ИлъэсыщIэ Iэнэр

МафIэшым игу ирихьынур, и нэфIыр къызэрытхьэхунур къыхэтхынщ. МахуэщI Iэнэм тетынум и плъыфэ нэхъыщхьэр ехъулIэныгъэ къэзыхьхэрауэ, МафIэшым и плъыфэхэрауэ щытын хуейщ, Iэмал имыIэу. Апхуэдэщ плъыжьыр, гъуэжьыр, дыщафэр, гъуэплъыфэр. Абыхэм махуэщI теплъэгъуэ къагъэщIынущ икIи Шым и гур къахьэхунущ. А плъыфэхэм гулъытэ нэхъыщхьэр едгъэгъуэтын хуейщ, апщыгъуэми щхъуантIафэри Iэпэдэгъэлэл дымыщIу. Iэнэм тетыпхъэщ шхынгъэфIэIу-гъэIэфI удз щхъуантIэхэр. Шым фIыуэ илъагъу удзым, удзыпцIэм и нагъыщэщ ахэр.

Лы зытемыт Iэнэр махуэщI Iэнэу плъытэ хъурэ? Ауэ дысакъын хуейщ илъэсыщIэ Iэнэм тедгъэувэну лымкIэ. Джэдылымрэ былымылымрэщ ди илъэсыщIэ Iэнэм тету Шым илъагъуну зыхуейр. ФIым я фIыжщ гуэгушыл, бабыщыл, къазыл хуэдэхэр, ауэ дыхуэсакъыпхъэщ ахэр пшэрыщэу щымытыным. ГъэщIэгъуэнракъэ, вагъуэрыплъэхэмрэ щэхурыплъэхэмрэ чэнджэщэгъу къытхуохъу Iэнэм джэдыл тедмыгъэувэну, кIуэ ар мэз джэду щымытмэ. Абыхэм ягуэплъхьэ хъунущ прунжыр. Мыхъунур — сырыщэ гуэлъхьэнхэращ, «гарнир» жыхуэтIэращ зи гугъу тщIыр. Бдзэжьей илъэсыщIэ Iэнэм тетыну ядэххэкъым мобыхэм, сыту жыпIэмэ бдзэжьейр зыхэс псымрэ МафIэшымрэ зэныкъуэкъунущ. Ауэ хъунущ бдзэжьей хугу плъыжьыр, къинэмыщIхэр, абыхэм гъащIэр, къарур я плъыфэу къалъытэри.

Дэшхынхэмрэ зэхэупщIэтахэмрэ (закуски, салаты) дыщынэсым деж, гулъытэр зэдгъэзын хуейр хадэхэкI къэкIыгъэ зэхэупщIэтахэращ. ЛыхэкI зэхэупщIэта дыхуеймэ, къыхэтхын хуейр щэ зыкIэрымылъ лыщ, майонезри едмыгъэбэкIмэ фIыщ. Псоми тцIыху, фIыщэу тлъагъу «оливье» салатым хэплъхьэ хъунущ йогурт, шатэ мыIув, дагъэхэкI. Кхъуей, дэ, дэхэкI, дэшхын зэхуэмыдэхэри Iэнэм и Iыхьэу щытын хуейщ.

Пхъэщхьэмыщхьэ, мэракIуэхэкI, хадэхэкI хуэдэхэр фIэфIщ Илъэсыр зеину Шым. Дыхуэвгъэсакъ ахэр Шым фIэфI плъыфэхэу къыхэтхыным: плъыжьу, гъуэжьу, гъуаплъэу, дыщафэу. ХадэхэкIхэр гъэгъупцIауи, гъэжьауи, гъэвауи, зэхэупщIэтахэм хэлъуи, банкIэхэм итлъхьахэм щыщуи щытынкIэ мэхъу. Сыт хуэдэри Шым и щIасэщ, и гурыфIри къэдлэжьынущ. Дызэфэнум ехьэлIауи Шым хэдэхэплъэфI иIэщ. Абы игу ирихьыххэнукъым аркъэ, шагъыр гуащIащэхэр. ФIэфIынущ шагъыр, шампанскэ псынщIагъуэхэр. Хъунущ морс, компот, сок, гъэшхэкI коктейль хуэдэхэри. Зэнтхъым (овёс) къыхэщIыкIа печенэ — мис аращ дыкъэзымыгъэпцIэжыну МафIэшым и IупэфIэгъу дызэрыхъуфынур. ИлъэсыщIэ Iэнэм и шхыныгъуэ нэхъыщхьэ дыдэу аращ тетыпхъэр. Абы къыщымынэу, а печенэм щыщ такъыр зыIувгъахуэ, Iэмал имыIэу. Федзакъи, 2026 гъэм хувимурадхэр фигу ивубыдэ. Къывдэхъунущ, шэч лъэпкъ къытевмыхьэ!

Мыхъуххэнщ: ИлъэсыщIэм, абы и тепщэ МафIэшым фегупсысу фи Iэнэр фузэдар пэжмэ, ауэми гъунэгъуу евмыхьэлIэ бдзэжьейхэкIымрэ псым къыхах сыт хуэдэ шхыныгъуэми, абыхэм я дунейр псыщ, МафIэр зи нагъыщэ Шым ар имыдэххэнщ. Шылыр псом япэ ерыскъы хьэрэмщ МафIэшымкIэ икIи ар утыку къифхьэу, зефхьэу евмыгъэлъагъуххэ абы. Щэр, дагъэр къызэбэкI шхыныгъуэхэри фIэфIынукъым Шы жэрым, жаным, къарууфIэм. Ахэр лы лейр, щэр шым зэран къызэрыхуэхъум хуэдэ къабзэщ цIыхуми къызэреныкъуэкъур. Хэдэхэплъэ зыщI Шым ерыскъы сырыщэхэр идэнукъым. Шагъыр лъэщхэм я гугъу тщIагъэххэщ. Джэдыр фIэфIкъым. Ауэ апхуэдизу тегъэчына дыдэу къытпиубыдкъыми, щхьэж зэреплъщ.


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *