Хуэныкъуэм уи дамэр щIэгъакъуэ

СВО-м хэт зауэлIхэм, абыхэм я унагъуэхэм защIэгъэкъуэным ехьэлIауэ, КъэрэшейЧеркесым и Iэтащхьэ Темрезов Рэшид и унафэм щIэту, зэрыреспубликэу екIуэкIа псапащIэ акцэм жыджэру хэтащ Хьэбэз районри. «Копилка Победы» псапащIэ концертышхуэ къыщызэрагъэпэщащ Хьэбэз дэт щэнхабзэмкIэ Уардэ Унэм. «Копилка Победы»- р районым щыпсэухэм я зэкъуэтыныгъэм и нагъыщэ нэху хъуащ. Концертым къекIуэлIащ властым и лIыкIуэхэр, ведомствэхэм, IуэхущIапIэхэм, организацэхэм я унафэщIхэр, районым щыпсэухэр. Залым увыпIэ щхьэхуэ щаубыдащ СВО- м хэт лIы хахуэхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ. Къызэхуэсахэм псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ Хьэбэз муниципальнэ районым и Советым и унафэщI Тэмазэ Рэмэзан. Абы къыхигъэщащ Хэкум и хъумакIуэхэм щIыхьрэ хахуагъэрэ яхэлъу ди къэкIуэнум къимыкIуэту зэрыпэрытыр. — Ди Президентым сыт щыгъуи къыхегъэщ лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэр ди къэралым и къару нэхъыщхьэу зэрыщытыр. Сыт хуэдэ Iуэху хьэлъэ районыр дыпэщIэмыувами, мис мыпхуэдэу дызэрыубыду, ди зауэлIхэм щIэгъэкъуэн дазэрыхуэхъуным хэти дыхущIэкъун хуейщ. Нобэрей псапащIэ концертри аращ зыхуэунэтIар — зэуапIэм Iут ди щIалэхэм ТекIуэныгъэр я Iэрылъхьэу нэхъ щIэх къытхуэкIуэжынращ, — жиIащ властым и къулыкъущIэм. КъекIуэлIахэмрэ псапащIэ концертыр зи жэрдэмхэмрэ фIыщIэ псалъэкIэ захуигъэзащ спецоперацэм и зауэлI, «Суворова», «За отвагу», «Участник специальной военной операции» медалхэр къызыхуагъэфэща, Куэш-Хьэблэ щыщ ЩакIуэ Беслъэн. Хьэбэз районым и щэнхабзэ къудамэм и лэжьакIуэхэм, артист зэчиифIэхэм, уэрэджыIэхэм утыкум зыкъыщагъэлъэгъуащ: Пхъэш Азэмэт, Тхьэкъуахъуэ Расул, Токъубай Къэхъун, Хъупсырокъуэ Мурат, Лахъу Данэ, Туаршы Амир, Адэмокъуэ Ахьмэд сымэ; «Черкесия», «Iэдииху», «Юность Кавказа» ансамблхэм я къафэхэмкIэ пшыхьыр нэхъри ягъэдэхащ. Концертым къыхэкIа ахъшэмрэ районым къыбгъэдэкIа гуманитар дэIэпыкъуныгъэмрэ ди зауэлIхэм икIэщIыпIэкIэ Iэрагъэхьэжынущ. Ди фIэщ мэхъу, ди къарур зэхэтлъхьэмэ, куэд щIауэ дызыпэплъэ ТекIуэныгъэр гъунэгъу зэрытщIынур! АСЛЪЭНЫКЪУЭ Мадинэ


Больше на Черкес хэку

Подпишитесь, чтобы получать последние записи по электронной почте.

Добавить комментарий

Ваш адрес email не будет опубликован. Обязательные поля помечены *