Махъачкъалэ щекIуэкIащ «Единство народов — сила России!» хэгъуэгузэпх конференцыр. Къэрэшей-Черкес Республикэм къыбгъэдэкIыу зэIущIэшхуэм хэтащ хэгъуэгум лъэпкъ IуэхухэмкIэ, цIыхубэ зэпыщIэныгъэхэмрэ печатымрэкIэ и министр Есенеев Мурат, министрым и япэ къуэдзэ Эдиев Таулан сымэ.
Псалъэмакъ нэхъыщхьэу зэIущIэм къыщаIэтащ урысей жылагъуэ зэкъуэтыныгъэр гъэбыдэныр, лъэпкъ зэхущытыкIэхэр егъэфIэкIуэныр, щIалэгъуалэр экстремизм къэхъукъащIэ шынагъуэм щыхъумэныр. Гулъытэ щхьэхуэ ирагъэгъуэтащ Урысей Федерацэм щыпсэу лъэпкъхэм я анэдэлъхубзэхэр хъумэным. Ар пэджэжу щытащ Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я бзэхэм я Махуэм. ЗэIущIэм къриубыдэу, Дагъыстан Республикэм лъэпкъ политикэмрэ дин IуэхухэмрэкIэ и Министерствэмрэ КъЧР-м лъэпкъ IуэхухэмкIэ, цIыхубэ зэпы щIэныгъэхэмрэ печатымрэ кIэ и Министерствэмрэ ЗэгурыIуэныгъэ зэдащIащ дяпэкIэ къэрал политикэр пхыгъэкIыным зэдытелэжьэным теухуауэ. Хэгъуэгузэпх конференцым ипкъ иту, «Бжыгъэхэм я лъэхъэнэм Ищхъэрэ Кавказым и бзэ зэмылIэужьыгъуэхэр хъумэн» темэ секцэр иригъэкIуэкIащ «Дом народов России» Федеральнэ къэрал бюджет IуэхущIапIэм и унафэщI Полежаевэ Аннэ.
Мыбдежым къыщыпсэлъащ Эдиев Таулан. Къэпсэлъэныгъэр триухуащ ди республикэм и бзэ зэхуэмыдэхэм зайгъэужьынымкIэ зэфIах лэжьыгъэм. — ХэгъуэгукъэгъэщI лъэпкъыу ди щIыналъэм исым я бзэхэмкIэ газетхэр къыдыдогъэкI, теле-радио нэтынхэр къыдот, зэрырагъаджэ, художественнэ литературэхэр гъэхьэзырынымрэ къыдэгъэкIынымрэ пыщIа Iуэхухэр республикэ тхылъ тедзапIэм къызэфIегъэкI; бзэхэр зыдж щIэныгъэлIхэр зыдэдгъэIэпыкъури, «Яндекс-Переводчик»-м ди лъэпкъыбзиплIыр: къэбэрдейчеркесыбзэр, абазэбзэр, къэрэшей — балъкъэрыбзэмрэ нэгъуеибзэмрэ идгъэхьащ; бзэр нэгъэсауэ зыIурылъ диктор Iуэхум къыхэтшауэ, къэрэшей-балъкъэрыбзэм хэт псалъэхэм я ухуэкIэр гурыIуэгъуэ дощI, макъкIэ къызэрагъуэтыфынум хуэдэу догъэпс; «Гига-Чат»-р тедгъэпсыхьащ къэбэрдей-черкесыбзэмрэ къэрэшей-балъкъэрыбзэмрэкIэ псэлъэфу; «Яндексым» дымыувыIэу Iуэху дыдощIэ, компанэхэм я лэжьакIуэхэр республикэм иригъэкIуэкI дауэдапщэхэм къыхэтшэкIэрэ. «Форумым дызэрыхэтым лъэкIыныгъэ къыдитащ Къэрэшей-Черкесым игъуэта зэхэщIыкIымкIэ адрейхэм дадэгуэшэнуи, СКФО-м хыхьэ хэгъуэгухэм я Iуэху щIэкIэм зыщыдгъэгъуэзэнуи», — къыхигъэщащ министрым и къуэдзэм.
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.