Ди анэдэлъхубзэм махуэ псори ейуэ щыт пэтми, махуэщI щхьэхуэ хухахауэ, гъатхэпэм и 14-м хэIэтыкIауэ, гулъытэ нэхъыбэ хуэтщIу ар догъэлъапIэ. МахуэщIым лъабжьэ хуэхъуар 1853 гъэм гъатхэпэм и 14-м Тифлис къалэм япэрей адыгэ Хьэрфылъэ тхылъ къызэрыдэкIаращ. Ар зи IэдакъэщIэкIыу щытар Бырсей Умарт, хьэрып тхыбзэмкIэ зэхэгъэуват.
Дэтхэнэ лъэпкъми езым и тхыдэ, и къекIуэкIыкIа, и щэнхабзэ иIэжщ. ИкIи ди блэкIа мыжыжьэм уриплъэжмэ, ди тхыбзэм и къежьапIэр гъунэгъу дыдэщ. Арами, жыIэпхъэщ тхыдэм елэжь щIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, адыгэхэм зэман жыжьэхэм, Синд къэралыгъуэм и лъэхъэнэхэм, зэрагъэпэщауэ, къагъэсэбэпу тхыбзэ зэраIар. Абы щыхьэт техъуэ сын, хьэпшып, ятIагъуэм къыхэщIыкIа пхъэбгъу гъэщIэгъуэнхэр ди зэманым къэсащ. КъинэмыщIауэ, зи гугъу щIыпхъэу къыдолъытэ, хьэтхэм я къэралыгъуэм щыщу къэна тхыбзэри ди хамэу зэрыщымытыр. Сыту жыпIэмэ, щIэныгъэлIхэр хьэтхэм къащIэна тхыгъэхэм къыщеджэкIэ, IупщIу адыгэбзэр зэхыбох, къыбгуроIуэ.





Ауэ, жагъуэ зэрыхъущи, адыгэхэм къахудэхуащ зауэ-банэ мыухыжхэм хэтын. Абыхэм я зэранкIэ яIэщIэхуа хъуащ тхыбзэ яIари…
Арами, цIыхур щыпсэукIэ зыужьыныгъэ лъагъуэм тетыпхъэщ. ИкIи а хабзэм тету, ХIХ лIыщIыгъуэм адыгэхэм еджапIэ зыбжанэ къызэIуах, тхыбзэ зэхэлъхьэным цIыху зыбжанэ йоувалIэ. Алыфбейхэр зэрагъэпэщ лъэпкъым щыщ Нэгумэ Шорэ, Хъан-Джэрий сымэ, нэгъуэщIхэми.
НобэкIэ дгъэлъапIэ адыгэ тхыбзэм и махуэмкIэ дгъэзэжынщи, ар ищхьэкIэ къы-зэрыхэдгъэщащи, Бырсей Умар и цIэм ирапх. Мы адыгэ щIалэр щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъа, гъащIэ гъуэгуанэ гугъу къэзыкIуа цIыхущ. И ныбжьыр илъэсибл фIэкIа мыхъуу ядыгъури Тыркум ирашат. Ар къэзыщэхуа пащэм щIалэ цIыкIур акъылыфIэу зэрыщытым гу лъитэри, щIэныгъэ иригъэгъуэтащ. ИужькIэ и щIэныгъэм хригъэгъэхъуэну Бырсейр Франджым игъакIуэри, абы илъэсищым нэскIэ щеджащ. ЕджапIэр къиуха нэужь, Тыркум имыгъэзэжу и адэжь щIыналъэм къэкIуэжри, адыгэ алыфбейм и ужь ихьащ.
Адыгэ тхыбзэм и Махуэр зэрагъэлъапIэ Iэмал-хэм языхэзщ Дунейпсо Адыгэ Iуэрытх зэрырагъэкIуэкIыр. Ар мы гъэм ебланэрейуэ онлайн, офлайн щIыкIэхэм тету къызэрагъэпэщащ.
Iуэрытхым и къалэн нэхъыщхьэр адыгэбзэм и пщIэр къэIэтынращ, абы теухуауэ щыIэ лъэпощхьэпохэм лъэпкъым щыщхэми къулыкъущIэхэми гулъытэ яхуегъэщIынращ.
ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, мы гъэм цIыху мин 12-м щIигъу хэтащ «Адыгэ Iуэрытх»-кIэ зэджэ узэщIакIуэ акцэм. Къыхэгъэщыпхъэщи, ар Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэр къызэрытлъэщрэ илъэс 80 зэрырикъу махуэщIым хуагъэфэщащ.
Iуэрытхыр адыгэхэр зыщыпсэу щIыпIэ зэхуэмыдэхэм къыщызэрагъэпэщащ. Абыхэм ящыщщ Къэрэшей-Черкесым хыхьэ районхэр, къалэхэр. Утыку нэхъыщхьэхэр щаухуащ Черкесск дэт, Байрамуковэ Хьэлимэт и цIэр зезыхьэ къэрал лъэпкъ библиотекэм, Ищхъэрэ-Кавказ къэрал академием, Карачаевск къалэм дэт, Алиев Умар и цIэр зезыхьэ КъЧкъУ-м.
Апхуэдэу, къалащхьэм дэт библиотекэ нэхъыщхьэм къеблэгъащ зи анэдэлъхубзэр фIыуэ зылъагъу, абы и мыхьэнэр къызыгурыIуэ, зыхэзыщIэ лъэпкъыпсэхэр. Абыхэм ящыщщ Къэрэшей-Черкес Республикэм и Iэтащхьэм и Администрацэм и унафэщIым и къуэдзэ Астэжь Франческэ, хэгъуэгум и ЦIыхубэ ЗэIущIэм (Парламентым) и депутатхэу Аслъэнхэ Алий, Щынахъуэ Кърым, Гуэнэ Игорь, республикэ Адыгэ Хасэм и Советым хэтхэу АфIэунэ Исмэхьил, Лъыс Розэ, ди лъэпкъым и нэхъыжьхэм я Хасэм хэт Аслъэныкъуэ Рэмэзан, бзэ щIэныгъэлIхэу Къуэшырокъуэ Борис, Шыбзыхъуэ Светланэ, НИИ-м и унафэщI ЩакIуэ Ахьмэд, и лэжьакIуэхэр, «Черкес хэку» газетым, щэнхабзэм и лэжьакIуэхэр, педколледжым адыгэбзэмкIэ и егъэджакIуэр, студентхэр, нэгъуэщIхэри.
Iуэрытхым къеджа, дауэдапщэр езыгъэкIуэкIа, «Черкес хэку» газетым и редактор нэхъыщхьэ Абидокъуэ Люсанэ къызэрыхигъэщащи: «А псоми адыгэбзэм и махуэм гулъытэ хуащIу Iуэрытхым щIеблэгъар — адыгэ лъэпкъым бзэр къыдекIуэкIыу, Iурылъу адэкIи къэгъуэгурыкIуэнращ».
— Мы гъэм Дунейпсо Адыгэ Хасэм ебланэ мы Iуэрытхыр къызэрегъэпэщ. Дуней псом щызэбгры-пхъа адыгэхэр мы Iуэхугъуэм хэтыну Iэмал яIэщ, гукъыдэж яIэ къудеймэ. Ди республикэми щIыпIэ зэхуэмыдэхэм Iуэрытхыр щатхынущ. Ди бзэмкIэ дызэрытхэфыр, ар зэрыдгъэлажьэр, абы пщIэ зэрыхуэтщIыр нобэ мы Iуэхугъуэ дахэмкIэ дгъэлъэгъуэнущ. Тхьэм псори иригъэфIакIуэ, Тхьэм ди бзэри ди лъэпкъри кърехъумэ! — жиIащ Iуэрытхым къеблэгъахэм фIэхъус ярихкIэрэ Дуней-псо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэм и къуэдзэ, ди республикэ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Аслъэнхэ Алий.
КъинэмыщIауэ, Iуэрытхыр зытхыну гукъыдэж зыгъуэта, абы тегушхуа дэтхэнэми видео-зэпыщIэны-гъэкIэ ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий закъыхуигъэзащ. Абы къыхигъэщащ Iуэрытхыр Къэ-бэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Черкесым, Адыгэ Республикэм, Краснодар, Ставрополь крайхэм, Москва, Санкт-Петербург къалэхэм зэрыщатхыр. КъинэмыщIауэ, бзэмкIэ ябгъэдэлъ щIэныгъэр ягъэунэхун, абы гулъытэ хуащIын мурадкIэ Тыркум, Щамым, Израилым, Иорданием щыпсэу хэхэс адыгэхэри мы хэкупсэ акцэм къызэрыхыхьар жиIащ. «Ди хабзэр, нэмысыр лъэпкъым зэи IэщIэмыхун папщIэ, ди адыгэбзэр дгъэбыдэн хуейщ. Нобэ едгъэкIуэкI Iуэхугъуэр лъэпкъым хуэщхьэпэну Тхьэм ищI!» — щIигъэбыдыхьыжащ Сэхъурокъуэм.
Iуэрытхыр ятха нэужь, тхыгъэхэр adiga_hasa@mail. ru адресымкIэ ягъэкIуащ, ахэр щIэныгъэлIхэм щIаплъыкIынущ. ИужькIэ, IуэрытхымкIэ къахьа нагъыщэхэм дэтхэнэми www.in-tercircass.org сайтым деж щыгъуазэ зыхуищIыфынущ.
ГЪУКIЭКЪУЛ Иринэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.