«Къэрэшей-Черкесыр фи гъусэщ!»

Луганск ЦIыхубэ Республикэм и Старобельскэ районым къыщыхъуа нэщхъеягъуэшхуэм хьэкъи — лажьи зимыIэ цIыху 20-м щIигъу хэкIуэдащ, нэхъыбэжым фэбжь хахащ.

ЦIыху зэрымыс, бийм и БПЛА-хэр, студентхэр щIэсу, егъэджакIуэхэр здагъэхьэзыр университетым и еджапIэмрэ псэупIэмрэ хэуащ. Апхуэдэ щIэпхъаджагъэ гущIэгъуншэр сабийхэмрэ егъэджакIуэхэмрэ языщIылIа киев унафэщIхэр зыгъэзэхуэн дунейм теткъым!

Абы хэкIуэдахэмрэ уIэгъэ хъуахэмрэ яхуэгузавэу Черкесск къалэм дэт, Хьэбэч Умар и цIэр зезыхьэ педколледжым и бжэIупэм цIыхур куэду къыщызэхуэсащ. Щыгъуэм хэтахэм «Дывдощыгъуэ» гуIэ псалъэхэр зытет баннерым удз гъэгъахэр тралъхьащ икIи хэкIуэдахэм яхуэщыгъуащ. Къызэхуэсахэм къыхагъэщащ Старобельск къыщыхъуа гузэвэгъуэр Къэрэшей-Черкесым щыпсэухэм ягу къызэреуар, хэкIуэдахэм я унагъуэхэм зэрахуэщыгъуэр, жаIащ фэбжь зыгъуэтахэр псынщIэу къызэфIэувэжыну Тхьэм зэрелъэIур! «Къэрэшей-Черкесыр фи гъусэщ!», — зэдыжаIащ абыхэм.

 «Старобельск – ди къуэшщ, нобэ зы унагъуэу дызэдогузавэ. Си щхьэкIэ, къуэш Къэрэшей-Черкесым щыпсэухэм я цIэкIэ гурэ псэкIэ сахуогузавэ икIи сахуощыгъуэ зи бын зыфIэкIуэда унагъуэхэм. Бийм и ебгъэрыкIуэныгъэм и зэранкIэ фэбжь зыгъуэта, лей зытехьа псори псынщIэу фыхъужыну дыфхуолъаIуэ. Псоми фи гуауэр вдыдогуэш. ЦIыху мамырхэмрэ сабийхэмрэ иращIылIа щIэпхъаджагъэр зыгъэзэхуэн щыIэкъым. Дызэкъуэтыху — дыхагъэщIэфынукъым», — соцзэпыщIэныгъэхэм щитхащ ди хэгъуэгум и лIыщхьэм. КъЧР-м и Iэтащхьэ м республикэм ЖКХ-мрэ ухуэныгъэмрэкIэ и министр Узденов Рэшид пщэрылъ зэрыхуищIауэ, ар Старобельск кIуащ, зэхэкъутэныгъэхэм я инагъыр къипщытэну, зэфIэгъэувэжыныгъэ лэжьыгъэхэр иубзыхуну. «Лей зытехьахэм, псом япэ сабийхэм, сыт и лъэныкъуэкIи защIэдгъэкъуэну дыхьэзырщ. КъэрэшейЧеркесым и пщэ дилъхьэжынущ щIэпхъаджагъэм ебгъэрыкIуэныгъэм хэхуа IуэхущIапIэхэр зэфIэгъэувэжыныр», — жиIащ ди республикэм и Iэтащхьэм.

ЕЗАУЭ Маринэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *