Къэрэшей — Черкесым щыщ адыгэхэм къытхэкIа БРАТХЭ Руслан накъыгъэм и 29-м щыщIэдзауэ МТС-м и КИОН онлайн-кинотеатрымкIэ къыщагъэлъэгъуэнущ «Адвокаты» урысей сериалым хэту. Руслан зи къуэрылъхур адыгэ лъэпкъым и прозаик лъэрыхь, тхакIуэ, усакIуэ цIэрыIуэ, «Черкес хэку» газетым илъэс куэдкIэ щылэжьа Братхэ Хьэбасщ.
1986 гъэм мазаем и 6-м Братхэ Руслан Черкесск къалэм къыщыхъуащ. 2012 гъэм абы къиухащ театр гъуазджэмкIэ Урысей академием и режиссёр факультетыр (ГИТИС), Хейфец Леонид и лъэщапIэм щеджащ. «Адвокаты» сериалыщIэр — ар махуэ къэс Iуэху хьэлъэхэм пэщIэу-вэ, зыпэмыплъа къалэнхэр къызыхуагъэув юрист гупым теухуа комедиещ.
Сюжетым къызэрыщыхьамкIэ, уэчылхэм зэхагъэкIын хуейуэ я пщэ илъщ унагъуэхэм яку къыдэхуа зэгурымыIуэныгъэхэр, зэгъунэгъу-хэр зыхэхуа зэдауэ, икъукIэ мыхьэнэ зимыIэ щытыкIэхэр, узытекI мыхъун хьэлщэнхэм емыкIумрэ ахъшэ нэ-хъыбэ къэлэжьынымрэ къыпалъытурэ. Мы сериалым деж абы щигъэзащIэ ролыр — Егор, нэхъ гурыIуэгъуэу жыпIэмэ, «Юстасс» уэчыл фирмэм и къызэгъэпэщакIуэщ икIи и унафэщIщ.
Егорым и лэжьэгъухэщ Артёмрэ (Калимулин Эльдар) Людэрэ (Вилковэ Екатеринэ). Ар езыр зыхуэткIиижыныр зи хьэл, сыт щыгъуи жан, зи компанэр хьилагъэкIэ къэзыIэтыну пылъ, ауэ зи лэжьэгъухэм къащхьэщыж щIалэщ. Сериалым и режиссёрщ Тележинский Леонидрэ Пармас Аннэрэ. Абыхэм зэрыжаIэмкIэ, проектым къызэщIеубыдэ комедиери, драмэри, уеблэмэ гъащIэм къыщыхъу мыхъумыщIагъэхэр ауан хэлъу къэзыгъэлъагъуэ сатирэри. «СэркIэ дапщэщи гъэщIэгъуэнт комедие гъэпсыкIэу щыт зэпсэлъэ ныгъэхэр.
Ар жанр къызэрыкIуэкъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, ущие лъэпкъ къыхомыгъахуэу зэпкърыпхын хуей мэхъу гур зыгъэузым, зыгъэпIейтейм, социальнэ зэпэщIэуэныгъэхэм яхьэлIа лъэныкъуэхэр. Ди сериалым жанр зэхуэмыдэхэр щызэлъоIэс, абдеж комедием хэухуэнащ драмэмрэ щIагъыбзэхэмрэ. Мыр икIи бадди-муви жыхуиIэ жанрри зи лъабжьэ художественнэ фильму плъытэ хъунущ: ныбжьэгъугъэкIэ зэпыщIа, ауэ дунейми, IэщIагъэми, гъащIэми еплъыкIэу хуаIэмкIэ ауи зэмыщхь уэчылитIыр зэдэIэпыкъужурэ, зыр зым и деж зыщигъасэурэ нэхъыфI зэрызащIымкIэ.
Апхуэдэ гуп зэгъ дызэрыгъэхъуащ Пармас Аннэрэ сэрэ. ТIуми нэгъэсауэ зыхыдощIэф ешэжьа уэршэрым и псынщIагъыр, тыншуи зэхыдогъэкIыф драмэмрэ комедиемрэ зыхэлъ къэхъугъэхэр. Абы къикIыр аращи, еплъыкIитIыр зэран зэхуэхъукъым, атIэ, зэхуощхьэпэ мыхъумэ», — и гупсысэхэмкIэ мэгуашэ «Адвокаты» проектым и режиссёр Тележинский Леонид. «Проектыр къетхьэжьэну мурад тщIащ уэчыл бюром и лэжьакIуэ дыдэхэм дахуэза нэужь. Абыхэм цIыху куэдым онлайн IэмалкIэ ирагъэгъуэт юридическэ хуэIухуэщIэхэр. Бюром зыкъыхуэзыгъазэхэр зэхуэдэкъым я мылъкукIи, я псэукIэ щытыкIэкIи. ИкIи, дэ тщыщ куэдым хуэдэу, къэрал хабзэхэм къару яIэмрэ лъэкIыныгъэу къыуатымрэ хэзымыщIыкIхэм ар ядоIэпыкъу. Бюром Iут юристхэр хахуэу япыкъуокI гузэвэгъуэ ихуахэм, жыпIэнурамэ, дыхьэшхэну яфIызэхэзэрыхьа Iуэхухэм къыхашыж. Дэ дыхуейт апхуэдэ IэщIагъэлIхэм ятеухуауэ сериал тетхыну», — къыхигъэщащ Пармас Аннэ.
Зыгъэхьэзырар АБЫКЪУ Къамырзэщ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.