IэпщIэлъапщIэхэм я нэхъыфIхэр

Бадзэуэгъуэм и 10 — 25-рэ махуэхэм «Город мастеров» республикэ гъэлъэгъуэныгъэ-зэхьэзэхуэр — IэпщIэлъапщIэхэм я дуней гъэщIэгъуэным дыхэзыгъэплъар, Черкесск къалэм дэт сурэт галереем щылэжьащ. Гъэлъэгъуэныгъэр зэрызэхагъэува хьэпшыпхэр я IэрыкIыу щытащ изобразительнэ, декоративно-прикладной гъуазджэхэмкIэ IэпщIэлъапщIэхэм.

Дауэдапщэр траухуащ Хэку зауэшхуэм ди цIыхубэм ТекIуэныгъэ Иныр къызэрилъэщрэ Илъэс 80 мы гъэм зэрырикъуам, Черкесск къалэр илъэс 200 зэрырикъунум, Поленов В. и цIэр зезыхьэ ЦIыхубэ творчествэм и Къэрал Урысей Унэр илъэси 110-рэ зэрырикъум. «Мыр гъэлъэгъуэныгъэ къудейкъым, атIэ ди хэгъуэгум и район зэхуэмыдэхэм щыпсэу цIыху зэчиифIэхэм, къызэрымыкIуэхэм я зэпеуэщ. Псом хуэмыдэу гуапэр апхуэдэ цIыху гъэщIэгъуэнхэр ди республикэм зэрымымащIэращ.

Си фIэщ мэхъу жюрим дэтхэнэ IэрыкIми хуэфащэ гулъытэ зэрыхуищIынур», — жиIащ Къэрэшей-Черкесым щэнхабзэмкIэ и министр Агырбэ Зураб гъэлъэгъуэныгъэр къыщызэIуахым. Мы гъэлъэгъуэныгъэм и IэмалкIэ ди республикэм щыпсэу, щыхьэщIэ куэдым зыщагъэгъуэзащ сурэтыщI, декоративно-прикладной гъуазджэмкIэ IэпщIэлъапщIэ куэдым. Апхуэдэу абдеж щыплъагъунут сурэтхэр, графикэр, дыщэидэр, пхъэм къыхэбзыкIа хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр, дэрбзэр IэрыкIхэр, нэгъуэщIхэри. Бадзэуэгъуэм и 25-м гъэлъэгъуэныгъэр махуэщI жыпхъэм иту зэхуащIыжащ, абы къыдэкIуэу зи IэрыкIхэр нэхъыфIу къалъыта IэпщIэлъапщIэхэр номинацэ зэхуэмыдэхэмкIэ къыхагъэщащ. Апхуэдэу «Лучшая выставка работ ИЗО и ДПИ» номинацэмкIэ 1 нагъыщэ зиIэ дипломыр Хьэбэз район администрацэм щэнхабзэмкIэ и къудамэм хуагъэфэщащ.

ЕтIуанэ хъуащ Къэрэшей районым щэнхабзэмкIэ и къудамэр. Ещанэр «Центр культуры и досуга Малокарачаевского района» МКУК-м иратащ. КъинэмыщIауэ, «За мастерство исполнения» номинацэмкIэ район къэс и IэпщIэлъапщIэ нэхъ гъэщIэгъуэнхэр къыхагъэщащ. Апхуэдэу, Хьэбэз районым щыщу текIуэныгъэр къахьащ Адышэс Азэмэт, Хутэ Марат Нэхущ Мединэ сымэ. Адыгэ-Хьэблэ районым щыщу къыхагъэщар Уэхъутэ Алийщ.

(Сурэтхэм псори щыволъагъу) ЦIыхубэ IэщIагъэхэр зымыгъэкIуэду ди нобэм къыхэзыпщэ, щIэблэм ябгъэдэлъ щIэныгъэмкIэ ядэгуашэ дэтхэнэ IэпщIэлъапщIэми, абыхэм щIэгъэкъуэн къахуэхъухэми дохъуэхъу, адэкIи ехъулIэныгъэрэ я IэщIагъэм и хъеррэ щымыщIэну Тхьэм жиIэ!

ЧЫРБЫЖ Иринэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *