КъБР-м къыщыдэкI «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ IэнатIэм илъэс еплIанэ хъуауэ бгъэдэт, КъБР-м и журналистхэм я Союзым и тхьэмадэ ЖЫЛАСЭ Заурбэч лъэпкъ журналистикэм пыщIэныгъэ хуиIэ зэрыхъурэ илъэс 40-м зэрынэхьэсащ. ЖыпIэнурамэ, а IэщIагъэмкIэ ищхьэ щIэныгъэ зыбгъэдэлъ IэщIагъэрылажьэ нэхъусащ Заурбэч. АтIэ, 1987 гъэм Ломоносовым и цIэр зезыхьэ МГУ-м и журналист факультетыр къиуха нэужь, Жыласэм и гъащIэр пыщIа хъуащ Къэбэрдей-Балъкъэр журналист зэщIэхъееныгъэм. ИкIи, зэгуэр фIылъагъуныгъэ ин зыхуищIа творческэ IэщIагъэм темызэшауэ, IэщIыб имыщIауэ, хэгъуэгум къыщыдэкI адыгэ газетым и гуащIэ ин щегъэтIылъ, КъБР-м и журналистикэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуещI. Ди лэжьэгъум, къуэш хэгъуэгуищым къыщыдэкI адыгэ газетхэм я унафэщIхэм ди пашэу тлъытэ Заурбэч нобэ гулъытэ щхьэхуэ щIыхуэтщIым и щхьэусыгъуэр мы махуэхэм абы и ныбжьыр илъэс 65-рэ зэрырикъуаращ…
Жыласэ Заурбэч Щэлэуат и къуэр 1960 гъэм дыгъэгъазэм (декабрым) и 5-м Къэбэрдей-Балъкъэрым хыхьэ Урван районым щыщ Къэхъун жылагъуэм къыщыхъуащ. И гуащIэдэкI лэжьыгъэм щригъэжьащ 1978 гъэм Налшык къалэм дэт СКЭП заводым, механо-зэпкърызылъхьэ лэжьыгъэхэмкIэ слесарым и еджакIуэу. 1979-1981 гъэхэм щIыхь пылъу дзэ къулыкъур Германием щрихьэкIащ… Заурбэч иджыри ищхьэ щIэныгъэ зригъэгъуэт щIыкIэт ВЛКСМ-м и ЦК-мрэ СССР-м и ищхьэ, ику ит егъэджэныгъэ щхьэхуэмкIэ Министерствэмрэ къабгъэдэкIыу «За отличную учебу» щIыхь бгъэхэIур къыщыхуагъэфэщам.
Иужьым, МГУ-р къызэриухыу, Жыласэм Къэбэрдей-Балъкъэрым къигъэзэжащ икIи «Ленин гъуэгу» (иджы «Адыгэ псалъэ») газетым япэ щIыкIэ и собственнэ корреспонденту, итIанэ жэуап зыхь и секретару, и зы къудамэм и редактору, редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэу лэжьащ. И гуащIэ щигъэтIылъащ «Маяк», «ЩIэнгъуазэ», «Нартхэр» къыдэкIыгъуэхэми. Къапщтэмэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыяпэрейуэ, Заурбэчщ район газетхэм адыгэбзэмкIэ напэкIуэцI дэлъу къыдэгъэкIыныр къыхэзылъхьар, къыдэзыгъэкIауи щытар.
Апхуэдэт, 1989 гъэм дунейм къытехьа «Маяк» газетыр. Ди зы зэпсэлъэныгъэм Заурбэч мыпхуэдэ гупсысэхэмкIэ къыддэгуэшауэ щытащ лъэпкъ газетым щылэжьэну къыщыкIуа зэманыр игу къигъэкIыжкIэрэ: «ГъэщIэгъуэнщ ар. Ауэ, газетым сыщылэжьэну сыкъыщеблэгъам абы и илъэс 60-р игъэлъэпIа къудейт. ИкIи, сощIэж, апщыгъуэм сызэгупсысауэ щытар: «Ярэби, адыгэ газетым и илъэси 100 ныбжьыр щагъэлъапIэр слъэгъуамэ арат!» жысIэу. Абы лъандэрэ илъэс 40 текIыжащ. Ауэ а пIалъэр напIэдэхьеигъуэу блэлъэтащ… Иджыпсту хуэдэу сощIэж: редактор нэхъыщхьэу сыкъызыхуэзар Iуэху зэхэщIыкI ин зыбгъэдэлъа Мэзыхьэ Борист. ИкъукIэ куэдым сыхуигъэсащ.
Къапщтэмэ, газетым и редактору тета къэс, шэч хэмылъу, дэ, журналистхэм, лъэпкъ печать къыдэкIыгъуэм щылажьэхэм, ди зыужьыныгъэмрэ ефIэкIуэныгъэмрэ хэлъхьэныгъэшхуэ хуащIащ. Дэтхэнэри сщыгъупщэкъым». Зи IэщIагъэкIэ щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ Заурбэч и гуащIэ псэемыблэжырщ къызыпэкIуар 1999 гъэм КъБР-м и Президентым къихьа Унафэр — «Заслуженный журналист Кабардино-Балкарской Республики» щIыхьыцIэ лъагэр Жыласэм къыхуагъэфэщэныр. Абы и тхыгъэхэр: КъБР-м и жылагъуэ — политикэ, социально-экономикэ, спорт гъащIэм триухуэхэр, къытохуэ зэпыт республикэ, хэгъуэгу, федеральнэ печать къыдэкIыгъуэхэм.
Зэхуэдэу IэпщIэлъапщIагъ хэлъу журналистым и тхыгъэхэр къегъэщI урысыбзэкIи, адыгэбзэкIи. Аращ Заурбэч и цIэр журналист зэхьэзэхуэхэм номинацэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ «тхыгъэ нэ хъыфIу» къалъытэу, къыщIыхагъэщ зэпытыр, щапхъэгъэлъагъуэ щIэхъур. Лъэпкъ журналистикэм и зыужьыныгъэм хуищI хэлъхьэныгъэм и фIыщIэщ 2000 гъэм Жыласэр КъБР-м и журналистхэм я Союзым и саугъэтым и Лауреат щIэхъуар, «Лица года» Къэралыбэ зэпеуэми и щIыхьыр къыщIыхагъэщар.
Абыхэми къыщымынэу, журналист IэпщIэлъапщIэм мызэ-мытIэу къыхуагъэфэщащ Министерствэхэмрэ къулыкъущIапIэхэмрэ я ЩIыхь тхылъхэр, саугъэтхэр. Журналист IэпщIэлъапщIагъым къытщIэтаджэ щIалэгъуалэр хуигъэсэнуи Заурбэч лъэкIыныгъэфI иIащ. АтIэ, илъэс зыбжанэкIэ абы и етIуанэ лэжьапIэу щытащ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ университетыр, КъБР-м къыщыдэкI газетхэм, радиом, телевиденэм папщIэ журналист кадрхэр зыгъэхьэзырхэм ящыщу. ЖеIэ апщыгъуэм зыдэлэжьа щIалэгъуалэ куэдым журналистикэр гуащIэдэкI лэжьыгъэ зэрахуэхъуар, нобэ район, республикэ къыдэкIыгъуэхэм зэрыщылажьэр, лъэпкъ журналистикэм хэлъхьэныгъэфI зэрыхуащIыр.
Жыласэ Заурбэч и гуащIэдэкI лэжьыгъэм адэкIэ и гугъу пщIымэ, къыхэгъэщыпхъэу долъытэ 2000 — 2009 гъэхэм абы КъБР-м щэнхабзэмрэ хъыбарегъащIэ коммуникацэхэмрэкIэ Министерствэм и СМИ къудамэр зэрыIэщIэлъар. Къыхуагъэфэщащ «КъБР-м ещанэ класс зиIэ и къэрал чэнджэщакIуэ» къэрал къулыкъуцIэр. 2009 гъэм Заурбэч кърагъэблагъэ «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэм и къуэдзэ IэнатIэм, 2021 гъэм и унафэщI мэхъу. 1989 гъэм щегъэжьауэ журналистхэм я зэгухьэныгъэм хэт, Iуэху зэхэщIыкI ин зыбгъэдэлъ Заурбэч 2023 гъэм къыхуагъэфащэ Урысейм и журналистхэм я Союзым и «КъэбэрдейБалъкъэр хэгъуэгу къудамэ» жылагъуэ организацэм и тхьэмадэ IэнатIэр.
ИкIи, илъэситI нэхъ мыхъуами, журналист организацэм илэжь проект гъэщIэгъуэнхэр хэгъуэгум щыIуащ. АтIэ, и лэжьыгъэ нэхъыщхьэм къыдэкIуэу КъБР-м и журналист жылагъуэм я зыужьыныгъэмрэ ефIэкIуэныгъэмрэ зи пщэрылъ Жыласэм «Школа молодого журналиста» еджапIэгъэсапIэ проектыр зэригъэзащIэ къудейри сэбэпышхуэ къэзыхь IуэхуфIщ. «А еджапIэ — гъэсапIэр къызэIухыным дыхуэзыгъэкIуар лъэпкъ газету хъуар дызыгъэгумэщI лъэпощхьэпоращ: журналист кадрхэр, лъэпкъыбзэр фIыуэ зыщIэхэр зэрытхуримыкъуращ. Илъэс куэд дыдэкIэ дригумэщIащ абы. Уеблэмэ ди гумэщIыр Парламентми, Правительствэми я зэIущIэхэм щыжытIат. Абы иужь, ди университетми факультет къыщызэIуедгъэхауэ щытащ. Сэр дыдэр приемнэ комиссэм сыхэтащ, сахэIэбэну Iэмал сиIэу… Иужьым, КъБР-м и журналистхэм я Союзым грант къэтхьри, проектыфIыр гъуэгуанэ тедгъэуващ.
Абы ипкъ иту зи ныбжьыр илъэс 14 – 35-м итхэр къыдошалIэ журналистхэм, редакцэхэм я лэжьыгъэм хэдгъэгъуэзэну, профориентацэ курсу жыпIэ хъунущ ахэр. ЖысIэнщи, «кадр резерв» дгъэхьэзырыным дыхущIэкъуу аращ ди къалэн нэхъыщхьэр. Абыхэм яхэтщ еджакIуэхэри, студентхэри, ищхьэ еджапIэ къэзыухахэри, нэгъуэщI лэжьапIэ IэнатIэ бгъэдэтхэри. Ахэр печать редакцэхэм, радиом, телевиденэм, хъыбарегъащIэ агентствэхэм идошалIэ, абдежхэм лэжьыгъэр къызэгъэпэща зэрыхъум щыдогъэгъуазэ, дыдогъэхьэх.
ТхузэфIэкIащ ди редакцэм практикэ щрагъэкIуэкIыну къетшэлIэни. Иужьым, гукъыдэж зыщIа дэтхэнэми еджапIэ щIыхьэжыну лъэкIыныгъэ иIэнущ. ИлъэситI-щым зы нэрыбгэ-нэрыбгитI абыхэм къахэкIмэ, дэркIэ ар ехъулIэныгъэ къызэрымыкIуэщ. Лъэпкъ журналистикэр зыIэщIэтлъхьэн къызыщIэдгъэувэным дыхущIэкъуу аращ. КъыдгуроIуэ Iуэхур зэрымыпсынщIэр, ауэ умыщIэ мыхъунухэм ящыщщ мы лэжьыгъэр», — а лъэныкъуэгъазэм зэрыригузавэр зыхэпщIэу къытопсэлъыхь Заурбэч. ЖыпIэнурамэ, Адыгэ, Къэрэшей-Черкес, Къэбэрдей — Балъкъэр республикэхэм я адыгэ газетхэм зэгъусэу ягъэхьэзыр къыдэкIыгъуэ зэгуэтхэр щыщIадзам, Жыласэ Заурбэчи а жэрдэмыр къыхэзылъхьахэм, жыджэру езыгъэжьахэм ящыщщ.
Ноби къуэш газетхэм я зэдэлэжьэныгъэр зэпымыуным Жыласэм гуащIэ ин хелъхьэ. «Илъэс 40-м зэрынэхьэсащ къуэш республикищым къыщыдэкI къэрал адыгэ газетищым дызэгуэту тщIы номерхэр япэ дыдэ дунейм къызэрытехьэрэ. СощIэж тхыгъэхэр япэхуным автобускIэ зэхуэдутIыпщу, адыгей псэлъэкIэкIэ тхахэр зэддзэкIыу зэрыщытар. Ноби а лэжьыгъэр зэпыукъым, нэхъыбэжуи зедгъэубгъуащ. Уеблэмэ тхыгъэ закъуэу щымыту, срогушхуэ журналист зэхъуэжыныгъэ проектри дгъэзэщIэн зэрытлъэкIам. Ар ди зэпыщIэныгъэм и зы лъэныкъуэфIщ», — жеIэ Заурбэч лъэпкъ газетхэм я зэпыщIэныгъэм и гугъу ищIкIэрэ… Мис апхуэдэщи, «Адыгэ псалъэ»-м и редактор нэхъыщхьэм и махуэ, дакъикъэ къэс гъэнщIащ творческэ лэжьыгъэкIэ, лъэпкъ журналистикэм къыщIэувэну ныбжьыщIэхэр гъэсэным пыщIа Iуэху зэхэщIыхьахэмкIэ. Дауэ а Iуэхухэм гугъуехь хэмылъми, Заурбэч щогугъ анэдэлъхубзэр зыгъэбзэрабзэ щIэблэ дыщымыщIэну, лъэпкъ газетхэм гъадэщIыдэ къагъэщIэну.
«Си гъащIэ псор къыгуэпх мыхъуну зэпха адыгэ газетым, лъэпкъ журналистикэм я къэкIуэнур нэхуу, адыгэ унагъуэ къэс и анэдэлъхубзэмкIэ тедзауэ къыдэкI газетыр и Iэпэгъуу щытыным си хъуапсапIэр изохьэлIэ. Лъэпкъыр дызэкъуэту, дифI къызыхэкIыным дыузыншэу дыхуэлэжьэну, лъэпкъ газетхэм мылIэжыныпсэ яIэныр си гуращэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ! КъыдрекIуэ абы хэти хуэгъэза мамырыгъэр, узыншагъэр!» — къыпедзэж ди псэлъэгъум. Зи гуащIи, зи гъащIи лъэпкъым и зыужьыныгъэм хуэзунэтI ди лэжьэгъум дэри дыхуейщ дыхуэхъуэхъуэну узыншагъэ быдэкIэ, и гурылъхьэр къыдэхъуну, и унагъуэм, и щIэблэм гу ящихуэну, и лъэпкъым и пащхьэ щиIэ пщIэмрэ щIыхьымрэ хэмыщIу дунейм тетыну!
АБИДОКЪУЭ Люсанэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.