Куэд къэзыгъэщIанэхърэ куэд зылъэгъуа

Куэд къэзыгъэщIам нэхърэ куэд зылъэгъуам жиIэжым дерс нэхъ хэлъщ. Апхуэдэ цIыхуу щытащ адэкIэ зи гугъу фхуэсщIыну, зи хьэдрыхэ дахэ хъун ДЭБАГЪУЭ МутIалиб Къэлэбэч и къуэр.

Мы лIым куэд илъэгъуащ, куэди и нэгу щIэкIащ. Ахэр фIы дыдэу къезгъэIуэтэжыфынуи зэгуэрым щытащ. Ауэ, жагъуэ зэрыхъущи, а лъэкIыныгъэр зыIэпызгъэкIащ. Иджы IэмалыншагъэкIэ си IэфракIэм содзэкъэж. МутIалиб и ныбжьыр илъэс 68-м иту 1988 гъэм дунейм ехыжащ. Дэбагъуэ МутIалиб теухуауэ си тхыгъэ тетауэ щытащ 2022 гъэм и гъатхэпэм и 26-м къыдэкIа «Черкес хэку» газетым. ЩIэджыкIакIуэхэм я лъэIукIэ, а тхыгъэм и сатырхэм иджыри зэ мыбдежым сыщрокIуэж. Дэбагъуэ МутIалиб Къэлэбэч и къуэр 1920 гъэм Алъэсчырей (Жьакуэ) къуажэм къыщыхъуащ. Курыт еджапIэри къиухакъым. Ауэ абы иIащ егъэджакIуэхэм я нэхъыфIыр — гъащIэр. ЩIэныгъэ щигъуэтащ еджапIэхэм я нэхъыщхьэм — Дунейм. ЩIалэ набдзэгубдзаплъэм зыхиубыдащ гъащIэм и дерс псори. Зауэр къежьа нэужь, МутIалиб военкоматым ираджэри, фронтым Iууващ 1942 гъэм. Абы и гъусэу апщыгъуэм зауэм кIуащ Хьэбэз щыщ Даур Индрисрэ Эрсакон щыщ ПэтIхэ я зы щIалэрэ. А щIалэм и цIэр зыщIэ и къуажэгъу гуэр ди тхыгъэм къыпэджэжынкIэ дыгугъа щхьэкIэ, зыми зыри къитхакъым.

Иджыри зэ эрсакондэс нэхъыжьхэм захудогъазэ 1942 гъэм Дэбагъуэ МутIалиб дэщIыгъуу зауэм дэкIауэ щыта ПэтIым и цIэр къытхуагъуэтыжыну. МутIалиб куэдрэ дэмэлыхъуа, губгъуэм дита жьакуэдэс нэхъыжь Адэмокъуэ Хьисэ къызэриIуэтэжамкIэ, лIыр зауэм щыдэкIа 1942 гъэ дыдэм нэмыцэхэм гъэр ящIри, Кенигсберг (иджы Калининград) яшащ. Абы икIри, Франджым къыщыхутащ. Франджы фермер бей гуэрым ищэхуащ зи къару илъыгъуэ гъэр щIалэр. Ар щIыгум телэжьыхьащ, Iэщ игъэхъуащ, мэкъу еуащ. Апхуэдэу ягъэлэжьащ 1945 гъэм пщIондэ. МутIалиб игу къигъэкIыжт Франджым деж мазаеми (февралми)… мэкъу еуэу, удз пиупщIу зэрыщытар. 1945 гъэм гъэрхэр къа утIыпщыжри, Дарданеллы, Босфор псы дэлъэдапIэхэмкIэ къыдэкIыжу, хы кхъухькIэ къашэжащ, америкэ кхъухьлъатэхэр къащхьэщыту. Апщыгъуэм СССР-м хабзэ мыхъумыщIэу къыдекIуэкIти, совет зауэлIхэр бийм и гъэр хъун хуиттэкъым, яукIми нэхъыфIт. Гъэрым къикIыжахэр лъэхъуэщым щрадзэж, тезыр зэхуэмыдэхэр щытралъхьэ щыIэт. Апхуэдэу, Дэбагъуэ МутIалиби, гъэрым зэрисар и ущхьэгъуу, яхуащ Баку и Iэгъуэблагъэм щыIэ Лак Батал жылагъуэм и щIыдагъэ къыщIэхыпIэм. Абдежым ар хьэкъыпIэкIэ щагъэлIыщIэт. Абы зы пIалъэ гуэркIэ щылэжьа нэужь, къыдалъхуахэр зэхыхьэри, Iэмал зэхуэмыдэхэм хуекIуэри, Жьакуэ къашэжауэ щытащ. ЗэрыжаIэжымкIэ, мы Iуэхум хэлIыфIыхьащ МутIалиб къыдалъхуа и къуэш, зауэм хэта, зауэ нэужьым совет къэрал къулыкъу зэхуэмыдэхэм щылэжьа, адыгэ газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта СулътIани. МутIалиб Жьакуэ къэкIуэжа нэужь, IэнатIэ зэхуэмыдэхэм щылэжьащ. ХьисэпымкIэ зэрыгурыхуэм папщIэ, абы дзыхь къыхуащIауэ щытащ учетчик, счетовод, весовщик IэнатIэхэр. ИIыгъащ жэуаплыгъэ зыпыщIа нэгъуэщI IэнатIэ зэхуэмыдэхэри. Ауэ псом нэхърэ нэхъ и щIасэт бгыхэр, джабэ нэкIухэмрэ губгъуэхэмрэ. Ахэр гъазэ имыIэу фIэкIуэда къыфIэщIу илъэс бжыгъэкIэ Европэм щаIыгъами, и насып къихьыжат и Хэкум и губгъуэхэм итыну, и мэзхэм щIэтыну, и хьэуа къабзэм, хущхъуэм хэтыну. Илъэс куэдкIэ ар мэлыхъуащ пщIэ иIэу, щхьэ иIэу. Езауэхэ япхъу Сэрмэдан унагъуэ дищIэри, быних зэдапIащ.: Светланэ, Рэшид, Рэмэд, МуIэед, Зулетэ, Мухьэрбий. МутIалиб и бынхэмрэ дэрэ ди сабиигъуэр зэрызэдэдгъэкIуам къинэмыщIауэ, а нэхъыжьыфIым ди гъащIэм лъэужь дахэ къыхинащ. Ди адэр щыпсэум, ди хьэблэ лIыхэр щIыгъуу ди деж накIуэ зэпытт, куэзыр джэгут, тутын ефэт, хъы бар гъэщIэгъуэн куэд жаIэжт. СыцIыкIу пэтми, сэри абыхэм седэIут, си жьэ ущIауэ. Ди адэр пасэу дунейм ехыжа нэужь, МутIалиб нэхъри и гур къытхуэмыгъуэ хъуащ. Махуэ къэс хэт ищIэн, ауэ тхьэмахуэм зыбжанэрэ ди унагъуэм нихьэт, ди пщIантIэм ныдыхьэт. Хадэр къызэхикIухьт, хьэсэхэм дызэрелэжьыр зригъэлъагъут, гукъанэ иIэмэ, къыджиIэт, игу ирихьмэ, къытщытхъут. Iуэм ихьэт, жэмхэм якIэлъыплът. Псом хуэмыдэу къытхуэсакът мэлхэм щIэжьей къащы щIэхъуэ пIалъэм. Абы хуэдэ мэлыхъуэ Iэзэ гъуэтыгъуейт. Мэлхэм я кIэр тхущIищэт, дэри абы дригъасэт, жэпхъа щынэхэм я кIэхэр тхупиупщIт, я лъэбжьанэхэр тхуигъэкъабзэт, мэл лъхуахэмрэ псэфхэмрэ зэхыдигъэгъэкIти, щхьэхуэу Iуэхэм ирыдигъэубыдэт. Iэщым дызэрыкIэлъыплъыну Iэмалхэм дыхуигъасэт… Ауэ сэ сщIэт абы гъащIэм и щIыхуэ къызэрытемынар, и пщэрылъхэр нэгъэсауэ, пылъхьэншэу зэригъэзэщIар. Бийм и гъэрыпIэм зэрисами гузэрыдзэ иримыгъэщIу, игу зэщимыгъауэу, гъащIэм хуэарэзыуэ, и гуащIэ хьэлэлкIэ псэуащ. Унэ иухуащ, унагъуэ ищIащ, и бынхэр я лъэ тригъэуващ, щIэныгъэ, IэщIагъэ яритащ, гъуэгу занщIэ тригъыхьащ. Зыдэлажьэхэм, зыдэпсэухэм ягу къемыбгъэу дунейм тетащ, и ужьыр дахэ хъуащ. МутIалиб цIыхухэр къызэрыхуэарэзыуэ, Тхьэр арэзы къыхухъу! ГушыIэр Тхьэм и щIасэщ. МутIалиб гушыIэныр фIэфIу дунейм тетащ. Абы и къуэ нэхъыжь Рэшид игу къегъэкIыж и адэм и иужьрей гушыIэхэм ящыщ зыр. МутIалиб жиIэт: «Европэм и къэралхэр къызэхэскIухьащ. СыщыIащ Джэрмэным, Франджым, нэгъуэщI хэгъуэгухэм, ауэ Инжыджышхуэ къуажэм сымыкIуауэ дунейм сехыжыну къыщIэкIынщ…». Дэбагъуэ МутIалиб гъащIэр, хэкур, лъэпкъыр, цIыхухэр фIыуэ илъагъуу псэуащ. Абы яхухиша гъуэгу дахэм ноби ирокIуэ и бынхэмрэ абыхэм къалъхужахэмрэ.

ДЭБАГЪУЭ Хьэтызэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *