ПУТИН Владимир,
УФ-м и Президент:
«Сывохъуэхъу лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и МахуэмкIэ!
Урысейр сыт щыгъуи лъэрыхьащ граждан зэкъуэтыныгъэ хабзэхэмкIэ, ди Хэкум
и щхьэхуитыныгъэм папщIэ къэгъэщIыныгъэм хуэунэтIа къалэнхэм зэкъуэту хуэкIуэнымкIэ. ИкIи нобэ, лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэр хъумэныр — зыщыдгъэгъупщэ
мыхъун гъуазэщ, къэралым лъэрыхьу зиужьыным и лъабжьэр зыгъэщыпкъэщ, шынагъуэншагъэр зыгъэбыдэщ, ехъулIэныгъэ зыхэлъ унафэхэмкIэ лъэпкъпсо къалэн
инхэр зэфIэзыхщ.
Сывохъуэхъу узыншагъэ быдэкIэ, зыхуэдгъэувыжа къалэнхэр дгъэзэщIэну, фIыуэ
щыIэмкIэ!».
МИШУСТИН Михаил,
УФ-м и Правительствэм и тхьэмадэ:
«Лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и МахуэмкIэ сывохъуэхъу!
ЩэкIуэгъуэм и 4-м дэ хуэфащэ пщIэ ядогъэгъуэт лIыхъужьхэм, 1612 гъэм текIуэныгъэр къэзыхьахэм, «Смутнэ зэманкIэ» зэджэ пIалъэм кIэ езытахэм, Хэкум и щхьэхуитыныгъэр зыхъумахэм, урысей къэралыгъуэр гъэбыдэным хэлъхьэныгъэ хуэзыщIахэм.
Ноби, лIыщIыгъуэ бжыгъэ къэзыкIуа хэкупсагъэм, граждан жэуаплыгъэм, Хэку
фIылъагъуныгъэм зэкъуегъэувэ ди къэралым лъэпкъыу щыпсэур зы къалэнхэр, зы
мурадхэр зэдаIэу, зэдоIэпыкъу зыкъыттезышащIэ къару мыхъумыщIэхэмрэ шынагъуэхэмрэ япэщIэтынымкIэ. Апхуэдэ зэлъыкъуэтыныгъэр лъабжьэ быдэ яхуохъу Урысейм и зыужьыныгъэмрэ зэIузэпэщымрэ.
Фи лэжьыгъэм ехъулIэныгъэ щывиIэну, узыншагъэрэ фIыгъуэу щыIэмрэкIэ сыфхуохъуахъуэ».
ВАЙНО Антон,
УФ-м и Президентым и Администрацэм и УнафэщI:
«Лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэщIыр зыгъэлъапIэр зи къэралымкIэ гушхуэхэращ. Сывохъуэхъу а МахуэмкIэ!
Мы махуэщIым пщIэ хуащI зи къэралым и тхыдэр, и къекIуэкIыкIар зылъытэ, ди
нэхъыжьхэм, дяпэ итахэм зэрахьа лIыхъужьыгъэхэр зыщызымыгъэгъупщэ, хабзэхэр
пэжагъ яхэлъу зыхъумэ, Хэкум псэемыблэжу къулыкъу хуэзыщIэ, а щапхъэфIыр щIэблэкIэрэ зэIэпызыххэм.
Узыншагъэ быдэ фыщымыщIэну, фи дэтхэнэ Iуэхуми, къыщIэдзэныгъэми ехъулIэныгъэ хэлъыну!».
ЧАЙКА Юрий,
УФ-м и Президентым и Полномочнэ лIыкIуэу СКФО-м щыIэ:
«Си гум къыбгъэдэкIыу сыфхуохъуахъуэ къэрал махуэщI нэхъыщхьэхэм ящыщымкIэ – лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и МахуэмкIэ!
А махуэр епхащ Урысейм и тхыдэм мыхьэнэшхуэ зиIэ и напэкIуэцIхэм, зэхъуэкIыныгъэхэм лъабжьэ хуэхъуахэм. ЛIыщIыгъуиплIкIэ узэIэбэкIыжмэ, зэкъуэтыныгъэм,
Хэкум хуаIэ фIылъагъуныгъэр зэи зэрымыкIуэщIым я фIыгъэкIэ, ди нэхъыжьхэм
псэемыблэжыныгъэ къакъуэкIащ къэралым и щхьэхуитыныгъэр яхъумэнымкIэ, къэрал лъэрыхьыр къыщIэхъуэну щIэблэхэм папщIэ къызэтрагъэнащ.
КъызэрымыкIуэ, псоми япщэ кIуэ хэкупсагъэр лъэпкъпсо щэнхабзэм и Iыхьэ
нэхъыщхьэ хъукIэрэ, лъым и лъабжьэ быдэу къанэкIэрэ, ар хъума хъуауэ яIэщIыхьащ
къэралым къыщIэхъуэ щIэблэ бжыгъэм. ИкIи нобэ, Путин Владимир дыкъуэувэкIэрэ, дэ дуней хъурейм иджыри зэ едгъэлъэгъуащ: Урысейм и къарур – абы щыпсэу
лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэхэращ, ди зэхуэдэу щыт къэралым и блэкIам хуэтщI пщIэращ, псэемыблэжу Хэкур тхъумэным дызэрыхущIэкъуращ, абы адэкIи и зыужьыныгъэм дызэрыхуэлэжьэнуращ.
МахуэщI лъапIэм ипкъ иту сывохъуэхъу узыншагъэ быдэкIэ, гуапагъэрэ насыпрэкIэ, Хэкум и щIыхькIэ ехъулIэныгъэщIэхэмкIэ!».
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.