ЩэкӀуэгъуэм и 4 махуэщӀым Ставрополь и Купсэ паркыр щэнхабзэхэм я зэхуэсыпӀэ дыдэ хъуащ. Абдеж фестиваль ин щызэхашащ икIи адыгэхэмрэ абазэхэмрэ я лъэпкъ пщӀантӀэхэр иригушхуэу къагъэлъэгъуащ, къалэдэсхэмрэ хьэщӀэхэмрэ лъэпкъхэм я щэнхабзэ къулейм щагъэгъуэзащ.
Фестивалым къекӀуэлӀахэм цӀыхубэприкладной гъуазджэм и Ӏэмалхэм яфӀэгъэщӀэгъуэну нэӀуасэ зыхуащӀащ, хабзэхэм ехьэлӀауэ упщӀэхэр ятащ, адыгэ, абазэ шхыныгъуэхэм я ӀэфӀагъыр зыхрагъэщӀащ. Псом хуэмыдэу гухэхъуэ хэхарэ хьэлэмэтрэ ящыхъуащ адыгэ пщӀантӀэм и дахагъ хъуа упщӀэпӀащӀэ (войлочные) сурэт телъыджэхэр. «Адыгэхэр» щэнхабзэмкIэ купсэм фӀыщӀэ яхуещӀ а махуэм я гуфӀэгъуэр ядэзыӀы гъахэм:


— Псалъэ гуапэ щхьэхуэхэр яхудогъазэ ди лэжьэгъухэм: Лэпыгъу Эммэрэ Мэшэжь Сасэрэ. АтIэ, Лэпыгъу Эммэрэ Даур А. и цӀэр зезыхьэ гъуазджэхэмкӀэ колледжымрэ пщӀэншэу къытӀэрагъэхьа реквизитхэр къытщхьэпащ щытыкӀэ дыдэм ещхь къэдгъэхъуну. ӀэпщӀэлъапщӀэ Мэшэжь Сасэ и ӀэдакъэщӀэкӀ хьэлэмэтыщэм — упщIэпIащIэ сурэтхэмкӀэ, адыгэм ди щэнхабзэм и дахагъэмрэ и псэмрэ хьэщӀэхэр щыдгъэгъуэзэну лъэкӀыныгъэ къыдитащ.
Мы фестивалым аргуэру къигъэлъэгъуащ ди хабзэхэр хъумэнымрэ абыхэмкӀэ нэгъуэщӀхэм ядэгуэшэнымрэ мыхьэнэшхуэ зэриӀэр, — къыхегъэщ «Адыгэхэр» купсэм и тхьэмадэ Шыбзыхъуэ Юрэ.
ЕЗАУЭ М
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.