Ди лъэпкъым ижь-ижьыж лъандэрэ къыдекIуэкI IэпщIэлъапщIагъэр щIэблэм янэхьэсыныр хуабжьу Iуэху щхьэпэщ. Апхуэдэ лэжьыгъэр сыт щыгъуи щрагъэкIуэкI Арэшыкъуэ Р. и цIэр зезыхьэ Хьэбэз курыт еджапIэм. Мы еджапIэм и егъэджакIуэ Адышэс Азэмэт а лъэныкъуэгъазэмкIэ илэжь IуэхущIафэхэм теухуауэ тхыгъэ бжыгъэ ди газетым къытехуащ. Арами, егъэджакIуэ лъэпкъыпсэм и лъэщапIэм къыщызэрагъэпэща дерсзэIущIэр ди щхьэусыгъуэ гуапэу мыбдеж щекIуэкI лэжьыгъэм иджыри зэ и гугъу фхуэтщIынщ.
АтIэ, илъэсым и кIэм, Адышэсым и гъэсэн цIыкIухэм я IэпщIэлъапщIагъэм, я лэжьыгъэм и къызэгъэпэщыкIэм зыщагъэгъуэзэну къахуеблэгъащ Адыгэ-Хьэблэ районым щыщ хьэщIэхэр: Къэрэшей-Черкес Республикэм и Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Аслъэнхэ Алий, Адыгэ-Хьэблэ къуажэм дэт сабий творчествэмкIэ Унэм и унафэщI Куэбл Мухьэмэд, шы уанэ щIыным хуэIэпэIэсэ Уэхъутэ Алий, Адыгэ-Хьэблэ къуажэ Хасэм и тхьэмадэ Хъупсырокъуэ Мурадин сымэ. ХьэщIэхэр япэу зыIуплъар гъущIыч псыгъуэхэр зэпызыщIэу щыму Iэнэм пэрыс щIалэ цIыкIухэращ.
Дэтхэнэри зыпэрыт Iуэхум тегъэчынарэ фIэгъэщIэгъуэну зэрелэжьыр умылъагъункIэ Iэмал зимыIэт. Iэнэм теубгъуа афэ джанэр тхьэгъутхьэгъуурэ зэпызыщIэ цIыкIухэм я Iэпэм къыщIэкI гъущI щэкIыр бгъуэрэ кIыхьрэ зэрыхъум нэхъри зэригъуэгушхуэр я нэгум иплъагъуэт. Къеблэгъахэр сабийхэм япсэлъащ, езыхэри зыпэрыт лэжьыгъэм и Iыхьэ къэскIэ къадэгуэшащ. Курыт лIыщIыгъуэм адыгэ зауэлIым и Iэщэфащэр зихуэдэу щытар, абы и тхыдэ пэжыр, сабийхэр зэлэжьым нэхъ убгъуауэ къытепсэлъыхьащ Адышэсыр:
— Адыгэ фащэр цIыкIухэм ябгъэлъагъумэ, «къэфакIуэхэм я фащэщ» жаIэнущ. Япэрауэ, абы и мыхьэнэм нэхъ куууэ ухэплъэн хуейщ. «Iэщэфащэ» щIыжаIэр Iэщэм фащэр зэригъэпсаращ. Адыгэ зауэлIым Iэщэ иIыгъым елъытат и фащэр зэрыгъэпсар. Сыту жыпIэмэ, а зэманым адыгэ гупсысэкIэ уиIэу, адыгэ зэуэкIэ бгъэлъэгъуэн щхьэкIэ, мис мыпхуэдэ фащэт пщыгъын хуейр, — Азэмэт и хьэщIэхэм яригъэлъэгъуащ илъэс еплIанэ хъуауэ зи ужь иту зэфIагъэувэж адыгэ зауэлIым и фащэр. — НэгъуэщI лъэпкъхэм ямыщхьу, адыгэм зауэм ехьэлIауэ езым и философие щхьэхуэ иIащ — «шу закъуэ» жыхуиIэр. Псалъэм папщIэ, «Один в поле не воин» — жыIэгъуэр урыс лъэпкъым къыдокIуэкI. Ауэ, адыгэлIым и щхьэ закъуэ трищIыхьыжыфу Iэщэ-фащэкIэ зэтегъэпсыхьат, сыт хуэдэ зэманми зэуэным хуэхьэзырт, — жиIащ егъэджакIуэм. АдэкIэ ар къытепсэлъыхьащ къэпталым, афэ вакъэм, цейм сабийхэр езыр-езыру зэрелэжьам, афэ джанэм иджыри лэжьыгъэ куэд зэрыпылъым. Абы и щыхьэту, щIалэ IэпэIэсэ цIыкIухэри хуэIэзэу къытепсэлъыхьащ зэрыIэбэ Iэмэпсымэхэм, Iэщэфащэм и Iыхьэхэм, афэ джанэм и щIыкIэм.






Ди газетым и ныбжьэгъу пэжу къыддэгъуэгурыкIуэ хьэгъундыкъуейдэс нэхъыжьыфI Иуан Нурий и къуэрылъху Динур цIыкIу нэIуасэ зыкъытхуищIащ. ЩIалэ нэфIэгуфIэ цIыкIур къыддэгуэшащ и адэшхуэм и фIыщIэкIэ адыгэм и тхыдэм куэд зэрыхицIыхукIымкIэ, икIи гушхуэу Адышэсым и лъэщапIэм къызэрыкIуэмкIэ.
— Афэ джанэм делэжьыну тхьэмахуэм тIэунейрэ дыкъокIуэ. Дерс нэужьым къытхунэмыгъэсыжу, тфIэфIу дыкъызэхуос зэныбжьэгъу цIыкIухэр. ЩIэуэ куэд къыщыдоцIыху икIи куэдми зыхудогъасэ. Цей, афэ джанэ, афэ вакъэ, уэрдэхъу, шабзэ, шабзалъэ — мы фIэщыгъэцIэхэми, абыхэм я тхыдэми дыщыгъуазэщ.
Адыгэ зауэлIым и Iэщэ-фащэм зэрыхэтщIыкIыр ди егъэджакIуэм и фIыщIэщ, — жиIащ щIалэ губзыгъэ цIыкIум. Зытепсэлъыхьам и щыхьэту, Динур цIыкIу гъущIыч кIыхьыр къищтэри Iэрыхуэу зэтриIуэнтIащ, зэрызэпаупщI IэмэпсымэмкIэ тхьэгъу цIыкIухэурэ зэпигъэлъэлъыжащ:
— Мис мыхэр хьэндырабгъуэм ещхьу тхурытхуу зэпыбогъэувэри, итIанэщ афэ джанэм щыпыпщIэжыр, — афэ джанэр зэращIым и зы Iыхьэр жыджэру къеблэгъахэм яригъэлъэгъуащ Дамир. Адышэсым и лэжьыгъэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр шэч зыхэмылъщ. Лъэпкъ IэщIагъэжьхэм гъащIэщIэ зэрыритым имызакъуэу, лъэпкъым и тхыдэм щIэблэр гъунэгъу хуищIурэ, адыгэбзэри ягъэшэрыуэу ахэр егъасэ.
Сабийхэм я лэжьыгъэр хуабжьу гъэщIэгъуэн зыщыхъуа хьэщIэхэми я гупсысэхэмкIэ зэдэгуэшащ. — Хуабжьу ди гуапэ хъуащ, Азэмэт, сабийхэм лъэпкъ IэщIагъэр зэрабгъэдэплъхьэр. ИкIи дгъэщIэгъуащ, дригушхуащ яфIэгъэщIэгъуэну, яфIэфIу Iуэхум ахэр зэрыпэрытыр. Фэ евгъэкIуэкI лэжьыгъэр зэдгъэлъэгъуащ ди сабийхэр абы хуедгъэсэн, хуедгъэджэн папщIэ. Ди зэдэлэжьэныгъэр, зэныбжьэгъугъэр нэхъ быдэ зыщIыным и Iыхьэу ари зэрыхъунур шэчыншэщ, — жиIащ Куэбл Мухьэмэд.
Дерс-зэIущIэм къеблэгъахэм къыхагъэщащ адыгэбзэри, хабзэри, лъэпкъ IэщIагъэхэри хъумэнымкIэ хуабжьу лэжьыгъэ щхьэпэ Адышэсым зэрыригъэкIуэкIыр, районитIым я щIэблэр зэпыщIэнри мурад нэхъыщхьэхэм щыщу къалъытащ.
АСЛЪЭНЫКЪУЭ Мадинэ
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.