Илъэсищэ къэзыгъащIэ лъэпкъ узыншэ

Индиемрэ Пакистанымрэ я зэпылъыпIэм щыIэ Хунзы псыхъуэр «щIалагъэм и хэщIапIэу» къалъытэ. Мыбдежым цIыхухэр мэпсэу илъэси 110 — 120-кIэ. ЖаIэ илъэси 160 — м щIигъуахэри яхэту. А псыхъуэр «къаувыхьащ» метр мини 6 — м щIигъу лъагагъ зиIэ бгыхэм. Мы лъахэм щыпсэу хунзэ лъэпкъыр и бжыгъэкIэ мин 20-м зэрынохьэс. Хунзэхэм илъэс 40 зи ныбжь я бзылъхугъэхэр хъыджэбздэсым хуэдэщ, илъэс 60 хъуахэр я IэпкълъэпкъкIэ щIалэщ икIи зэкIужщ. Илъэс 65-р къызэзынэкIахэм нану къызыхуэхъухэри къахокI.


Езыхэм куэдрэ зэрыпсэум и щэхуу къалъытэ лы зэрамышхыр, зэрылажьэ зэпытыр, я Iэпкълъэпкъыр къарукIэ зэрыгъэкIыныр зэрызэпамыгъэур, я гъащIэм и псынщIагъэр (ритмыр) зэрыщIамычэр.
Я гъащIэр зэрыгугъуми емылъытауэ, а цIыху зэкIуж лъагъугъуафIэхэр сыт щыгъуи зэпIэзэрытщ, хьэщIэгъафIэщ, гум, псэм дэщIащ. Абыхэм я псэупIэхэр щхьэгъубжи зыхэмылъ,Iугъуэ икIыпIэ мыхъумэ нэгъуэщI гъуани зимыIэ мывэ унэ цIыкIухэщ. Я Iэщри а унэ дыдэм щIэтщ, я IыгъыпIэр куутIкIэ пыхукIауэ. Дауи, апхуэдэу зэву зэрызэхэтым унэр зыгуэркIи игъэхуабэу къыщIэкIынщ. Я унэхэр ягъэплъкъым, пхъэ зэрамыIэм къыхэкIыу. Хунзэхэм зэрызагъэпскIыр псы щIыIэщ. Псалъэм къыдэкIуэу жытIэнщи, а псэупIэхэм хунзэхэр зэрыщIэсри щIымахуэ мазэ зыбжанэращ. Адрей я зэманыр хьэуа къабзэм щагъакIуэ, щIыбым щожей, щошхэ, я бынхэр къыщалъху.
А лъэпкъым и жылагъуэ Iуэхухэр зэрагъакIуэ я пащтыхьымрэ нэхъыжьхэм я хасэмрэ. Иужьрейхэм лъэпкъ зэхущытыкIэхэр гъэпсыным, утыкум хабзэ илъыным, цIыхухэр зэгурыгъэIуэным гугъуехь лей далъагъукъым. Апхуэдэу щыщыткIэ, щыIэкъым хабзэхъумэ полици, бзэджащIэхэр здаIыгъ лъэхъуэщи. Сымаджэщи зыри хуэныкъуэкъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, адрей я гъунэгъу лъэпкъхэм яхуэдэу хунзэхэр зэгуэрэми сымаджэ – бэджынэкъым. ЩIы хъурейм а зы лъэпкъращ тетыр узыжьыр къемыуалIэу. Ныбжьышхуэ зиIэ я нэхъыжьхэми я акъылыр хэщIкъым, ахэр жьы кхъахи хъукъым.
ГъэщIэгъуэныр аракъэ, адрей я гъунэгъу лъэпкъхэм я узыншагъэкIэ загъэщIэгъуэжыфынукъым, икIи ахэр куэдрэ мэсымаджэ. Уз зэрыцIалэ шынагъуэхэр къыщыхъеями, зы хунзэ ар къеуэлIакъым. Уеблэмэ я дзэ узу е я нэм щыщIауэ жаIэу зэхэпхынукъым. Бгыщхьэхэм дэкI, Гималайхэм я къурш лъагъуэхэм щызекIуэ альпинистхэм хунзэхэм нэхъ хьэлъэзехьэ, гъуэгугъэлъагъуэ бэшэч къалъыхъуэкъым. Хунзэхэм яхэткъым километри 100-кIэ япэIэщIэ бэзэрым зы жэщ-махуэкIэ лъэсу кIуэуэ къэмыкIуэжыф лIы…
Статьям убгъуауэ фыщеджэ махуэкум къыдэкIыну газет номерым📰


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *