Iэмэпсымэ нэхъыщхьэщ

Ди лъэпкъымкIэ бзэм мыхьэнэуэ иIэпхъэр къегъэлъагъуэ абы «анэдэлъхубзэ» зэрыфIащам. Анэм нэхърэ нэхъ лъапIэ щыщымыIэкIэ, бзэр анэдэлъхуу Тхьэм къыщыдитакIэ, лъэпкъым и дэтхэнэ цIыхуми абы пщIэшхуэ хуищIу, лъагъуныгъэ мыкIуэщI хуиIэу щытын хуейщ. АтIэ, укъэзылъхуа анэм и бзэр Iумпэм пщIын хуей? Ди бзэм делъэпауэмэ, абы дыхуэмысакъмэ, зэдмыпэсыжмэ, сытым дрищIысыж? Дэ зыщыдгъэгъупщэ мыхъунщ кIы фIыгъэм дыхэту дызэрыпсэуар — лIыщIыгъуэ бжыгъэкIэ тхэкIэ, еджэкIэ Iэмал зэрыдимыIар. Къыдэзэуахэми хъуащ, ди щIыгу къыттрахами кърагъэкIуащ, ауэ ди анэдэлъхубзэр тIурачын ялъэкIакъым.

Псынэр пкудэжмэ, нэгъуэщI щIыпIэ къызэ рыщиудыжым, жыг ираупщIыкIам и лъабжьэр къызэрыдэжыжым хуэдэу, ди адыгэбзэри зауэ мафIэм къелащ, лъэхъэнэ бзаджэхэри къызэринэкIащ.

Адыгэбзэм и пщэдейр зэлъытар ди щIэблэ къэкIуэнращ. Иджыпсту, гъащIэ дызыхэпсэукIым, нэхъыщхьэ дыдэу солъытэ ди щIэблэр хэкупсэу, къыздалъхуа щIыналъэр ягъэбжьыфIэу, я бзэр ягъэшэрыуэу гъэсэныр. Дэ къыдгуроIуэ ар зэрымытыншыр, ауэ хабзэри бзэри нэгъэсауэ тщIэмэщ сабийр щытхуэгъэсэнур, абы лъэпкъым и беягъымрэ бзэм и къулеягъымрэ щыбгъэдэтлъхьэфынур.

Ди лъэпкъым и мылъку нэхъ инхэм ящыщщ бзэр, ар лъэпкъ щэнхабзэм и Iэмэпсымэ нэхъыщхьэщ. Абы къы хэкIыу, бзэм дрипсалъэ къудейуэ щымыту, ди лъэпкъым къыдекIуэкI хабзэ дахэхэри абыкIэ къридгъэлъэгъуэфу щытын хуейщ. Нобэ, дэ, адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэхэм жэуаплыгъэ къызэрымыкIуэ дбгъэдэлъщ. Илъэс къэскIи ар гъэзэщIэныр нэхъ гугъу, нэхъ хьэлъэ хъууэрэ йокIуэкI.

Дызэрыт зэманым ди пащхьэ кърелъхьэ гупсысэ зэхуэмыдэхэр, ды зыгъэпIейтей Iуэхугъуэ щхьэхуэхэр. Ди жагъуэ зэрыхъущи, ди бзэр IэщIыб зыщIыну хуейхэм я бжыгъэхэми хохъуэ. Я быным анэ дэлъхубзэр ирагъэджыну хуэмейуэ еджапIэ хэм лъэIу тхылъкIэ зыхуэзыгъазэ адэ-анэхэр илъэс къэскIи нэхъыбэ мэхъу. Сытым къыхэкIыу пIэрэ ар? Сэ сызэрегупсысымкIэ, унагъуэм щIэсхэр къыщекIуэлIэж кIэ, щхьэж и Iуэху пэроувэ, иужькIэ телефо ным хотIысхьэри, нэрыбгитI зэмыпсэлъэж-зэрымылъагъуж жыхуаIэм хуэдэу, я пшыхьыр макIуэ, псэлъапIи, зэмани яIэкъым. НэхъыкIэжыр аращи, илъэс иримыкъуа сабийм зиущэхун, зэран мыхъун папщIэ, телефоныр и пащхьэ ирагъэувэри трагъэу. Абдежым зэхихыр урысыбзэщ, хамэбзэщ. Дэнэ деж, атIэ, абы адыгэбзэр здызыхишэнур? И адэ-анэр къе мыпсалъэмэ, унагъуэм бзэр щыземыкIуэмэ, сабийм адыгэбзэр дауэ зэригъэщIэну, дэнэ кърихыну абы хуиIэн хуей фIылъагъуныгъэр?

Жэуаплыгъэ хуабжь зыбгъэдэлъуи солъытэ нэхъыжьхэр — адэшхуэ-анэшхуэхэр. Дэнэ щыIэу пIэрэ сабийхэм таурыхъ яжезыIэу щыта нанэ-дадэхэр? Хъыбар зэхуэмыдэхэр хуаIуа тэу, нэмысым, хабзэм, абы и щапхъэм щIапIыкIыу, пшыхь къэсыхункIэ цIыкIухэр къызрагъэтIысэкIыу таурыхъ жызыIэу щыта нанэхэр? Шэч къытесхьэкъым, абыхэм сэбэп хуабжь къазэрыдэкIуэу щытам. Сабийхэр нанэ-дадэхэм зраубыдылIэу, адыгэбзэкIэ епсалъэу, тхылъ къахуеджэу зыбгъэдагъэсмэ, ди сабийхэр я адыгэбзэм ешэлIэжа зэрыхъунур си фIэщ мэхъу. Бзэр хъумэныр егъэджакIуэ къудейхэмкIэ зэфIэкIынукъым. Унагъуэхэри, щIэныгъэлIхэри, егъэджакIуэхэри, сабий IыгъыпIэхэм щыла жьэхэри — псори зэгъусэу телэжьыхьын хуейщ абы.

Псом хуэмыдэу нэхъыщхьэу солъытэ, сабий IыгъыпIэм деж адыгэбзэм зэман нэхъыбэ хухахыныр, гъэсэныгъэм, нэмысым, Iэдэбым, щэным нэхъ тегъэчынауэ телэжьэн хуейуэ. Сыту жыпIэмэ, сабийхэм нэхъ цIыкIу пэтми лъабжьэ ягъуэтмэ, къыдэкIуэтея нэужьи, еджапIэми хэлъхьэныгъэ нэхъыбэу хуащIыфынущ. АдыгэбзэмкIэ егъэджакIуэхэм ди гукъеуэр мащIэкъым. ЕджапIэм сыхьэт бжыгъэу адыгэ бзэм хухихар апхуэдизымкIэ мащIэщи, нэгъэсауэ зы тхыгъэ пхуэджкъым, дерсхэр тэрэзу пхуайткъым. Тхьэмахуэм и кIуэцIым, бзэм — сыхьэтитI, анэдэлъхубзэм зы сыхьэт закъуэ хухэхащи, абы къриубыдэу тхакIуэм и гъащIэмрэ и гуащIэдэкIымрэ нэIуасэ хуэпщIыфыну? Тхыгъэр бджыфыну? Гъэсэныгъэм и нэщэнэхэм я щапхъэхэм ящыщу сыт хуэдиз яжепIэфыну? Ди дерсхэм хухэха сыхьэт бжыгъэхэр нэхъыбэу щытамэ, адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэхэр нэхъ тегъэчынауэ бзэм дытелэжьэ фынут. Жагъуэ зэрыхъущи, цIыхухэм гупсысэ, еплъыкIэ тэрэз зэрамыIэми куэд къыпокIуэ. Псалъэм и жыIэгъуэкIэ, республикэм адыгэ бзэкIэ къыщыдэкI «Черкес хэку» газет закъуэм и щIэдзыгъуэ хъумэ, унагъуэ куэдым зралъэфыхь, щIэзыдзын къахэмыкIыу. АтIэ, а къыдэкIыгъуэ закъуэри унагъуэм къихьэу щытамэ, абы къытехуэ хъыбархэр зэдаджмэ, зэдеплъмэ, ари лъэпкъ гъэсэныгъэм, бзэр яIэ пызымыгъэхуным и зы лъэныкъуэу щытынут. НобэкIэ сыт тлъагъур — адыгэ унагъуэм щызэхэпхыр урысыбзэщ, адыгэ къуажэ уэрамхэм щызекIуэри аращ…

Ди адыгэбзэр нэхъ бзэ куухэм, шэрыуэхэм, нэхъ дахэхэм ящыщу солъытэри, диIэкъым дэ хуитыныгъэ ар дымыхъумэну. Дахэщ ди бзэр, купщIафIэщ, пшынэбзэ шэщIауэ мэбзэрабзэ, а зэщIэпщIыпщIэм уи гум IэпапIэ зэмыфэгъухэр нурым хуэдэу къытренэ, уи псэр ехьэху… Ауэ а дахагъэр тфIэмыкIуэду пщэдейрей махуэм нэтхьэсыфын папщIэ, адыгэбзэр дэ фIыуэ тщIэн хуейщ, етIысэхыгъуэ димыIэу дытелэжьыхьын хуейщ. Яхэтлъхьэн хуейщ ди адыгэ щэн дахэхэр, ядгъэщIэн хуейщ ди тхакIуэ-усакIуэхэм я тхыгъэхэр, хъыбархэр, псысэхэр, ядгъэгъэувын хуейщ адыгэбзэмкIэ таурыхъхэр, къайдгъэуб лэжын хуейщ джэгукIэхэр. ЩIэблэр пэIэщIэ щIын хуейщ телефонхэм. АдыгэбзэмкIэ тхылъ хэр абыхэм я пащхьэ къихьэжмэ, еджэн щIадзэмэ, итIанэщ щIэблэ узыншэ, гъэса, тынш щыдиIэнури, ди бзэр щымыкIуэдыжынури!

ЛИЙ Майе, ищхьэ нагъыщэ зиIэ, УФ-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *