Инжыджышхуэм ипхъу хахуэ

Си къуажэ, си еджапIэ…. Узыщалъхуа, уздапIа, уздеджэ щIыпIэм нэхъыфI сыт щыIэ! Сыщалъхуа къуажэм и хьэуа гуакIуэм зыщызмыгъэнщIу, пщэдджыжь къэс уэ рам цIыкIумкIэ сыкърокIуэ. Къуажэкум щощIэращIэ еджапIэшхуэр, сабий цIыкIу хэм я гуфIэ жьгъыру макъыр къыдоIукI пщIантIэ хуитышхуэм. Сынэсыным сыхуэ пIащIэу сокIуэ, си ныбжьэгъухэм сакъы кIэрыхуну сыхуэмейуэ. Хэт япэу сыIущIэну, нобэ щIэуэ сыт къэсщIэну пIэрэ? СыIуощIэ еджапIэм и блыным кIэрылъ сурэт дахащэм. Сурэтыр къызоплъ къыс хуэгуфIэ щIыкIэу, ауэ и нэгур нэщхъейщ. Инжыджышхуэм ипхъу бланэ Хьэунэжь Фрознэщ сурэтым щыслъагъур.

 Сыту пIэрэ а бзылъхугъэ ныбжьыщIэ дыдэр апхуэдэу щIэх дунейм щIехыжар? Сыт щхьэкIэ и нэгум гуфIэ щIыщIэмылъыр? Мы си гупсысэхэм я жэуапыр кIэщIэтхащ сурэтым и щIагъым: «Инжыджышхуэ щыщ пщащэ закъуэу Хэку зауэшхуэм хэта Хьэунэжь Фрознэ Лухь и пхъум и фэеплъымрэ пщIэ зэрыхуэтщIымрэ я хьэтыркIэ».

Хэку зауэшхуэм и тхыдэр, къуажэдэсхэм я фэеплъыр щахъумэ къуажэ еджапIэм. Ауэрэ сыщIохьэ сэ сызыхэс этноклассыр здыщеджэ пэш хуитышхуэм. ФIэхъус гуапэкIэ саIуощIэ си егъэджакIуэмрэ си классэгъухэмрэ. Хъыбар гуфIэгъуи зэхызох: нобэ къысхуагъэфэщащ сыдэсыну ЛIыхъужьым и партэм — Хьэунэжь Фрознэ Лухь и пхъум и цIэр зезыхьэм. ГуфIэмрэ пагагъэмрэ сызэщIищтауэ сыбгъэдохьэ, сотIысэхри Фрознэ и сурэтым сепсэлъэну сыхуожьэ, езыми и гъащIэ мащIэ дыдэм и гугъу къисхуищIын щIедзэ…

Хьэунэжь Фрознэ Инжыджышхуэ къуажэм къыщалъхуащ. 1941 гъэм, илъэс тIощIым ит къудейт Фрознэ. Жэщ гуэрым Фрознэ и напIэ къехтэкъым. Хъыджэбзым и гущIэр кърисыкIт зы гупсысэм, езым и дежкIэ нэхъ тэмэму икIи нэхъ щыпкъэу къыщыхъу унафэр – фронтым кIуэну мурад зэрищIар, и адэ-анэм дауэ яжриIэну? Езыр къыздэхъуа Инжыджышхуэ къуажэм дэкIа нэрыбги 124-рэ зауэм Iутыххэт.

Пэжщ, абыхэм бзылъхугъэ яхэттэкъым. И адэ-анэм я нэгум зэрыщIэплъэу къы гурыIуащ игу илъыр къыщIэудауэ зэраж римыIэфынур. Пщыхьэщхьэшхэр зэфIэкIа нэужь тегушхуэри ерагъыу къыдрише ящ: «Папэ, си гукъыдэжкIэ фронтым сокIуэ…» Пэшыр зэуэ щым хъуащ. «Медсестрауэ уIэгъэщым сыщылэжьэнущ…», — зигъэзэхуэж хуэдэ ерагъыу къызыхигъэIукIащ…

Лухь ищIэт и пхъум адэ-анэм я псалъэр тIу зэрыримыщIыкIыр, ауэ мызыгъуэгум и гум къыжриIэт абы мурад быдэ зэрищIар икIи къызэрытемыкIынур.

«Тхьэм укъихъумэ», — жиIащ адэм, анэми и гущIыхьэр ирикъухыу и пхъум зришэкIащ. Арати, езы Фрознэ и лъэIукIэ бийм пэщIоувэ и къуажэгъу 124-м яхуэдэу. 1942 гъэм щегъэжьауэ Фрознэ Кисловодск уIэгъэщым лэжьэн щыщIедзэ, 1943 гъэм Орджоникидзе уIэгъэщым ягъакIуэ. УIэгъэхэм ягъэдзыхэ сэлэтхэм я фIэщхъу ныгъэр къиIэту, псэлъэгъуи, дэIэпыкъуэ гъуи яхуэхъуу уIэгъэщым щIэтащ медицинэ къулыкъум и капитан Хьэунэжь Фрознэ. Зы махуэ гуэрым къалэм къыщхьэщо лъатэ нэмыцэ кхъухьлъатэхэр икIи ажал зехьэ лагъымхэр къытрагъэлъэлъэн щIадзэ. УIэгъэщми къытохуэ. Медсестра IэмащIэ-лъэмащIэ цIыкIухэм сэлэт уIэгъэхэр, земыкIуэфхэр, къарууншэ хэр мафIэм къыхаш, я дамэхэм телъу къы хах. Фашистхэм пщIантIэр къаухъуреихьа уэ щысхьырабгъуншэу сэлэт уIэгъэхэр автоматкIэ щIагъэлъэлът.

Фрознэ зэ зы сэлэтым дежкIэ зедз, зэ адрейм зытреIубэ, къригъэлынкIэ гугъэу. Нэмыцэхэм ар дыхьэшхэн ящыхъуауэ, нэхъри нэм йокI. Пщащэ хахуэр нэмыцэ офицерым и пащхьэ щрагъэувам Тхьэм ирещIи и ажалыр къызэрысар къыгурыIуагъэнт. Арами, шынакъым, и напIи ехуэхакъым, гущIэгъуи щIэлъэIуакъым. Офицерым Фрознэ Гестапом яшэну унафэ ещI. КъыжраIа, къызэрагъэгугъа псоми пэджэжу Фрознэ зы жэуап закъуэщ яритар: «Зэгуэрми!».

 А псалъэм къыкIэлъыкIуэу дунейри къытеункIыфащ. Махуэ зыбжанэкIэ Фрознэ и фэр ирахащ, хьэкIэкхъуэ кIагъэ куэд ирагъэхъылIащ, ауэ бийм къы хуэгъэшакъым пщащэ цIыкIур. Апхуэдэу, фашистхэр зыхуейр щахужимыIэм, Фрознэ и бгъэм вагъуэ плъыжьыр кърагъэжьыкIащ, икIэм-икIэжым и хьэдэр лыIу-лыIуу яупщIэтащ. Хъыбар гуауэр къызыIэрыхьа унагъуэми, жылэми, ар зигу щIэмыхьа къыдэнакъым. Ауэ бгырыс пщащэ цIыкIум игъащIэкIэ псэуну дунейм къытринащ и хахуагъэр, Хэку фIылъагъуныгъэ щапхъэр, лъэпкъым, къуажэм ипхъу бланэм и цIэ лъапIэр! «ЛIыхъужьыгъэм иIэкъым гъунапкъэ» — жеIэ адыгэ псалъэжьым. Адыгэ лъэпкъым ипхъу Фрознэ щыщIалъхьащ Владикавказ къалэм.

Къалэкум ит фэ еплъ сыным и пхъэбгъушхуэм тет унагъуэ цIэхэм яхэтщ адыгэ пщащэм ейри: «Хьэунэжь Лухь ипхъу Фрознэ»! Ей, Фрознэ, Фрознэ! Дуней дахэр сыту пасащэу къэбгъэна… Иджы ныбжьэгъуу дыкъэнахэм Уэ ену ди гум укъинащ. А уи Iэ цIыкIухэр зэIусауэ, А зи уIэгъэ упха псом Уэ уи лъыр щащIэу ящIэжауэ, Уащымыгъупщэурэ мэпсэу!

Иджы, шэч хэмылъу, къызгурыIуащ сэ икIи гурэ псэрэкIэ зэхэсщIащ а пщащэ гуакIуэм и сурэтыр щIэнэщхъейр… Фрознэ дунейм ехыжащ ныбжьыщIэ дыдэу, ана гъэм и гуфIэгъуэр имылъэгъуауэ, и къару илъыгъуэу, и дахэгъуэу, гъащIэм гу щи мыхуауэ. Зы махуэ еджэгъуэри кIуащ… «ФIыкIэ дызэIущIэ, Фрознэ», — гуапэу сэлам изохыж. Си къуажэгъу бзылъхугъэ хахуэм и гъащIэр дэтхэнэ зыми хуэсIуэтэнщ, си классэгъухэми сэри зауэм и лIыхъужьхэм я фэеплъыр ену тхъумэнщ, щIэныгъэм, дыхуэпабгъэу, мамырыгъэм дыхущIэкъуу дыпсэунщ.

Нобэ сабийхэри балигъхэри — псори мамыру допсэу. Хэт мэлажьэ, хэти йоджэ, икIи зыми зыщыдгъэгъупщэкъым ди гъа щIэ насыпыфIэр, дуней мамырыр къытхуэзыхьахэр — псэууэ зауэ гуащIэм къы хэкIыжыну зи насып къихьахэри, къэзы гъэзэжын зыхузэфIэмыкIахэри… Ену блэнщ ТекIуэныгъэр къытхуэзыхьахэм я гъащIэкIэ, я псэкIэ, Хэкум хуаIэ фIылъагъуныгъэмкIэ щIагъэна мафIэр!

МАМБЭТ Даринэ, Дер Станислав и цIэр зезыхьэ Инжыджышхуэ курыт еджапIэм и е 7-нэ этноклассым и еджакIуэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *