Куэд щIакъым ди газетым тхыгъэ зэрытетрэ, щIэныгъэ IэнатIэм ехъулIэныгъэшхуэхэр щызыIэрызыгъыхьа, Москва Къэрал Университетым (МГУ-м) и егъэджакIуэ, экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, Жьакуэ къуажэм щыщ ХЬЭЩКЪУЕЙ СулътIан Iуащхьэмахуэ зэрыдэкIам теухуауэ. Ар телъыджэ дыдэщ абы и ныбжьыр илъэс 65-рэ зэрыхъуар Iуэхум къыхэплъытэмэ. Мы къэхъукъащIэр дгъэщIэгъуэн щыдгъэтатэкъым иджыри нэгъуэщI зы хъыбар къыщытIэщIыхьам: Хьэщкъуейр иуващ Африкэм и бгы нэхъ лъагэ дыдэ Килиманджаро!
Ар Африкэм и стратовулкан нэхъ лъагэ дыдэщ, Iуащхьэмахуэ нэхърэ метр 253-кIэ нэхъ лъагэжщ. ЗдэщыIэр Танзание къэралым и ищхъэрэкъуэкIыпIэ лъэныкъуэращ. ГъэщIэгъуэныр аракъэ, Килиманджаро ЩIыгум и кумылэм нэхъ пэжыжьэщ Эверест нэхърэ. АбыкIи ар дунейм и бгы нэхъ лъагэ дыдэу къэплъытэ хъунущ. Си къуажэгъум телефонкIэ, упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэзгъэзащ:
«ФIэхъус апщий, СулътIан. Iуащхьэмахуэ укъеувэхыжа къудейти! Килиманджаро укIэрыхьэну дауэ таучэл пщIа? Ар къэралыбэ программэ гуэрым и къэухьым ит хьэмэрэ уи Iэпкълъэпкъыр бгы дэкIыным хуэбгъэхьэзыра щIыкIэ уебгъэрыкIуа? Уи лэжьыгъэ нэхъыщхьэм дауэ зыкъыдэбгъэхуа? Гугъуехь лей ухэтакъэ? Бгы лъагагъэм хэбгъахъуэурэ уокIуэ. Эверест удэкIын уи мурадкъэ?»
СулътIан дызэрыщигъэгъуэзамкIэ, Килиманджаро кIэрыхьэным тригъэгушхуащ Iуащхьэмахуэ дэкIыным зыщыхуигъэхьэзырым игъуэта Iэпкълъэпкъ зыузэщIыныгъэм. Езыр Килиманджаро уебгъэрыкIуэнымкIэ Iуащхьэмахуэ нэхърэ нэхъ гугъуу къыщIэкIащ. Мыбы и дэгъэзеигъуэхэр нэхъ кIыхьт. Ауэ, хузэфIэкIащ икIи сыт и лъэныкъуэкIи арэзы хъуащ. И лэжьапIэ нэхъыщхьэ и IуэхукIи зыри пэрыуэгъу къыхуэхъуакъым, и щIымахуэ отпускым тригъэхуащ. Эверест дэкIын и мурадщ. Ауэ мыбдежым зэрыщытыр аращ. Эверест бгы нэхъ лъагэ, нэхъ гугъу дыдэщ. Абы кIэрыхьэхэр къызэрыхахым цIыхум и ныбжькIэ пыбзыкIыныгъэ иIэщ. Апхуэдэу щыщыткIэ, СулътIан бгыщхьэ дыдэм нэс ямыгъэкIуэнкIэ мэхъу. Ауэ езым зэрыщIигъэбыдамкIэ, Эверест и гугъапIэщ, и хъуэпсапIэщ. ИкIи зрипщытынущ. И щыгу дыдэм нэмысми, здыхузэфIэкIым нэгъунэ, хуит здащIым нэс дэкIынущ.
Дэри СулътIан жыдоIэ: «Тхьэм уи гугъэхэр къыбдигъэхъу, уи Iуэхухэр узэрыхуей дыдэм хуэдэу пхузэфIигъэкI! Дыбгъэгушхуащ, Африкэм и бгы нэхъ лъагэм и щыгум нэпхьэсащ уи адыгэ лъэпкъым, укъыздалъхуа Жьакуэ къуажэм я цIэхэр. Ар куэд и уасэщ».
Больше на Черкес хэку
Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.