2026-2027-нэ еджэгъуэ илъэсым ипкъ иту, «Работа России» Зыуэ щыт цифровой платформэм (ЕЦП) целевойкIэ егъэджэным щIэлъэIу лэжьапIэтхэр щIитхэн иублэнущ.
ЛъэIу тхылъхэр ящтэнущ гъатхэпэм (мартым) и 1-м щегъэжьауэ 31-м нэскIэ. IуэхущIапIэхэм, лэжьапIэтхэм квотэр къалъысын папщIэ зэхъуэкIыныгъэ къыхыхьащ. Гу зылъытапхъэр! ПIалъэ ягъэнэIуам къриубыдэу, квотэм щIэлъэIу лэжьапIэтым «Работа России» платформэм лъэIу тхылъыр щитын хуейщ! Абы ипэ, IуэхущIапIэр зытелажьэ ОКВЭД-р, мылъкум и жыпхъэр, целевой егъэджэныгъэм щIэлъэIур зыхиубыдэ категориер къигъэлъэгъуэн хуейщ. Зы лэжьэгъуэ махуэм къриубыдэу, порталым къекIуэлIа лъэIу тхылъхэр лэжьапIэкIэ цIыхухэр къызэгъэпэщынымкIэ къулыкъухэм зэрагъэзэхуэнущ, лэжьапIэтхэр зыхуэныкъуэ IэщIагъэхэр зэхагъэкIынущ. Целевой егъэджэныгъэм и заказчикми, лэжьапIэтми, IуэхущIапIэми лъэIу тхылъыр щIилъхьэфынущ. Нэхъыщхьэр — и пIалъэм – апрелым и 1-м блэмыкIыу порталым зыщIитхэн хуейщ. КъЧР-м и УГСЗН-м и официальнэ сайтым целевой егъэджэныгъэм ехьэлIа хъыбархэмрэ лъэIу тхылъыр зэрывгъэкIуэнум ехьэлIа тхыгъэхэмрэ щивгъуэтэнущ. Мы ссылкэмкIи абы зыщывгъэгъуэзэфынущ: https://cloud.mail.ru/public/AbX2/ ykVMokpvx. КъЧР-м и УГСЗН
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.