажэм и Iэтащхьэ Зэубыд Рустам, «Навигаторы детства» республикэ проектым и унафэщI Борлаковэ Людмилэ, КъЧР-м и МВД-м и ОИ-мрэ ОС-мрэ я унафэщI Узденовэ Евгение, Министерствэм экстремизмэм пэщIэтынымкIэ и Купсэм Iуэху нэхъ хьэлъэ дыдэхэмкIэ оперуполномоченнэ нэхъыжь Пхъэш Иринэ, балигъыпIэм имыувахэм я IуэхухэмкIэ инспектор нэхъыжь Колесниковэ Заремэ, Къэрэшей-Черкесым лъэпкъ IуэхухэмкIэ, цIыхубэ зэпыщIэныгъэхэмрэ печатымрэкIэ и Министерствэм и IэщIагъэрылажьэ Тамбиевэ Каринэ, сабийхэм защIэгъэкъуэнымкIэ лъэпкъ Купсэм и хэгъуэгу къудамэм и унафэщI Байрамкулов Алий, Хьэбэз районым егъэджэныгъэмкIэ и къудамэм и гуащэ Сидакъ Жаннэ, районым сабий жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэнымрэ гъэсэныгъэмрэкIэ и муниципальнэ куратор Жу Салимэ, журналистхэр, къуажэдэсхэр.

ХьэщIэ къазэрыхуэкIуар махуэ яхуэхъуну, лъэпкъхэм я зэпыщIэныгъэм нэхъри зиубгъуну дауэдапщэр езыгъэкIуэкIа Мамыжь Хьэзрэтрэ Къумыкъу Фаридэрэ хъуэхъуа нэужь, псалъэ иратащ Зэубыд Рустам. Абы мы Iуэху дахэр зи жэрдэм къикIахэмрэ ар къызэзыгъэпэщахэмрэ фIыщIэ яхуищIащ икIи проектыр Зеикъуэ къуажэм зэрыщрагъэжьар зэригуапэр къыхигъэщащ. ЖиIащ мы Iуэхум лъэпкъхэр зэкъуэгъэувэнымкIэ, абыхэм яку дэлъ зэкъуэшыныгъэмрэ зэныбжьэгъугъэмрэ нэхъри быдэ хъунымкIэ мыхьэнэшхуэ зэриIэр. — Си гуапэщ нобэ мы пшыхь дахэм сыкъызэрырихьэлIар. Благъагъэр — кавказ лъэпкъхэм щIэблэкIэрэ зэIэпах хабзэхэм ящыщ зыщ. Ар лъэпкъхэм я зэхущытыкIэхэм и лъабжьэу зэрыщытым къыхэкIыу, мыхьэнэшхуэ иIэщ икIи цIыхухэм яку дэлъ мамырыгъэр, зэныбжьэгъугъэр, зэгурыIуэныгъэр гъэбыдэным щхьэпэнущ, — жиIащ къуажэм и Iэтащхьэм.

Дуней псом лъэпкъыу тетым хьэщIэм кIэлъызэрахьэу езыхэм хабзэ яIэжщ. Кавказ лъэпкъхэр къапщтэмэ, хьэщIэгъафІэкІэ цIэрыIуэщ. Адыгэхэм я деж щыIауэ ятетхыхьа щIэныгъэлIхэм, къэхутакIуэхэм яхэбгъуэтэнукъым адыгагъэкIэ хьэщIэм ехьэлIа хабзэхэр нэгъэсауэ, дахэу, ягурэ я псэрэ къабгъэдэкIыу зэрагъэзащIэр зымыгъэщIэгъуа. Абыхэм хьэщIэр зыщIашэ унэ хэха яIэт, зэреджэри хьэщIэщт. Абы нэмысышхуэ, хабзэшхуэ кIэлъызэрахьэт. Лэкъум, хьэлывэ хуагъажьэт, джэд шыпс къыхуаIэтт, пIастэ и гъусэу. Адыгэхэм къару зыщIэлъ шхыныгъуэт яупщэфIыр. Мис а хабзэ дахэхэм хьэщIэхэр щагъэгъуэза нэужь, лъэпкъ шхыныгъуэхэр Iэнэм трагъэуващ.

А хабзэ хъарзынэр сыт хуэдиз зэман пхымыкIами, и купщIэр къытхэнащ. Абы и щыхьэтщ Байрамкулов Алий жиIа псалъэхэр: «Си лэжьыгъэкIэ ди республикэм нэмыщIу, зэры-Урысейуэ къыщызэхызокIухь. Пэжыр жысIэнщи, мыпхуэдэу ягурэ я псэрэ зэIухауэ хьэщIэм къыздыпежьэ щIыналъэ срихьэлIакъым. Сыт щыгъуи согъэщIагъуэ Хьэбэз районым хьэщIэм гулъытэ зэрыхуащIыр, сыт хуэдэ зэхыхьэри, дауэдапщэри узыфIэмыкIыжыну къызэрызэрагъэпэщыр».

Урысейр лъэпкъыбэу, щэнхабзэ куэду зэрызэхэтыр, абыхэм ди къэралыр лъэщ зэращIыр, зэрагъэдахэр пшыхьым къыщыпсэлъахэм къыхагъэщащ. — Лъэпкъхэм ди бзэхэмрэ щэнхабзэхэмрэ тхъумэжыным, ахэр егъэфIэкIуэным ди къэралым и унафэщIхэм гулъытэшхуэ хуащI, щIэгъэкъуэни мэхъу. Ахэр еджапIэхэм щыдджыну, ди щэнхабзэхэм задгъэужьыну дэтхэнэ хэгъуэгуми лъэкIыныгъэхэр щыдиIэщ. Апхуэдэщи, ди лъэпкъыбзэхэмкIэ газетхэр къыдокI, теленэтынхэр къат.

Ар зимыуасэ щыIэкъым. Ар къыдгурыIуэн икIи пщIэ хуэтщIын хуейщ. Мы едгъэжьа проектым и мурад нэхъыщхьэри аращ — дызэрызэкъуэтыр, дызэгурыIуэу дызэрызэдэпсэур, ди бзэхэмрэ щэнхабзэхэмрэ зэрытхъумэжыр, пщIэ зэрызэхуэтщIыр иджыри зэ нэIурыт тщIынращ, — жиIащ Борлаковэ Людмилэ.

Полицэм и къулыкъухэр, республикэм и унафэщIхэр нэхъыбэу зытелажьэ унэтIыныгъэхэм ящыщщ лъэпкъ зэхуэмыдэхэмрэ дин зэмылIэужьыгъуэ зезыхьэхэмрэ яку дэлъ зэгурыIуэныгъэр гъэбыдэныр. Абы и Iэщэ нэхъыщхьэщ ди республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэ щIэинхэмрэ хабзэхэмрэ хъумэным хуэунэтIа Iуэхугъуэхэр. «Щэнхабзэхэм я зэпсэлъэныгъэ» проектыр республикэм щыпсэу лъэпкъхэр зэгурыIуэу зэдэпсэуным зэгъусэу зэрелэжьым и зы щапхъэу зэрыщытыр я къэпсэлъэныгъэм къыхагъэщащ Узденовэ Евгение, Пхъэш Иринэ, Тамбиевэ Каринэ сымэ. — Ди нэхъыжьхэр сыт щыгъуи зэгурыIуэу, зэгъу нэгъуфIу къызэдэгъуэгурыкIуащ. А хабзэ дахэхэм дэри адэкIэ пытщэн хуейщ, щIэблэми къыхуэдгъэнэн папщIэ, мыпхуэдэ пшыхьхэр къызэдгъэпэщыпхъэщ. АтIэ, ди республикэр, ди къэралыр зыгъэлъэщыр — зэгурыIуэу, зэкъуэту, мамыру зэдэпсэу лъэпкъыбэу зэрызэхэтращ. Лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм, ди   щэнхабзэ зэмыщхьхэм ди псэукIэр нэхъ дахэ, нэхъ къулей, нэхъ хьэлэмэт ящI. Ар бгъэкIуэди, зыщыбгъэгъупщи хъунукъым. Дэ ди къалэныр — ар щIэблэм яхуэтхъумэнращ.

АтIэ, нобэ дызэрызэкъуэтыр зылъагъу, абы щIэтпIыкI щIэблэр пщIэ зэхуащIу пщэдей зэдэпсэунущ, — жиIащ Аслъэнхэ Алий.

Къэпсэлъэныгъэ нэужьым утыкур хуит хуащIащ республикэм щыпсэу лъэпкъхэм я лIыкIуэхэм. Ахэр зэхуэзышэса дауэдапщэм лъэпкъ фащэ екIур къызыщыпсу къекIуэлIахэм уахэплъэн къудейри гур хэзыгъахъуэт.

Япэ щIыкIэ хэгъэрейхэм я къэфэкIэр, уэрэд жыIэкIэр, усэ къеджэкIэр, нэгъуэщI куэди пшыхьым щагъэлъэгъуащ. Апхуэдэу щэнхабзэ Iыхьэр къызэIуихащ Ашыбокъуэхэ Азэмэтрэ Iэсятрэ я нэIэм щIэт «Вагъуэбэ» сабий Iэмэпсымэ ансамблым. «Пщащэхэм я къафэр» утыку кърахьащ Гъуэзджэш Динарэ зи унафэщI гупым. «Ислъэмей» къафэр ягъэзэщIащ Хьэмыкъуэ Азэмэт и гъэсэн «Юность Кавказа» къэфакIуэ гупым. «Фыкъеблагъэ» усэм къеджащ Алахмад Мунир. Къызэхуэсахэм абыхэм Iэгуауэшхуэ хуаIэтащ.

ИужькIэ зыкъагъэлъэгъуащ урыс, нэгъуей, къэрэшей, абазэ лъэпкъхэм къабгъэдэкIа хьэщIэхэм. Абыхэми мы зэхыхьэм хуагъэхьэзырат уэрэдхэмрэ лъэпкъ къафэхэмрэ, яIыгът лъэпкъ шхыныгъуэхэр. Нэрылъагъут дэтхэнэри Iуэхум щIэщыгъуэу, гъэщIэгъуэнагъ халъхьэу зэрыбгъэдыхьар. Щэнхабзэ зыкъэгъэлъэгъуэныгъэр иухащ «Урысей» уэрэдыр псоми зэдыжаIэкIэрэ.

ГъэщIэгъуэнщ зыщыщ лъэпкъкIи, зэрыт ныбжькIи, зэрихьэ хабзэкIи, бзэкIи, динкIи зэщхьэщыкI цIыхухэр гъунэгъу зэрызэхуэхъум, лъэпкъ шхыныгъуэхэмкIэ, я хабзэхэмкIэ, щэнхабзэхэмкIэ зэрызэдэгуашэм уакIэлъыплъыну. А псори щызэхэухуэнат мы пшыхьым. — Хуабжьу мыхьэнэшхуэ иIэщ ди къэралым, ди республикэм щыпсэу лъэпкъхэм яку зэгурыIуэныгъэ дэлъыным. Ар щэнхабзэм и лъабжьэр зыгъэбыдэ Iуэхугъуэщ.

Мис абы гъуэгу еттын папщIэ, мыпхуэдэ щэнхабзэ зэхыхьэхэр къызэгъэпэщын, лъэпкъхэр Iэмал зэхуэмыдэхэмкIэ гъунэгъу зэхуэщIын хуейщ. Мы Iуэху дахэр, купщIэшхуэ зиІэ проектыр къызэзыгъэпэща, езыгъэкIуэкIа, проектыр езыгъэжьа Зеикъуэ курыт еджапIэм и лэжьакIуэхэм фIыщIэ фхузощI, — захуигъэзащ абыхэм Сидакъ Жаннэ.

Абы и псалъэхэм пищэу, щэнхабзэ махуэщIым къеблэгъахэми, и лэжьэгъухэми псалъэ гуапэ яхужиIащ еджапIэм и унафэщI Уэрзэлы Ларисэ икIи махуэщIым и къыкIэлъыкIуэ зэхыхьэр Зеленчук районым яIэщIилъхьащ.

Щэнхабзэхэм я зэпсэлъэныгъэ махуэщIым хэта нэхъыжьи нэхъыщIи зэгъусэу сурэтхэр зытраха нэужь, зэбгрыкIыжащ, я зэкIэлъыкIуэныгъэр, дауэдапщэр адэкIи пащэу зэрыгъэныбжьэгъуну зэгурыIуауэ.

ЕЗАУЭ Маринэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *