«Архив теплъэгъуэхэр — 1943 гъэм щӀышылэм и 18-м ТекӀуэныгъэ Нып Плъыжьыр Шлиссельбург щхьэщыту… А махуэм, илъэс 83-кӀэ узэӀэбэкӀыжмэ, ди совет зауэлIхэм Ленинград блокадэр зэпаупщӀауэ щытащ. А текӀуэныгъэм ленинграддэс мелуанхэм гугъэ къаритыжащ, зэрыкъэралу лӀыхъужьыгъэщӀэхэм къыхуигъэушащ. ФӀыщӀэрэ пщӀэрэ яхуэтщӀу, дригушхуэу дигу къыдогъэкӀыж а махуэхэм я лӀыхъужьхэр: Ленинград, Волхов фронтхэм я зауэлӀхэр, абыхэм Къэрэшей-Черкесым щыщхэри яхэтащ, блокадэм хэхуа Ленинград цӀыхухэу къахуэмыгъэщхъахэр. ЦӀыхухэм ягухэм къокӀыж дзэзешэшхуэ Жуков Георгий и псалъэхэр: «Зауэхэм я тхыдэм ящӀэкъым Ленинград и хъумакӀуэхэм къагъэлъэгъуа лӀыхъужьыгъэ, лӀыгъэ, гуащӀэрылажьэ, зауэ хахуагъэ куэдым хуэдэ щапхъэ!». Ди щхьэр яхудогъэщхъ ветеранхэмрэ блокадэм хэтахэмрэ. Фашизмэм ебэну зи гъащӀэр зыта лӀыхъужьхэм ену щӀыхь! Сыт щыгъуи дигухэм илъынущ Ленинград и хъумакӀуэхэр!» — МАХ-м щиӀэ и напэкӀуэцӀхэм щитхащ республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид. КъЧР-м и Iэтащхьэмрэ и Правительствэмрэ я пресс-къулыкъу
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.